ГъущIхэкIри къыIэрыхьакъым, и ахъшэри хикъуащ

Прохладнэ къалэм щыпсэу, илъэс 21-рэ хъу щIалэм гъущIхэкI къызэрищэхумкIэ хъыбарыр Интернетым ирилъхьащ.

ФокIадэм и 16-м абы деж псэлъам ведомствэхэм я зым и лэжьакIуэу зыкъригъэцIыхури, къелъэIуащ и унэм кIуэуэ зэхуихьэса гъущIхэкIыр къищтэну. Прохладнэдэсыр абы и деж щыкIуэм, ар аргуэру къэпсалъэри, зыпэмыплъа гугъуехь къызэрылъыкъуэкIам къыхэкIыу, абонент номеритIым сом 5 400-рэ ирилъхьэну, апхуэдэуи зы кIэнфет пхъуантэ къыхуищэхуну къыжриIащ. Ахэр игъэзащIэу щIалэр къыхуагъэлъэгъуа хэщIапIэм щынэсам, ар къызэрагъэпцIар къыгурыIуащ.

А махуэ дыдэм щIалэм Урысей МВД-м и «Прохладнэ» къудамэм зыхуигъэзащ икIи уголовнэ Iуэху къаIэтащ.

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу