Тынш ящI

«Гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэн» федеральнэ проектым ипкъ иткIэ, иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъуэгухэм светофор 50-м нэблагъэ щагъэуващ. 
«Т.7» светофор лIэужьыгъуэщIэр ункIыфI-щIэнэжу и плъыфэм зэрызихъуэжым и фIыгъэкIэ, машинэкIэ къэзыжыхьхэм ярегъэлъагъу лъэс лъагъуэм гъунэгъу зэрыхуэхъур, хуэм зыпщIын хуейми, ублэж хъунуми ухуегъэхьэзыр.
Светофорыр жэщми махуэми фIы дыдэу зэрыплъагъум и фIыгъэкIэ, гъуэгур абы нэхъ шынагъуэншэ зэрищIми шэч хэлъкъым.
КъБР-м и курыт еджапIэхэмрэ садхэмрэ лъэсырызекIуэхэм папщIэ екIуалIэ зэпрыкIыпIэхэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ иджырей мардэм изагъэу къызэрагъэпэщащ. Къыхэдгъэщынщи, нэгъабэ лъэсырызекIуэ лъагъуэу 139-рэ ящIащ, светофорхэр ягъэуващ. 
Апхуэдэуи, мы илъэсыр и кIэм нэблэгъэху гъуэгу зэпрыкIыпIэу 190-м хуэдиз зэрагъэпэщыжынущ.
 

 

 

 

 

НафIэдз Мухьэмэд.
Поделиться: