Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Дагъыстэнымрэ я экономикэм ехьэлIа Iуэхухэр

УФ-м и Правительствэм и ЗэзыгъэуIу центрым къэралым и вице-премьер Новак Александр щригъэкIуэкIа зэIущIэм республикэхэм я Iэтащхьэхэу КIуэкIуэ Казбекрэ Меликов Сергейрэ къыщыхалъхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Дагъыстэнымрэ экономикэ и лъэныкъуэкIэ зегъэужьыным ехьэлIа проект нэхъыщхьэхэр.

ЗэIущIэм хэтащ Урысейм экономикэ зыу­жьыныгъэмкIэ и министр Решетников Максим, УФ-м и Президентым и Администрацэм, УФ-м и Правительствэм и Аппаратым я уна­фэщIхэм ящыщу зытепсэлъыхь Iуэхухэр зэхьэлIахэр, УФ-м промышленностымрэ са­тумкIэ, мэкъумэш IэнатIэмкIэ, лэжьыгъэмкIэ, энергетикэмкIэ, транспортымкIэ, туризмэмкIэ, къэрал мылъкур зегъэкIуэнымкIэ и министр-хэм я къуэдзэхэр, апхуэдэуи стратегие мыхьэнэ зиIэ къалэнхэр убзыхунымкIэ центрым и лIы­кIуэхэр.
Решетников Максим зэрыжиIамкIэ, дэтхэнэ щIыналъэми экономикэ и лъэныкъуэкIэ зэрызиужьыну щIыкIэр зи лъабжьэ щапхъэр - ар щы­тыкIэр къызэрапщытэ IэмэпсымэфIщ, абы ­экономикэм зегъэужьынымкIэ здынэсын хуей гъунапкъэхэр убзыхунымкIэ, программэхэр зэхэлъхьэнымрэ абыхэм ятеухуа унафэхэр ­къэщтэнымкIи Iэмал къет.
«Дэ зэхыдолъхьэ КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэхэм зэдэууэ зэрызедгъэужьыну щIыкIэхэр, псом япэрауи, тегъэщIапIэ тщIыр цIыхухэм IэнатIэ яIэнырщ. Зэрызаужьыну щIыкIэм дыщыхэплъэкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ щIыналъэм иIэ хэкIыпIэхэр, экономикэм и IэнатIэхэм я щы­тыкIэр зыхуэдэр къэлъытэным. Апхуэдэ зэпэлъытыныгъэхэм Iэмал къатынущ 2030 гъэ пщIондэ лэжьапIэ IэнатIэу зыхуеинур убзыхунымкIэ, лэжьапIэ IэнатIэщIэхэр къы­зэIу­хынымкIэ, апхуэдэуи инвестицэхэр зыхуэдизынур къэлъытэнымкIэ», - къыхигъэщащ ми­нистрым.
Меликов Сергейрэ КIуэкIуэ Казбекрэ къагъэлъэгъуащ республикэхэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ зэрызаужьыну щIыкIэхэр щызэпалъытым наIуэ къэхъуахэр - ар абыхэм я экономикэхэр бюджет IэнатIэм, къимыдэкIэ, щIыналъэ бюджетхэри къэрал бюджетым куэдкIэ зэрелъытахэрщ. Апхуэдэуи лэжьапIэншагъэр щIыпIэхэм зэрыщылъагэр къыхагъэщащ икIи бюджет IэнатIэм хэмыхьэ IуэхущIапIэхэм IэнатIэ щыпэрытхэр куэд дыдэ зэрыхъури жаIащ.
«Гулъытэ хэха хуэщIын хуейщ цIыхухэр лэжьапIэкIэ къызэгъэпэщыныр зэкIэлъызыгъэкIуэ­ну е IэнатIэ зэрыIутыр хэIущIыIу зымыщIхэр ­къэгъэнэIуэным хуэщхьэпэну проектхэр зэхэлъхьэным, сыту жыпIэмэ, лэжьапIэхэр къы­зэIухыным текIуэдэнур абыхэм ягъэмэщIэнущ. Ар Iуэхутхьэбзэ щIэным, туризмэм, мэкъумэш хозяйствэм, хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ ку­рытымрэ хэтхэм нэхъ ехьэлIащ. Иджыпсту нэхъ зытегъэщIэн хуейр, мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэр федеральнэ программэхэм хэтынырщ. Мыбдежым къэпщытэн хуейщ КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэхэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ зегъэу­жьыным къэралым хуищI гулъытэм сэбэпынагъыу къихьыр зыхуэдизыр. Абыхэм ящыщщ инфраструктурэ щIыхуэхэр зэрыратыр, худачыхыу щIыхуэ зэрыхухах 1764 программэр, нэгъуэщI­хэри», - къыхигъэщхьэхукIащ министрым.
Гулъытэ хэха хуащI псэупIэ-коммунальнэ, мэкъумэш, туризм IэнатIэхэм, жызум гъэкIынымрэ шагъыр щIынымрэ, жыг хадэхэр хэсэным, ­хуабэщхэр гъэлэжьэным. Экономикэ зыу­жьыныгъэмкIэ министерствэмрэ а Iуэхур зэхьэлIа IуэхущIапIэхэмрэ жыджэру яужь итщ «Iуащхьэмахуэ» турист-рекреацэ комплек­сым­рэ Дербентрэ зегъэужьыным.
А Iуэхухэр зэфIагъэкIын папщIэ республикэхэм къагъэнэIуащ нэхъапэ игъэщыпхъэ проектхэу 2030 гъэ пщIондэ ягъэзэщIэну я мурадхэр. А лэжьыгъэхэр зэфIэгъэкIа хъун папщIэ ­Дагъыстэным инвестицэу сом мелард 436-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым - сом мелард 454,3-рэ къыхалъхьэнущ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым ехьэлIа проектхэм я Iыхьэ плIанэр туризмэм пыщIащ. Абыхэм ящыщщ «Iуащхьэмахуэ» комплексым зегъэу­жьыныр. Инвестицэхэр зыхалъхьэну, мыхьэнэшхуэ зиIэ адрей унэтIыныгъэхэм яхохьэ мэ­къумэш IэнатIэр, псэупIэ ухуэнымрэ энергетикэмрэ.
ЗэIущIэм щызэпкърахахэм япкъ иткIэ Новак Александр абы хэтахэм пщэрылъ ящищIащ ­республикэхэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ зегъэужьыным хуэгъэза, япэ игъэщыпхъэ проектхэм и кIэм нэсу елэжьыжыну.
«АдэкIи къэлъыхъуэн хуейщ щIыналъэхэм ­зегъэужьыным хуэщхьэпэну Iэмалхэр, проектыщIэхэр зэхэлъхьэпхъэщ. Фигу къэзгъэ­кIыжынщи, абыхэм мыхьэнэшхуэ щIаIэр ­КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэхэм щыпсэухэм я псэукIэр егъэфIэкIуа хъуныр, а щIыпIэхэм я ­экономикэмрэ бизнесымрэ зегъэужьыныр  зэрелъытарщ. Правительствэр дяпэкIи ядэIэ­пыкъунущ зэрызаужьынум теухуа щIы­кIэхэр жыджэру зэхэзылъхьэ, социально-экономикэ я лъэныкъуэкIэ я Iуэхухэр ирагъэфIэкIуэну хуейуэ къалэнышхуэхэр зыхуэзыгъэувыжыф дэтхэнэ щIыналъэми», - къыхигъэщащ Новак Александр.

Поделиться: