ЗауэлI хахуэхэм я фэеплъуСурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, и пэшым сыщыщIыхьам зыхэсщIар пхужымыIэным хуэдэт. Абы къыщIэIукI лIыхъужьыгъэ макъамэмрэ блынхэм фIэплъагъуэ сурэтхэм къапкърыкI къарумрэ къыбжаIэрт псэкIэ къулей, лIыгъэ зыхэлъ, къэмылэнджэж цIыхухэр диIэху дыкъызыкъуэгушхукIынрэ дыщIэпагэнрэ дызэрыщымыщIэнур… Музейм къыщызэIуахащ Афганистан зауэм (1979 - 1989 гъгъ.) совет сэлэтхэр къызэрырашыжрэ илъэс 30 щрикъум ирихьэлIэу къызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэ. Пэшищми щыболъагъу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу Афганистан республикэм щыIахэм я сурэтхэр, зэуапIэм щытрахахэр, «Псэухэм щхьэкIэ зи гъащIэр зытахэм я фэеплъу» псалъэхэр зытет пхъэбгъум теплъагъуэ щIалэхэр. Щхьэхуэу дапхъэхэм телъщ лIыхъужьхэм я щыгъынхэр, хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр, нэгъуэщIхэри. ТелевизорышхуэмкIэ къагъэлъагъуэ зауэр здекIуэкIым траха кадрхэр, тхыдэ напэкIуэцIхэм щыщ хъуа афган зауэм теухуа Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр, абы и фэеплъу яуса, урысей эстрадэм и артистхэм жаIэ уэрэдхэр. Ахэр псори зы мэхъужри, уи нэпс кърагъакIуэ, щIалэу, я насып къэкIуэгъуэу зауаем зи псэр, зи узыншагъэр хэзылъхьахэм уигу ящIэмыузуи къанэркъым.
Поделиться:
Читать также:
20.04.2024 - 10:52 →
Ветеранхэм гулъытэ хуащI
17.04.2024 - 12:53 →
Урысеймрэ ислъам дунеймрэ
17.04.2024 - 12:45 →
Жыджэру зызыужь IэнатIэ
17.04.2024 - 12:41 →
Спортсменхэр ягъэлъапIэ
15.04.2024 - 12:26 →
«Байконур» космодромыр
|