Ахъшэм и ныкъуэр иритыжащИлъэс 81-рэ хъу тэрчдэс цIыхубзым 2021 гъэм фокIадэм и 16-м къалэм и уэрамхэм я зым щыIэу и тхылъхэмрэ ахъшэу сом 65000-рэ зыдэлъ пакетыр щигъэкIуэдащ. ЦIыхубзым Урысейм и Тэрч ОМВД-м зыхуигъэзащ. А махуэ дыдэм щIыпIэм щыпсэу цIыхухъур уэрамым ирикIуэу а хъуржыныр къигъуэтри, абы дэлъ тхылъхэр гъунэгъуу щыIэ къэрал IуэхущIапIэм и офисым иритащ, ахъшэр езым къызыхуигъэнащ. Урысей МВД-м Тэрч районым щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм къэлъыхъуэныгъэхэр щрагъэкIуэкIым апхуэдэу зыщIар къагъуэтащ. ЦIыхухъум ахъшэм щыщ Iыхьэр къаритыжащ, адрейр къигъэсэбэпыну хунэсат. Абы теухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ.
Поделиться:
Читать также:
28.03.2024 - 14:02 →
Хьэршыр и плъапIэт
28.03.2024 - 13:01 →
Гум имыхуж гъатхае
28.03.2024 - 11:00 →
ЩхьэкIуэ зышэч щхьэ шхыгъуэ йохуэ
28.03.2024 - 10:59 →
Я къаруи зэфIэкIи ирахьэлIэ
27.03.2024 - 18:39 →
ЩIэныгъэлIхэр бэлэрыгъыркъым
|