Балакирев Милий и «Ислъэмейр»

Балакирев Милий (1837 - 1910) композиторыр «Гуп лъэщ» («Могучая кучка») жыхуаIэ композитор зыбжанэм ящыщт, уеблэмэ я къызэгъэпэщакIуэу къэплъытэ хъуну. Адыгэ пшыналъэхэм зыкIи емыщхь абы и композитор лэжьыгъэхэр ди дежкIэ гъэщIэгъуэн зыщIыр абы «Ислъамей» зыфIища и макъамэращ. 

 ЗэрыжаIэжымкIэ, Балакиревыр Кавказым щэнейрэ къэкIуащ, ар зрихьэлIари адыгэм нэхъ гуащIэу зыхищIа 1862, 1863, 1868 гъэхэращ. «Ислъэмейр» композиторым Мэзкуу игъэзэжа нэужь, I869 гъэм, зэхилъхьащ. Музыкэ щIэныгъэбзэкIэ абы зэреджэр мыпхуэдэущ: «фортепьянэм папщIэ къухьэпIэ фантазие». А фIэщыгъэм щIэту «МузыкэмкIэ щIэнгъуазэм» «Ислъэмейм» теухуауэ етх:
«Фортепианэм папщIэ Балакиревым зэхилъхьа макъамэхэм я лъагапIэу къэплъытэ хъуну лэжьыгъэщ «Ислъэмейр». Мыр езы Балакиревыр къозыгъэцIыхухэм ящыщщ. Япэрауэ, къуэкIыпIэ щэнхабзэм зэрыдихьэх хьэлымкIэ; етIуанэрауэ, и макъамэтх Iэмалхэм зэрызихъуэжар къэзыгъэлъагъуэ щапхъэу. Пьесэр, къуэкIыпIэ темэ дыдэу къэплъытэ хъунущ, IыхьитIу зэхэтщ: япэр – къэбэрдей къафэ «Ислъэмейр» аращ (абы пьесэм и цIэр фIащыжащ); етIуанэр – кърым-тэтэр бзылъхугъэ уэрэдщ. ТемитIри гукъыдэж къагъэлъагъуэмкIэ зэтехуэркъым. Япэрейр кавказ макъамэ IэмэпсымэкIэ ягъэзащIэ, жьы зыщIэт макъамэ псынщIэщ, «фа» нотэм нэхъ тещIыхьауэ. Ар бгырыс хахуагъ уигу къэзыгъэкI макъамэ «гуащIэу» плъытэнумэ, етIуанэр – щабэу, лантIэу, бзылъхугъэ хьэлым нэхъ иупхыу щыт пшыналъэщ. Шопен, Лист сымэ ятха макъамэ балладэхэми ещхьщ. 
«Ислъэмейр» фортепианэм хуэIэзэ узыщI макъамэ гъэщIэгъуэнщ: аккордхэр, октавэхэр, нотэ тIуащIэхэр, пассажхэр хэту. Мэжэр композитор Лист Ференц и еджакIуэхэм а макъамэр яригъэгъэзэщIэну ифIэфI дыдэт, езым зэхилъхьэхэм зэрещхьым къыхэкIыу. Псоми ящIэ Лист урыс композиторхэр фIыуэ илъагъуу зэрыщытар». 
ЗэрыжытIауэ, Балакиревыр Кавказым 1862, 1863, 1868 гъэхэм щыIащ. 1862 гъэм и гъэмахуэм абы Стасов Владимир хуигъэхьа тхыгъэм Псыхуабэ къызэрыщыхъуам щытепсэлъыхьырт: «Лермонтовым и хьэуакIэ собауэ… Итхахэр аргуэру зэ щIэзджыкIыжауэ, мыр жызоIэ: урысыбзэкIэ ятха псоми Лермонтовым ейхэм хуэдэу си гум лъэIэсыф яхэткъым. Дэ икIи куэдкIэ дызэтохуэ. Сэри, Лермонтовым ещхьу, щIыуэпсыр сфIэфIщ, абы хуэдэ дыдэу ар куууэ зыхызощIэ, шэрджэсхэри, я фащэм деж щыщIэдзауэ (адыгэ фащэм нэхърэ нэхъыфI щыIэу сщIэркъым) сигу ирохь. Си гум пшынэ Iэпэ куэд иIэщ, Лермонтовыр еIусэху, зыкъызагъащIэу». 
1863 гъэм Балакиревыр Железноводск, Нартсанэ, Псыхуабэ пианисту щыIащ, Лермонтовыр здэщыIа щIыпIэхэм зыщиплъыхьащ, бгырыс макъамэхэм едэIуащ, бгырысхэм къагъэщхьэпэ макъамэ Iэмэпсымэхэр зригъэцIыхуащ. Иужь дыдэу ар Кавказым щыщыIар 1868 гъэращ. Кавказым и дунейм цIыхум зыхригъащIэ хуитыныгъэ хъуапсэр абы къыщигъэлъэгъуащ «Мцыри» поэмэм хузэхилъхьа макъамэм. 
Лермонтовым и псалъэхэр къигъэсэбэпурэ, Балакиревым и «КъухьэпIэ Iэрамэм» папщIэ уэрэдищ зэхилъхьауэ щытащ. Абыхэм ящыщщ «Измаил-бей»м хэт «Адыгэ уэрэдыр», «Мцыри»м щыщ бдзэжьейм теухуа уэрэдыр, нэгъуэщIхэри. А псоми ящIэтыр макъамэ щабэщ. 
Макъамэтххэм зэрыжаIэмкIэ, шэч закъуи хэлъкъым Балакиревыр «Ислъэмейм» елэжьыныр абы Рубинштейн Николай ныбжьэгъу къызэрыхуэхъуам зэрепхам. Лист Ференц ещхьу, лъэпкъ макъамэхэр фортепианэм папщIэ щызэхилъхьэкIэ, Балакиревым абы лъэпкъ хьэлыр химыгъэкIыу, уеблэмэ нэхъ къыхэщу къызэригъэнэным хущIэкъурт. Апхуэдэщ абы и къэбэрдей къафэр. Егъэлеяуэ щIэщыгъуэ «Ислъэмейм» и макъамэм абы хуэфэщэн пщIэ щригъэгъуэтащ музыкэм елэжь IэщIагъэлIхэм я деж. 
 

 

Чэрим Марианнэ
Поделиться: