Леопардым и лъэужь

Азие КъухьэпIэр зи псэупIэу игъащIэ лъандэрэ къекIуэкI леопардхэр кIуэдыжыпэнкIэ зэрыхъунум тешыныхь щIэныгъэлIхэм я зэфIэкI псори ирахьэлIэ а псэущхьэ телъыджэм и щхьэбжыгъэр гъэбэгъуэжыным.

Япэ дыдэу абы теухуа программэр ягъэзэщIэн щыщIадзар 2007 гъэрщ. Ар Урысейм и Президентми ядиIыгъат. 2012 гъэм Урысейм щIыуэпсымкIэ и министерствэм, щIыуэпсыр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм, зоопаркхэмрэ аквариумхэмкIэ европей ассоциацэм лъэныкъуищ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIауэ щытащ леопардхэм я щхьэбжыгъэр зэфIэгъэувэжыным зэгъусэу зэрелэжьынумкIэ. Ар щагъэбэгъуэжыну къыхахари Кавказ Ищхъэрэм и мэзхэрщ.
Къэралым и экосистемэр хъумэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а проектыр куэд дэмыкIыу хагъэхьащ «Дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсыр хъумэнымрэ экотуризмэм зегъэужьынымрэ» зыфIаща федерал программэм. Тхылъ плъыжьым ихуа псэущхьэр щагъэбэгъуэжыну 2007 гъэм Сочэ къыщызэIуаха центрым нобэ леопард 13 щаIыгъщ. Абыхэм я щхьэ япIыж зэрыхъуу, спутникым пыщIа пщэхъу иралъхьэнурэ Кавказ Ищхъэрэм и мэзхэм щаутIыпщынущ. ИпэкIэ хы яутIыпщауэ GPS-чипым къарит электрон уэзджынэмкIэ хуиту кIэлъоплъ.
Иужьрей илъэсиплIым къриубыдэу Осетие Ищхъэрэ - Аланием леопарду щы мэзым щыщIаутIыпщхьащ. Батрэзрэ Агундэрэ (леопардхэм фIаща цIэщ) я датчикхэр мазитI-мазищкIэ къэзуури адэкIэ зэпыуащ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, а тIур зэгъусэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм къихьауэ итщ. ЩIэныгъэлIхэр щыхуей дакъикъэм ахэр къагъуэтынущ мотор псынщIэ зиIэ кхъухьлъатэхэмкIэ, дронхэр къыщагъэсэбэпи къохъу.
- Кавказ Ищхъэрэм мыхэр щыбэгъуэныр щIыуэпсым и зэхэлъыкIэмрэ цIыхухэр абыхэм зэрахущытынумрэ елъытащ, - жаIащ щIэныгъэлIхэм. Леопардхэм я шхыныгъуэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, мэз псэущхьэ нэхъ пIащэхэрщ: мэз, къурш бжэнхэрщ. Абыхэм нэхъыбэу уащрихьэлIэр къуршылъэ щIыпIэхэрщ. Леопардым къуакIэбгыкIэ ифIэфIыщэу щыткъым, тхьэмпэ уэрым щIиуфэ жыгылъэ мэзхэр къэнауэ. Ди цIыхухэр зэмыса псэущхьэм дауэ ехъулIэну жыпIэнщи, и инагъкIэ леопардыр къаплъэным нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъ цIыкIущ, хьэ къызэрыгуэкIым къызэрыщхьэщыкI щымыIэу. Псом ящхьэращи, леопардыр цIыхум щытеуэ къэхъуауэ ящIэркъым. Центрым щапIу яутIыпщахэм къуажэхэм гъунэгъу зыщыхуащIи къэхъуащ, ауэ хьэхэми унагъуэ Iэщхэми зэран зэрахуэмыхъуар пщэхъум къигъэлъэгъуащ. Хэт ищIэрэ, ди щIыналъэм къихьа псэущхьэ уардэ дахащэхэр, жыжьэу нэхъ мыхъуми, зылъагъуни щыIэнщ. 
Мэз псэущхьэхэмкIэ дунейпсо фондым илъэсипщIым щIигъуауэ лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI, леопардхэм къищынэмыщIауэ, домбейхэр Кавказ щIыналъэм къишэжыным теухуауэ. Абыхэм я мурадщ Урыхурэ Ардонрэ я псыщхьитI зэхуакум домбейхэм я щхьэ бжыгъэр I00-м щынагъэсыну. ЩIэныгъэлIхэм къызэрыхагъэщамкIэ, абыхэм хуэдэу щIыуэпсымкIэ сэбэп псэущхьэ къэгъуэтыгъуейщ.
 

ЗэзыдзэкIар Лъостэн Музэ.
Поделиться: