Зыри ящыгъупщакъымВэсэмахуэ Налшык и Дэшхуей хадэм афган-интернационалистхэм я фэеплъым деж щекIуэкIащ советыдзэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 30 щрикъум теухуауэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэм ящыщ зы. Сэлэт къалэныр щIыхь пылъу зыгъэзэщIа, лIыгъэрэ хахуагъэрэ зыхэлъа ди щIалэхэм я фэеплъ пэкIум къыщыпсэлъащ УФ-м и ДОСААФ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI ЗакIуу Мухьэжид, Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ органхэмрэ я ветеранхэм (пенсионерхэм) я республикэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд, Афганистаным щызэуахэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Тхьэгъэлэдж Тимур, КъБР-м и «Урысей ДОСААФ» зэгухьэныгъэм и ветеранхэм я советым и унафэщI МацIыхъу Хъусен сымэ.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
23.04.2024 - 10:48 →
Iуащхьэмахуэ куэдым я плъапIэщ
20.04.2024 - 10:52 →
Ветеранхэм гулъытэ хуащI
|