Зэрызрагъэужьынум топсэлъыхь

«Iэщ лъэпкъыфIхэм ятеухуауэ» КъБР-м и Законыр зэрагъэзащIэм иджыблагъэ щытеп­сэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым. ЗэIущIэр къызэригъэпэщат Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъу­мэнымкIэ комитетым.

Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщIым и къуэ­дзэ Жанатаев Салим, комитетым щыщхэр, КъБР-м Мэ­къумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм, республикэм щIыпIэ уна­фэр ­зехьэнымкIэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КъБР-м и Парламентым Мэкъу­мэш IуэхухэмкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъу­мэнымкIэ и коми­тетым и унафэщI ТекIушэ Артур жиIащ Iэщ лъэпкъыфIхэр гъэхъуныр мэкъумэш IэнатIэм и Iыхьэ ­нэхъыщхьэхэм зэращыщыр.
- Iэщ гъэхъуным ехьэлIауэ къалэн нэхъыщхьэу зыхуэд­гъэувыжхэм ящыщщ лъэпкъыфIхэр ­хъумэнымрэ егъэ­фIэ­кIуэнымрэ, а Iуэхум епха IэнатIэхэм къалэжьым хагъэхъуэ­нымкIэ сэбэп яхуэхъуныр, Iэщхэм ирагъэшхыр нэхъыфI щIы­ныр, нэгъуэщIхэри, - къыхигъэщащ къэпсэ­лъам. 
Iэщ лъэпкъыфIхэм ехьэлIауэ лэжьыгъэр зэ­ры­рагъэ­кIуэ­кIым зэIущIэм щытепсэлъыхьащ ­КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ Уэдыхь Тимур. 
«Iэщ лъэпкъыфIхэм ятеухуауэ» КъБР-м и Законым ипкъ   иткIэ республикэм Iуэхугъуэ пыу­хы­кIахэр щызэфIагъэкI, псом хуэмыдэу ахэр хуэгъэзащ шэрэ лыуэ къалэжьым, жэм бжыгъэм  хэгъэхъуэным.
Уэдыхь Тимур зэрыжиIамкIэ, республикэм Iэщ лъэп­къыфIхэм щелэжьу IуэхущIапIэ 23-рэ щы­Iэщ. 2021 гъэм и кIэм ирихьэлIэу, жэмхэм я бжыгъэр мин 20,5-м нагъэсыну я мурадщ. А унэтIыныгъэм ди щIыналъэм зыщиужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ Iэщ лъэпкъыфIхэр гъэ­хъуным къэрал дэIэпыкъуныгъэ зэрыхухахыр. Апхуэдэу, 2021 гъэм а Iуэхум хуаутIыпщащ сом мелуани 152,24-рэ: федеральнэ бюджетым ­щыщу сом мелуани 141,58-рэ, республикэм и мылъкуу - сом мелуани 10,66-рэ.
Уэдыхьым къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ Iэщ лъэп­къыфIхэм зегъэужьыным щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ бгъэ­дыхьэн зэрыхуейр Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм щыщу КъБР-м и Iэтащхьэм республикэм и хабзэгъэув IуэхущIапIэм Зэрызы­хуигъэзам къыщыхигъэщауэ зэрыщытар. Абы дыщIигъуащ министерствэр муниципальнэ щIы­налъэхэмрэ мэкъумэш IэнатIэм и лэ­жьа­кIуэхэмрэ и гъусэу а къалэнхэр зэригъэ­зэ­щIэ­ным иужь зэритынур.
ИрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм зэIущIэм щы­теп­сэлъыхьащ Дзэлыкъуэ районым и щIыпIэ администрацэм мэкъумэш IэнатIэмкIэ и къудамэм и унафэщI  Бэрзэдж Рэмэзанрэ Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ БэшкIур Азэмэтрэ.
КъБР-м и Парламентым и депутат, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и ректор Апажэ Аслъэн къыхилъхьащ еджа­пIэ нэхъыщхьэм епхауэ жылапхъэфIхэмрэ Iэщ лъэпкъыфIхэмкIэ щIыналъэ хъыбарегъащIэ центр къызэIухыным егупсысыпхъэу.
ЗэIущIэм зи гугъу щащIа Iуэхугъуэм ехьэлIауэ депутатхэм упщIэ зыбжанэ къэпсэлъахэм иратащ. Ахэр теухуат къалэжь лым зэрыхагъэхъуэну Iэмалхэм, республикэм шы гъэхъуным зыщегъэужьыным, нэгъуэщIхэми.

Поделиться: