Бжьыхьэ лэжьэгъуэр яублэ

КъБР-м и Парламентым и бжьыхьэ лэжьэгъуэр фокIадэм и 30-м къызэ­Iуахащ. Зэрыхабзэу, зэIущIэм и пэм Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэмрэ я къэрал гимнхэр къеуащ.

ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Праламентым и УнафэщI Егоровэ Т­атьянэ. Абы хэтащ УФ-м и сенатор - ­КъБР-м и Парламентым и лIыкIуэ Ульбашев Мухьэрбий, УФ-м и Къэрал Ду­мэм и депутат Геккиев Заур, КъБР-м и прокурор Хабаров Николай сымэ. 
Егоровэ Татьянэ Геккиев Заур зыхуигъазэри, УФ-м и Къэрал Думэм и еянэ зэхыхьэгъуэм хагъэхьа депутатхэм ­ехъуэхъуащ, ехъулIэныгъэ яIэну, хэха­кIуэхэм я дзыхь къызэрырагъэзар ягъэ­пэжыну зэригуапэр дыщIигъуащ.
ЗэIущIэм депутатхэм зэдэарэзыуэ Iэ яIэтащ Жэмыхъуэ Мадинэ Дзэлыкъуэ районым и суд IуэхущIапIэ №3-м и зэ­зыгъэкIуж хеящIэу, Созаевэ Аминат Шэ­рэдж районым и суд IуэхущIапIэ ­№2-м и зэзыгъэкIуж хеящIэу ягъэувыну къызэрагъэлъэгъуам теухуауэ. 
КъБР-м и Къэзыпщытэ-къэзыбж палатэм и аудитор къулыкъум хахащ Ма­рьяш Иринэ.
КъБР-м и Парламентым и депутат ­Пономаренкэ Роман Промышленнос­тым­кIэ, транспортымкIэ, связымрэ ­гъуэгу IэнатIэмкIэ комитетым къыхагъэкIыжри, Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ комитетым хагъэхьащ. Апхуэдэуи иужь­рейм и унафэщIхэм ящыщ ар ящIащ. 
Депутатхэр арэзы техъуащ «КъБР-м и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэ­хэм ятеухуауэ» КъБР-м и Законыр къы­зэращтам ипкъ иткIэ республикэм и хабзэубзыху акт щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектым и япэ еджэгъуэм.
«КъБР-м и зэзыгъэкIуж хеящIэхэм ятеухуауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэ­кIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» ­КъБР-м и законым и проектыр зэхагъэуващ 2021 гъэм мэлыжьыхьым и 5-м ­Федеральнэ закон №63-р къызэращ­там ипкъ иткIэ. Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, зэзыгъэкIуж хеящIэр япэу щы­хахым деж илъэсищкIэ ягъэув, щIэ­рыщIэу щыхахыжкIэ - пIалъэншэу. 
Депутатхэр япэ еджэгъуэу едэIуащ «IуэхущIапIэхэм я мылъкум техьэ налогым теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ щхьэхуэхэм къару ямыIэжу къэ­лъытэным и IуэхукIэ», «ЩэкIуэгъуэр къы­зэрызэрагъэпэщымрэ абы ехьэлIа фIыгъуэхэр зэрахъумэмрэ теухуауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» КъБР-м и законхэм я проектхэм. 
КъищынэмыщIауэ, КъБР-м административнэ хабзэхэр къызэпемыгъэу­ды­нымкIэ и кодексым халъхьэ зэхъуэ­кIы­ныгъэхэр къыщыгъэлъэгъуа законо­проектым япэ еджэгъуэу депутатхэр хэплъащ. Абы дыщIагъуну къы­халъ­хьэ зыми и нэIэм щIэмыт псэущхьэхэм зэрахущытыпхъэр къызэ­пызыуд­хэм жэ­уап зэрырагъэхьынур къы­щы­гъэ­лъэ­гъуа Iыхьэ          4.14-р.

«Унагъуэм, анэм, адэм, сабиигъуэм хуащI гулъытэм теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 21-7-м халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм щытеп­сэлъыхьым, КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алим жиIащ дэфтэрым ипкъ иткIэ, унагъуэ хуэ­мыщIахэм мазэ къэс зэрызыщIагъакъуэ ахъ­шэр зэрагъэув щIыкIэм 2021 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ зэрызихъуэжыр. Псалъэм папщIэ, къыхалъхьэ сабийр ирипсэун щхьэкIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейуэ щIыналъэм ­щагъэува ахъшэм и процент 50-р ирату зэраубзыхуа Iэмалыр зэрыщытауэ къагъэнэжыну. ДэIэпыкъуныгъэр яIэрыхьа нэужь, унагъуэм щIэс дэтхэнэми цIыхур ирипсэун щхьэкIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейм хуэдизыр темыхьэмэ, зэрызыщIагъакъуэ ахъшэр процент 75-м нагъэсыну къагъэлъагъуэ. Апхуэдэ Iэмалыр къагъэсэбэпауэ итIани унагъуэр хуэныкъуэу къалъытэмэ, апхуэдэхэм дэIэпыкъуныгъэр проценти 100 хуащIынущ.

- Мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мазэ къэс дэIэпыкъуныгъэр щаIэрохьэ цIыхур ирипсэун папщIэ зыхуейм хуэдиз къэзымыхь унагъуэ мин 40-рэ 600-м. 2021 гъэм сабийр нэхъ мащIэ дыдэу зыхуей ахъшэр сом 13815,25-рэ мэхъу, - къыхигъэщащ Аса­новым.
Министрым дыщIигъуащ дэIэпыкъуныгъэр зэрагъэув IэмалыщIэм тету, унагъуэр зэры­хуэ­мыщIар къызэралъытэм елъытауэ, хуагъэувы­нущ: сом 6907-рэ, сом 10136-рэ е 13815-рэ ­хъууэ.
ЗэIущIэм япэ еджэгъуэу депутатхэр щы­хэплъащ «ЛэжьакIуэ щхьэхуэхэм я улахуэм ­теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 4-1-м, «КъБР-м и туризм лэжьыгъэм теухуауэ», ­«КъБР-м и зыгъэпсэхупIэхэмрэ узыншагъэр щрагъэфIэкIуэж щIыпIэхэмрэ, щIыуэпс хъу­гъуэфIыгъуэхэм ятеухуауэ», «КъБР-м физи­чес­кэ щэнхабзэмрэ спортымрэ я Iуэхухэр ­къы­зэрыщызэрагъэпэщым теухуауэ» КъБР-м и законхэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм ятеу­хуа законопроектхэм.
ЗэIущIэм щедэIуащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и бюджетыр 2021 гъэм и япэ илъэс ны­къуэм зэрагъэзэщIам теухуауэ КъБР-м и Правительствэм и отчётым. 
КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ зэрыжиIамкIэ, республикэ бюджетым и хэхъуэр сом мелард 21-рэ мелуан 938,3-кIэ ягъэ­зэщIащ, къигъэсэбэпар сом мелард 21-рэ ­мелуан 269,4-рэщ. Профицитыр сом мелуан 668-рэ мэхъу.
Налог хэхъуэхэр сом меларди 5-рэ мелуан 755-рэ хъуащ (проценти 120,1-рэ), нэгъуэщI ­хэхъуэхэр - сом мелуан 355-рэ (проценти 121,3-рэ). Зымыгъэзэж хэхъуэу республикэм къы­Iэрыхьащ сом мелард 15,8-рэ - илъэсым тещIыхьам и процент 50. 2021 гъэм бадзэуэ­гъуэм и 1-м ирихьэлIэу республикэм и къэрал щIыхуэр сом меларди 7-рэ мелуан 330,7-рэ мэхъу. 
ЗэIущIэ нэужьым Егоровэ Татьянэ къыхигъэщхьэхукIащ бжьыхьэ лэжьэгъуэм КъБР-м и Парламентыр нэхъыщхьэу къызытеувыIэну Iуэхухэр. Абы жиIащ бжьыхьэ сессиер гъатхэ лэжьэгъуэм нэхърэ зэрынэхъ кIэщIыр, ауэ абы щхьэкIэ къэмынэу, Iуэхугъуэ купщIафIэхэр зэрырагъэкIуэкIынур.
- Бжьыхьэ лэжьэгъуэр щIэддзэжащ УФ-м и Къэрал Думэм и хабзэубзыху лэжьыгъэр къэ­кIуэну илъэситхум зыгъэбелджылыну хахахэр я къалэным щыпэрыхьэм техуэу. Абы къы­хэкIыу КъБР-м и Парламентми и лэжьыгъэр абыхэм къыхалъхьэм куэдкIэ хуэунэтIауэ щы­тынущ. Къэрал Думэм Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и лIыкIуэу хэтыну хахахэм нобэ сехъуэ­хъуащ икIи сащогугъ, нэхъ ипэIуэкIи хуэдэу, дяпэкIи купщIафIэу дызэдэлэжьэну, - къыхигъэщащ Егоровэм. - Зэрыхабзэу, ди нэIэ тедгъэтынущ федеральнэ законодательствэм ­игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэм тещIыхьауэ ди щIыналъэ законхэри зэрызэдгъэзэхуэнум. Псалъэм папщIэ, нобэрей зэIущIэм къыщытщ­-тащ УФ-м и Конституцэм ипкъ иткIэ республикэ закон зыбжанэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэры­хэтлъхьэр къыщыгъэлъэгъуа дэфтэрхэр. Къы­хэзгъэщыну сыхуейт КъБР-м и Парла­ментыр сыт щыгъуи хуэдэу набдзэгубдзап­лъэу зэрыхэплъэнур республикэ бюджетыр къэкIуэну илъэсищым зэрытрагуашэм теухуа законым и проектым. Апхуэдэуи депутатхэм гулъытэ хэха хуащIынущ республикэ законхэр зэрагъэзащIэми. Парламент къэпщытэныгъэхэм хиубыдэу Iуэхугъуэ 30-м щIигъу едгъэ­кIуэкIыну ди мурадщ. Абыхэм къызэщIедгъэубыдэнущ стIол хъурейхэр, комитетхэм, Правительствэм хухах сыхьэтхэр, районхэм щедгъэкIуэкI зэIущIэхэр, нэгъуэщIхэри. Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым и илъэси 100-м и щIыхь­кIэ къызэдгъэпэщынущ «Къэбэрдей-Балъ­-къэ­рыр Урысей Федерацэм хэту: щIэдзапIэр, зэ­рызэфIэувар, зэрызиужьар» зыфIэтща ­конференцыр. Си гугъэмкIэ, щIэщыгъуэ икIи щхьэпэ хъунущ депутат ныбжьыщIэхэм я зэхыхьэ къызэрызэдгъэпэщынури. Мазищ пIалъэкIэ дызэлэжьын Iуэхугъуэ куэд диIэщ.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: