«Псэу, гъагъэ, си адыгэ Хэку!»

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и лъахэхутэ музейм щекIуэкIащ Адыгэхэм я махуэм теухуа «Псэу, гъагъэ, си адыгэ Хэку!» пшыхьыр. Iуэхур зыгъэдэхар Дзэлыкъуэкъуажэ дэт прогимназие №I-м и гъэсэнхэрщ. Абыхэм ягъэлъэгъуащ адыгэ хабзэм теухуауэ щIэныгъэ зэраIэр, IуэрыIуатэм зэрыщыгъуазэр.
ЦIыкIухэм лъэпкъым теухуа усэхэмрэ уэрэдхэмрэ жаIащ, къуажэхьхэмрэ псынщIэрыпсалъэхэмрэ зэпадзыжащ. Махуэшхуэм и мыхьэнэм ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ прогимназием адыгэ хабзэм щыхуезыгъаджэ Мэшыкъуэ Эммэ. Пшыхьым хэтахэм ирагъэлъэгъуащ музейм щIэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр – абыхэм Хэкум, лъэпкъым, бзэм теухуауэ куэд къаIуатэ.
Музейм и унафэщI Мэкъуауэ Хьэлимэт жиIащ ныбжьыщIэхэр музейм нэхъыбэрэ къекIуалIэмэ зэригуапэр.
 

Гъуэт Синэ.
Поделиться: