ГъэпцIакIуэхэм защыфхъумэ

Урысейм и МВД-м и Управленэу Налшык къалэм щыIэм и СУ-м и следователхэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ, Екатеринбург къалэм щыпсэум УФ-м и Уголовнэ кодексым и 159-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэм (гъэпцIэныгъэ) хуэдэу 5 илэжьауэ шэч хуащIу.

Следствэм къызэритымкIэ, 2020 гъэм и накъыгъэм цIыхухъум «джерси» лъэпкъым щыщ жэм сом 38000-кIэ ищэу хъыбар социальнэ сетым ирилъхьащ.

А Iэщым къыщIэупщIэхэм цIыхухъур щепсалъэкIэ, уасэм щыщ Iыхьэр и банк счетым къралъхьэну, щыпсэу щIыпIэм жэмыр нэса нэужь къэна ахъшэр кърагъэхьыну яжриIэрт.

ГъэпцIакIуэм и лей ятехьащ республикэм щыпсэу цIыхуитхум - псори зэхэту абы сом мин 75-рэ якъыIэрыхьащ.

Ахъшэр Iэрыхьа нэужь цIыхухъум телефоныр игъэункIыфIырти, мыдрейхэм зыпащIэну Iэмал яритыртэкъым. Iэрыхьа ахъшэр и щхьэ IуэхукIэ къигъэсэбэпауэ къыщIэкIащ.

Зэрагъэкъуаншэ уголовнэ Iуэхур судым ягъэхьащ.

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
Поделиться: