Махуэшхуэм ирихьэлIэу

Iэпщэрызауэ

Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ IэпщэрызауэмкIэ XIII республикэпсо зэхьэзэхуэ зэIуха. Ар хухахащ советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 30 щрикъум.

Къэбэрдей-Балъкъэрым IэпщэрызауэмкIэ и федерацэм и спортсменхэм къищынэмыщIауэ, зэпеуэм хэтащ Краснодар краймрэ Осетие Ищхъэрэ - Аланиемрэ къикIахэри - псори зэгъусэу 200-м нэблагъэ. Ар къызэригъэпэщащ Афганистаным и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм.
Зэхьэзэхуэр къыщызэIуахым спортсменхэмрэ къызэхуэсахэмрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и Правительствэм и къуэдзэ, Олимп чемпион Къардэн Мурат, Налшык къалэм и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа, «СВАЛВВК» ОО-м и правленэм и унафэщI, КъБР-м и Парламентым и депутат Тхьэгъэлэдж Тимур сымэ.
КъищынэмыщIауэ, зэхыхьэм кърихьэлIащ зауэхэм, дзэ зэщIэхъееныгъэхэм, спортым я ветеранхэр, «ДыгъафIэ къалэ» сабий творчествэмкIэ академиемрэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт кадет школымрэ я гъэсэнхэр.
ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ кубокхэр, медалхэр, грамотэхэр иратащ. «СВАЛВВК» ОО-м къыбгъэдэкIыу зэхьэзэхуэм и хьэщIэхэм, къызэгъэпэщакIуэхэмрэ тренерхэмрэ Тхьэгъэлэдж Тимур щIыхь тхылъхэр яритащ.

ЖЫЛАСЭ Замир.
Поделиться: