Жыгхэм йогугъу

Бахъсэн щIыналъэм мыIэрысей хадэу гектар мини 3,5-м нэблагъэ иIэщ. Абы щыщу гектар мини 3-м нэсым иджыпсту я фIыгъуэу къыпокIэ. 

Бахъсэн щIыналъэм и мэкъумэш управленэм и агроном нэхъыщхьэ Ерыжокъуэ Ашэмэз дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, щIыфIым къыщыкI жыгхэм къапыкIэ пхъэщхьэмыщхьэр витаминхэмрэ минералхэмкIэ къулейщ. КъищынэмыщIауэ, бжьыхьэ жэщхэр зыхэпщIэу щIыIэтыIэ зэрыхъум къыхэкIыу мыIэрысэм теплъэ дахэ егъуэт и уаси нэхъ къокIуэ.
 Иджыпсту къыпачыж мыIэрысэхэр мардэ ткIийм тету зэхадз: хъущахэр куэдрэ щылъынукъым, и хъугъуэ нэмысу къыпачым IэфI щIэлъынукъым. Абы къыхэкIыу гъэ псом жыгым елэжьхэм я зэфIэкI псори ирахьэлIэ къыпачыжа пхъэщхьэмыщхьэр кIэрыхуншэу къызэрырахьэлIэжынымрэ фейдэ къахуищIу зэращэнымрэ. МыIэрысей жыгхэм иджыпсту йолэжь уней мэкъумэш IэнатIэу 100-м нэс.

 

Ныр Iэуес.
Поделиться: