Адыгэхэм я махуэр - къуажэм

Къармэхьэблэ къуажэм Адыгэхэм и махуэр щагъэлъэпIащ. Ар щекIуэкIащ ЩэнхабзэмкIэ унэм. Лъэпкъым и дунеймрэ и шыфэлIыфэмрэ къэзыIуатэ уэрэдхэр, адыгэ къафэр, пшынэр, усыгъэр щызэщIэта пшыхьыр гуапэт. Абы зыщагъэпсэхуащ къуажэдэс нэхъыжьхэми ныбжьыщIэхэми. А махуэм хухэхауэ ЩэнабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэхэм я гукъэкIкIэ къуажэ сабийхэр хэту къызэрагъэпэщащ интернет флешмоб: адыгэ усыгъэкIэ зэпэджэжахэщ.
Къуажэ школ №2-м щекIуэкIащ махуэшхуэм теухуа дерс зэIухахэр. ЦIыкIухэр тхыдэм ирагъэплъэжащ, ныпым, адыгэшым, адыгэ Iэмэпсымэхэм яхутепсэлъыхьащ, хуаущиящ лъэпкъыр нэгъуэщIхэм къахэзыгъэщхьэхукI хьэл-щэн дахэхэм.

 

Гъуэт Синэ.
Поделиться: