Жьыщхьэ махуэ

Хэку зауэшхуэм щыгъуэ зи гуащIэ емыблэжа, лэжьыгъэм и ветеран къармэхьэблэдэс  Щоджэн Къудас Исмел и пхъур хэхыныгъэхэм хэтащ, и унэм къыщыхузэрагъэпэщри. «Сэ щIэблэм я къэкIуэнурщ Iэ щIэсIэтыр», -жиIащ нэхъыжьым. А махуэм илъэс 98-рэ ирикъуащ Къудас и ныбжьыр.
Щоджэн Къудас I930 гъэхэм ныбжьыщIэу  лэжьэн щыщIидзат ЕкIэпцIэкъуэ тхъу заводым. А IэнатIэм Къудас куэдрэ пэрытащ и щхьэгъусэ Амдулчэрим щIыгъуу. Амдулчэрим адыгэ кхъуей гъэгъукIэм и пIалъэмрэ и щэхухэмрэ япэу къэзыхутахэм ящыщщ, Лэжьыгъэм и Бэракъ Плъыжь орденыр къратауэ щытащ.
Нобэ Къудас къепщIэкIащ и бынхэмрэ абыхэм къатепщIыкIыжахэмрэ. Къуажэдэсхэр къызэреджэр «Къудас дахэщ».

Гъуэт Синэ.
Поделиться: