Тут Заур: Щэнхабзэр Iэмал гъуэзэджэщ дунейм нэхъыфIу тетыр ирипхъумэну

    Ди псэлъэгъухэр

 Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Дагъыстэным я цIыхубэ артист Тут Заур и уэрэджыIэкIэр зэ зэхихауэ зигу дэмыхьарэ, езым хуэзауэ и Iэдэбагъым имытхьэкъуарэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Бгъэдэлъ зэчиймрэ езым и хьэл-щэнымрэ я фIыгъэкIэ ехъулIэныгъэшхуэхэр зыIэригъэхьэу Урысей псом цIэрыIуэ щыхъуа ди лъэпкъэгъу артистыр нобэ щапхъэ зытраххэм ящыщщ, зи творчествэм пщIэ хуащI уэрэджыIакIуэ нэсщ. Заур Бахъсэн къыщежьа и гъуэгум бгъуфIэшхуэу зызэIуихри,  дунейпсо утыку иришащ, Iулыдж ин зригъэпэщащ, ауэ щалъхуа жылэжьым къэкIуэж лъагъуэр зэи щыгъупщакъым. А гъуэгум къыщытеувэжа зы махуэщ дыщызэрихьэлIар, си упщIэхэм я жэуап къриткIэрэ гъэщIэгъуэну дыщызэбгъэдэсар.
    - Заур, Урысейм и канал нэхъыщхьэм адыгэбзэ зэрыщызэхэсхам, абы сызэрыригушхуам щхьэкIэ, пщIэ лей пхуэсщIу сыкъэхъуащ сэ. ИужькIэщ уи творчествэр нэхъ къыщысцIыхуар, уи уэрэдхэм едаIуэн щыщIэздзар. НэгъуэщIу жысIэнщи, Урысей шоу-бизнесым и курыхым хэт уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэр Бахъсэн щыщу къыщыщIэкIам згъэщIэгъуат. Сыту куэд щIа абы лъандэрэ…
    - Си сабиигъуэр сигу къэбгъэкIыжащ, Замирэ. Адыгэбзэм увыпIэшхуэ щиубыдащ абы. ЕплIанэ классыр къэдухыху дызэреджар адыгэбзэщ, етхуанэм дыщыкIуам зы урысыбзи тщIэтэкъым. Ауэ сабийм псынщIэу псори къипхъуатэкъэ, зы гугъуехьи къыхэмыкIыу урысыбзэри зэзгъэщIэжат. А лъэхъэнэм щыIа егъэджэныгъэ ухуэкIэм сыхуэарэзыщ, абы и фIыгъэкIэ си бзэм шэрыуэу сропсалъэ. Бзэр псэунрэ мыпсэунрэ зэманым къигъэлъэгъуэнщ, ар Iуэхугъуэ куэдым елъыта къиинщ. Ауэ гур игъэкIуэдыркъым адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыбзэу зэрыщагъэувам.
Къэрэшей-балъкъэрыбзэм и къэкIуэнур нэхъ наплъэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар тюркскэ бзэ гупым хохьэ икIи ар зи анэдэлъхубзэхэм гулъыти пщIэи хуащI. Ауэ  адыгэ-абхъазыбзэр нэгъуэщIым зыми ещхькъым, ирипсалъэу дунейм тетри мащIэщ. Абы къыхэкIкIэ, дэтхэнэ унагъуэми гулъытэ лей щигъуэтын хуейщ адыгэбзэм. Си бынхэр къыщалъхуар Налшыкщ, ауэ иджыри цIыкIуу Москва сшэн хуей хъуащ сыщылажьэр арати. Адыгэбзэри, урысыбзэри зэхуэдэу ящIэ абыхэм, инджылызыбзэми иропсалъэ. Абы дегугъуащ си щхьэгъусэ Маринэ сэрэ. Бзэр махэ зэрыхъум щхьэкIэ властыр зыгъэкъуаншэхэм сарителъхьэкъым сэ, адыгэ лъэпкъми, адыгэ цIыхубэми я къэкIуэнур зи IэмыщIэ илъыр езы цIыхухэращ.
    - СабиигъуэмкIэ къыщедгъэжьакIэ, зы упщIэ уэстынут. Иджыпсту уэрэд жызыIэ (хъуми-мыхъуми) щIалэгъуалэр куэд хъуа щхьэкIэ, нэхъапэм ар IэщIагъэу ябжу щытакъым, псом хуэмыдэу цIыхухъум дежкIэ, псом хуэмыдэу ди лъахэгъухэм…
    - Пэж дыдэщ. Абы щыгъуэм уэрэджыIакIуэ сыхъуну сыхуейщ жысIамэ, зыми сыкъыгурыIуэну хъунтэкъым.   Ауэ гъэмахуэ хуабэм, щхьэгъубжэхэр зэIухарэ бахъсэныжь и уэр макъымрэ бзухэм  къраш уэрэдымрэ сыщIэжеикIыжу щытащ сэ. ЩIыуэпсым къыхэIукI апхуэдэ макъамэ гурыхьым щхьэм кърилъхьэ гупсысэхэри дахэт, нэгум къыщIигъэувэ сурэтхэри фафIэт. А лъэхъэнэм сыщIэхъуэпсырт Хиль Эдуард, Трошин Владимир, Кобзон Иосиф сымэ я концерт зэгуэр сеплъыным. ИужькIэ къэунэхуащ Магомаев Муслими. Абы щыгъуэм къэралым радио, телевидение каналитI къудей щыIэу арати, сыт хуэдэ макъамэ нэтын срихьэлIэми си махуэшхуэт. ЗэрыжыпIауэ, макъамэм хузиIэ лъагъуныгъэм гу лъата пэтми, сэ уэрэджыIакIуэ сыхъуну зыми игу къэкIыртэкъым, ар IэщIагъэ нэсу зэрамыбжым къыхэкIыу.
- ИтIани, уэрамым топ джэгуу дэта сабийхэм уащыща хъункъым,  гъуазджэм и дахагъэм пасэу ущыдихьэхакIэ, жэщым и даущым игъэIу макъ щабэр щызыхэпхыфакIэ?
- Хьэуэ, макъамэм нэмыщI спортми сыдихьэхырт.     Къуажэ щIалэ цIыкIухэм я дежкIэ футболратэкъэ спорт хъужри. Еджэнымрэ унагъуэ къалэнхэмрэ дыкъыщыдэхуэм губгъуэм лъапцIэу топ къыщетхуэкIырт. КъэжьыхьынкIэ дрикъумэ, бахъсэныпсым зыхэддзэрт, тутей мэракIуэкIэ зыттIыжырт. Дыщызэзауэ къэхъурт. Пэжым ерыщу срителъхьэу зэрыщытар сощIэж, абы щыгъуэм дэнэ щысщIэнт абы гъащIэм щиубыд увыпIэр зэрымащIэ дыдэр.
Классибл нэужьым, илъэс къэс гъэмахуэ мазищым сылэжьащ. УхуакIуэу.
- Ар дэнэ къипха IэщIагъэт?
- Бахъсэн ухуакIуэ бэлыхь дэсащ Марченкэ Ваня. Абы унэ куэд дищIыхьащ а лъэхъэнэм къуажэм. Хуабжьу IэкIуэлъакIуэт. Сэ абы и гъусэу сылажьэрт, раствор зыхэсщIэрт, чырбыш, блок хуэдэхэр къесхьэкIырт. Ваня сриIэпыдзлъэпыдзт, кIэщIу жыпIэмэ. Сыхьэтитхум дыдэкIырти, шэджагъуэнэужь хъуху дылажьэрт, тIэкIу зыдгъэпсэхурти, дыгъэ къухьэжыгъуэм аргуэру лэжьыгъэм  дыпэрыхьэжырт. Тонн бжыгъэкIэ хьэлъэ къесхьэкIырт махуэм. Ауэ жэщым сыт хуэдэу IэфIу сыжейрэт. Ди пщIантIэм гъуэлъыпIэ дэтти, гъэмахуэм абдежт си жеипIэр. Сыгъуэлъыжа къудейуэ, жейм сыщыхилъафэм сыкъагъэушу къысщыхъурт, жэщыр блэлъэту Ваня сыдишыну къыщысщхьэщыхьэм деж. Гъэмахуэ мазищым зы сом мин къэзлэжьырт. Ар ахъшэшхуэт, си анэмрэ си шыпхъу закъуэмрэ садэIэпыкъурт. Си адэр пасэу дунейм ехыжащ.
Ноби Бахъсэн сыкIуэжа нэужь, Ваня и гъусэу тщIа унэхэр къызоцIыхуж…
- Хуабжьу хъыбар гъэщIэгъуэнщ, Заур. Дауэ тIэ, музыкэ лъагъуэм узэрытехьар?
- IэщIагъэ схуэхъунур къыхэсхын хуей щыхъум, япэу сызэгупсысар дохутыр IэщIагъэращ. Сехъуапсэрт абы, си анэ закъуэри сымаджэрилэти, абы сытым дежи дэIэпыкъуэгъу сыхуэхъуфу сыщытыну сыхуейт. АрщхьэкIэ, школым зы егъэджакIуэфI диIащ дэ аккордеонист бэлыхьу. Абы Налшык къалэ дэт Музыкэ училищэм сыщIэтIысхьэну чэнджэщ къызитащ, гу лъитауэ къыщIэкIынт зэчий гуэр зэрызбгъэдэлъым. Абы куэдрэ классым я пащхьэ уэрэд щыжызигъэIэу щытащ. СукIытэт, ауэ сфIэфIт.
СедэIуащ си егъэджакIуэм и чэнджэщым. Зы цIыхум ямыщIэу Налшык сыкIуэри, Музыкэ училищэр къэзгъуэтащ, сызэрыщIыхьэуи Хьэсанэ Мусэ сыхуэзэри (арат унафэщIыр) къызэдэIуащ, Магомаевым и уэрэдхэм щыщ жесIащ, адыгэ уэрэди згъэзэщIащ. «Уи тхылъхэр къэхь», - жэуапу къызитащ абы.  Мис абдеж къыщыщIидзащ, зи гугъу пщIы лъагъуэм, Замирэ. ЗэрысщIэжрэ, макъамэм си гур хузэIухащ, уеблэмэ, сыкъэзыухъуреихь дунейр абы еслъытурэщ зэрызыхэсщIэр. Псыпэр зэрыжэм псыкIэр ирожэ жыхуаIэращи, лъагъуэр къэбгъуэта хъуамэ, гъуэгу хэпшынри гугъужкъым. Налшык къыщыщIэздза щIэныгъэр, Москва щыпысщащ, ауэрэ Урысей утыку сихьащ.
- Пасэу укIуащ Москва, уэрэджыIакIуэуи, цIыхууи ущызэфIэувар арауэ жыпIэ хъунущ. Ауэ уи адыгагъэри, уи адыгэбзэри зыкIи нэхъ махэ хъуакъым. СыткIэ упыщIа, Заур, укъызыхэкIа лъэпкъым, сыт ар уи дежкIэ?
 - Псоми ящIэ сэ гу къуэпс быдэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм сазэрыпыщIар. Тутхэ я нэхъыжьхэм зэрыжаIэжымкIэ, сэ сызэрыцIыкIурэ си лъэпкъым и блэкIам, и тхыдэм сыдихьэхырт. БалигъыпIэ сиува нэужь, абы теухуа тхылъхэр, ди щIэныгъэлIхэм я IэдакъэщIэкIхэр щIэзджыкIыу хуежьащ. Пэжыр жыпIэмэ, Совет Союзыр лъэлъэжа нэужькIэщ, абы щыпсэуа лъэпкъхэм я тхыдэр нэхъ къаулъэпхъэщыжу щыхуежьар.
Зы лъэпкъи щыIэкъым, къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм фэбжь темылъу, абы елъытамэ, адыгэ тхыдэм и фэбжьыр нэхъ куущ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абы щыгъуазэр мащIэщ. Ди тхыдэр зыщIэр щIэныгъэлI-тхыдэджхэмрэ езы адыгэхэмрэщ. Абы къыхэкIыу, ди щхьэ егугъужын хуейр дэращ. ДызэныкъуэкъукIэ, зыгуэрым дыпэщIэувэкIэ зыри къэтхьынукъым.
 Нобэ пщырэ пщылIрэ щыIэжкъым. Пщыщ унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ехъулIэныгъэхэр зыIэрызыгъэхьэф псори. Ахэращ ди пщIэр зыIэтри, ди лъэпкъми, хэкуми я зыужьыныгъэм хуэлажьэри. Дэ къыдгуроIуэ ди лъэпкъым и щыIэныгъэмрэ и къэкIуэнумрэ Урысейм зэрепхар, абы дыхэту зыдужьмэ, фIым дызэрыхуэкIуэнур. Си щхьэр къэсщтэнщи, илъэс I8 сызэрыхъу лъандэрэ адыгэм и щэнхабзэр фIыкIэ, дахэкIэ къызэрыхэзгъэщыным иужь ситщ. Сэ зэи зыкIи схъуэжынукъым икIи хэзгъэгъуэщэнукъым анэбыдзышэм и гъусэу къыспкърыхьа хэкупсагъэмрэ сыкъызыхэкIам хузиIэ лъагъуныгъэмрэ.
    - Урысей Федерацэм и цIыхубэ артисту ущыту, щхьэзакъуэ утыкум уесауэ уцIэрыIуэу, Театр гъуазджэмкIэ Урысей академием щебгъаджэу… КIуэаракъэ, творческэ щыгум уиту, 2005-20I3 гъэхэм КъБР-м и Iэтащхьэу лэжьа Къанокъуэ Арсен къыпхуегъэлъагъуэри, ди республикэм щэнхабзэмкIэ министру укъокIуэж. Щэнхабзэм и щытыкIэр щымыщIагъуэ, къуажэ клубхэр щымылажьэ, библиотекэхэр щызэхуащIыжа лъэхъэнэм, гугъуехьыр щыкуэд IэнатIэм ущыунафэщIыну дауэ утегушхуат?
    - Къанокъуэ Арсен езым къыдэлэжьэн гуп зэхуишэсырти, Щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ министерствэм и унафэщIу сыкъакIуэмэ зэрыфIэигъуэр къыщызжиIэм, тIэкIу Iэнкун сыхъуащ. Сэ зыхэсщIэрт си пщэм къыдэхуэ жэуаплыныгъэр икIи Арсен дэсIыгъыну сыхуейт. Ар куэд щIауэ си ныбжьэгъут, си концерт нэхъ инхэр Москва и пэш нэхъыфIхэм щыстынымкIэ сэбэп къысхуэхъурт ар сыт щыгъуи. ИужькIэ гу лъыстащ ар хьэрычэтыщIэ лъэрыхьу зэрыщытым и мызакъуэу зэрыхэкупсэми.
Сэ абы и гъусэу илъэсищрэ ныкъуэкIэ министру сылэжьащ. Ар гъащIэ дерс схуэхъуа лъэхъэнэщ жысIэмэ, сыщыуэнукъым.  
Щэнхабзэм и щытыкIэр ст щыгъуи зэлъытар къэрал политикэм и ухуэкIэрщ. Дауи, Урысей Федерацэм и зы хэгъэгур къапщтэу, «щэнхабзэ жэнэт» щыбухуэфынутэкъым. Ди жагъуэ зэрыхъущи, къэралым зэхъуэкIыныгъэхэр щыщекIуэкIа лъэхъэнэм, щэнхабзэми жьэхэуащ ныкъусаныгъэхэр, щэнхабзэ IухущIапIэ куэд къэрал унафэм щIэкIащ. Абы къыхэкIыу гугъущ иджыпсту илъэс мин бжыгъэхэм къыпхаха щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ пхъумэну. ИтIани ди министерствэм зы илъэсым къриубыдэу щэнхабзэр зыхуей хуэзэу зэфIэгъэувэжынымкIэ цIыхухэр къигъэгугъакъым, атIэ ди адэжьхэм къащIэна псэкупсэ къулеигъэр хъумэныр, адэкIэ зегъэужьыныр и къалэн нэхъыщхьэу лэжьэн щIидзащ. Псом япэ идгъэщырт тхакIуэхэм, композиторхэм, сурэтыщIхэм, архитекторхэм я зэгухьэныгъэхэр, ахэр къэбгъэсэбэпкIэрэ щэнхабзэм и унэтIыныгъэ псоми улъэIэсыфынут. Иджыпсту кIыхь хъунущ абы махуэ къэс  лэжьыгъэу щедгъэкIуэкIар къеббжэкIын щIэбдэзэмэ. ФIыщIэ яхузощI зи акъыл къыстехуэу къыздэлэжьахэм, си зэфIэкIым къыщыгугъыу сезыгъэблэгъа Къанокъуэ Арсен. Абы республикэм куэд хуищIащ, ди министерствэм и лэжьыгъэми куэд къыхилъхьащ.  
- Уэ зэрыжыпIащи, илъэс 18 узэрыхъу лъандэрэ гъуазджэм уролажьэ, Урысейм и сценэшхуэм уитщ, ди республикэм и щэнхабзэ гъащIэм зыщыбгъэгъуэзэну Iэмал хъарзынэ уиIащ… Щэнхабзэм и лъапIэныгъэхэмрэ Iулыджымрэ зыщIэ уэ, дауэ уеплърэ иджыпсту ар зэрыхуа щытыкIэм, ахъшэ къралэжьын къудей щхьэкIэ абы гъунэгъу зыхуэзыщIхэм?
- Сыт хуэдэ лъэпкъми фейцейуэ, акъылыншэу зилъагъужыну хуейкъым, псори зыщIэхъуэпсыр псэкупсэ къарурэ дахагърэ яхэлъу къэгъуэгурыкIуэнырщ. Апхуэдэ еплъыкIэ уиIэныр Iэмалыншэщ лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ пхъумэжыфын щхьэкIэ. Ди къэралыр зэрыщыту къапщтэмэ, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я IэфIагъыр тIэкIу зыхамыщIэж хъуащ. Сэ сызэреплъымкIэ, абы къезыгъэгъэзэжыфынур къэрал политикэ лъэщымрэ  экономикэ зыужьыныгъэмрэщ. А зи гугъу пщIы ахъшэ зыIэпыхым ди щэнхабзэр темыкIуэдэжын папщIэ, «ныбэ нэщIхэр» гъэнщIын хуейщ. ИтIанэщ цIыхухэр щэнхабзэ лъагэм и дунейр зыхуэдэр щызэхащIэфынур. Нобэрей Урысейр къащти еплъыт, лъэпкъ зэхущытыкIэр зэрыбгъунлъам, цIыхухэм пщIэ зэрызэхуамыщIыжым. Дапщэщ апхуэдэ щыщыIар? Псэкупсэ къулеягъымрэ щэнхабзэ лъагэмрэ я утыкур зэдгъэгъуэтыжмэщ дэ а щытыкIэм дыкъыщикIыфынур.
- Пэжу жылагъуэм, цIыхубэм и гупсысэкIэр нэгъуэщI хъуащ, аращ щэнхабзэми и пщIэри зыгъэлъахъшэр.
- БлэкIам къыщIэна а гурыщIэ, гупсысэ псори и кIэм нэс кIуэдауэ жыпIэ хъунукъым. Ди насыпщи, дуней псом къыщацIыху литературэ, хамэ къэралхэм щедаIуэ музыкэ диIэщ. Мис ахэр дгъэкIуэд мыхъун беягъэщ. Иджырей технологиехэм я фIыгъэкIэ щIы хъурейр зэпыщIа хъуащ иджыпсту.  Ар икъукIэ щхьэпэщ, ауэ зэрани къыхокI. Къапщтэмэ, зауэмрэ мамырыгъэмрэ, зыужьыныгъэмрэ кIуэдыжыгъуэмрэ, цIыхугъэмрэ цIыхугъэншагъэмрэ зэгъунэгъущэщи, дэтхэнэр япэ ищынуми къыпхуэщIэкъым. Абы къыхэкIыу, лъэпкъкIэ, динкIэ зэтемыхуэ цIыхубэр щэнхабзэкIэ зэпыщIэн хуейщ, аращ абыхэм я зэгурыIуэныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ къызыпэкIуэнур. Щэнхабзэр ар Iэмал гъуэзэджэщ дунейм нэхъыфIу тетыр ирипхъумэну.  
    - Заур, укъыщалъхуа республикэм укъэзышэжхэм ящыщщ уи ныбжьэгъухэр, Москва ущIыщыпсэуфыр зи фIыгъэхэм ящыщщ абы ущиIэхэр. Къытхутепсэлъыхьыт уи гъащIэ гъуэгуанэр къыбдагъэпсынщIэу, щIэщыгъуэ къыпщащIу къыббгъэдэт уи ныбжьэгъухэм.
- Дэтхэнэ цIыхуми ныбжьэгъуншэу къигъащIэ гъащIэр насыпыншэщ.  Ныбжьэгъу пэжыр куэд хъуркъым, жаIэ. Ар пэжщ. Псом хуэмыдэу илъэсхэр кIуа нэужьщ ар къыщыпщIэр. Си насыпщи сэ ныбжьэгъуфIхэр сиIэщ, къищынэмыщIауэ, сызыхэзыщIыкI, сыкъызыгурыIуэ, фIыуэ къысхущыт, сызыхущыт цIыхугъи си куэдщ. Дауи, япэ къыхэзгъэщынур, фэ фIыуэ фцIыху уэрэдытх Жырыкъ Заурщ. Абырэ сэрэ Налшык училищэр къызэдэдухащ, илъэс I8 ныбжьым диту уэрэд зэдэттхащ, студентыгъуэм и IэфIыр зэдэдгуэшащ. Апхуэдэу си ныбжьэгъуфIщ композитор цIэрыIуэ, Iуэхугъуэ куэдым хуэIущ ХьэIупэ ДжэбрэIил. ХьэIупэм езым итха усэ къеджэу уедэIуэным уасэ иIэкъым, адрей ищIэ къомым къищынэмыщIа. Абы и адыгэбзэ шэрыуэм хуэдэ зыIурылъ куэд диIэкъым. Си хэкужь щыщу ныбжьэгъуфIхэщ Джэрыджэ Хьэсэн, Ацкъан Руслан, Къуныжь Хьэчим, Мэлбахъуэ Борис, Црым Руслан, Каиров Гъузер, нэгъуэщIхэри. Адыгейм щыщу си ныбжьэгъушхуэщ Хъуэт Заур, Хъунэгу Рашид сымэ.
МосквакIэ уIэбэмэ, хуабжьу си ныбжьэгъуфIу сиIащ икIи сыщыкIуагъащIэм къыздэIэпыкъуащ музыкант Михайлов Александр, ар машинэ зэжьэхэуэм хэкIуэдауэ щытащ.
 Пахмутовэ Александрэ, Добронравов Николай сымэрэ сэрэ ди зэдэлэжьэныгъэм ныбжьэгъугъэ кърикIуауэ жыпIэ хъунущ. Си гур хэзыгъахъуэхэм ящыщщ ахэр. Къапщтэмэ, си творческэ гъуэгуанэм лэжьыгъэ IуэхукIэ сыщрихьэлIэу, ныбжьэгъу схуэхъуахэр куэд мэхъу. Ахэр зэи сIэщIэужэгъуэнукъым, си щхьэкIэ дэтхэнэ зыри си дежкIэ лъапIэщ, узыншагъэ быдэ Тхьэм къарит, Iуэхугъуэ дахэкIэ Тхьэм дызригъэхьэлIэ.
- Тхьэм жиIэ, Заур. ФыщIэ пхузощI уи гъащIэм щыщ IыхьэхэмкIэ укъызэрыддэгуэшам папщIэ.

 

Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться: