Зи лъэпкъым папщIэ куэд зыхузэфIэкIа

Мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 80 ирикъуащ балъкъэр усакIуэ Гуртуев Сэлихь СулътIанбэч и къуэм.

Гуртуев Сэлихь Белэ Речкэ къуажэм 1938 гъэм къыщалъхуащ. Зи адэр Хэку зауэшхуэм хэкIуэда щIалэ цIыкIур зи лъахэр зрагъэбгына адрей и лъэпкъэгъухэм я гъусэу 1944 гъэм Азие Курытым яшащ. Къыргъыз ССР-м и Джелал-Абад областым и Ленинскэ районым хыхьэ Ленин-Джал къуажэм курыт еджапIэр 1956 гъэм къыщиухащ.
Балъкъэр лъэпкъыр хей ящIыжа иужь, 1957 гъэм абы и хэку къигъэзэжащ. 1963 гъэм абы ­къиухащ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетыр. Ар районым къыщыдэкI газетым и редактору (1965 - 1968 гъгъ.), «Коммунизмге жол» газетым и лэжьакIуэу (1970 гъэм щегъэжьауэ) щытащ. 80 гъэхэм КъБР-м ИздательствэхэмкIэ, полиграфиемрэ тхылъхэр щэнымкIэ и комитетым и унафэщI къалэныр ирихьэкIащ. 1968 гъэм къыщыщIэдзауэ СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ, 1988 гъэм абы къыфIащащ «КъБАССР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр, ар Къэбэрдей-Балъкъэрми Къэрэшей-Шэрджэсми я цIыхубэ усакIуэщ.
Литературэм Гуртуевыр хыхьащ 1953 гъэм, и IэдакъэщIэкIхэр республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуэу. И япэ усэ тхылъыр, «Эртден» («Пщэдджыжь») зыфIищар, 1961гъэм дунейм къытехьащ.
Илъэс хыщIым къриубыдэу Сэлихь балъкъэрыбзэкIи урысыбзэкIи тхылъ куэд къыдигъэкIащ. Абыхэм ящыщщ «Синий ливень» (1967 гъэ), «Ныхытла» (1970), «Кюн орта» (1974), «Песня птицы» (1990), нэгъуэщIхэри. УрысыбзэкIэ итха и япэ тхылъыр, «Грызёт мой конь удила» зыфIищар, 1972 гъэм Москва, «Советский писатель» тхылъ тедзапIэм, къыщыдэкIауэ щытащ.
КъызыхэкIа и лъэпкъым и гурыфIыгъуэхэр, и гукъеуэхэр, дунейм и къэхъукъащIэхэр, нэгъуэщIхэри лъабжьэ зыхуэхъу и усыгъэм къыдэкIуэу, Сэлихь и къалэмыпэм къыщIэкIащ зи гуащIэм дихьэх цIыхушхуэхэм я гъащIэмрэ я лэжьыгъэмрэ теухуа тхыгъэхэр. Псалъэм папщIэ, «Свет звёзд» зыфIища тхылъым ихуащ тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэхэу Тувим Юлиан, Бехер Иоганнес, Симонов Константин, Айтматов Чингиз, Кулиев Къайсын, КIыщокъуэ Алим, Карим Мустай, нэгъуэщIхэми ятриухуахэр.
ЗэдзэкIакIуэ емызэшыжыуи зыкъигъэлъэ­гъуащ Гуртуевым. Абы балъкъэрыбзэм иригъэзэгъащ Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Хетагуров Коста, Есенин Сергей, Джалиль Муса, Карим Мустай, Гамзатов Расул, нэгъуэщIхэми я усэхэр. Псоми къахэбгъэщхьэхукI хъунущ Руставели Шота и «Витязь в тигровой шкуре» поэмэр зэрызэридзэкIар.
Куэд зыхузэфIэкIа балъкъэр усакIуэр, ди гуапэ зэрыхъунщи, ноби узыншэщ, и къару илъщи, дохъуэхъу ехъулIэныгъэ иIэну.

 
P.S. Гуртуевым и IэдакъэщIэкIхэм щыщхэр бзэ зыбжанэкIэ зэрадзэкIащ, абыхэм ящыщ зыщ адыгэбзэри. УсакIуэ гъуэзэджэ Бицу Анатолэ адыгэбзэм къригъэзэгъа усэхэр тыдодзэ.

Гуртуев Сэлихь

ЩIакхъуэ

Iуэху щымыIэ, гугъуехь зыпымылъ.
Гуэдз зыгъэкIым ар нэхъыфIу ещIэ.
Щхьэмыж хъуар щхьэ апхуэдизу тхъуэплъ? -
Ещхь мэхъужыр и фэм мэкъумэшыщIэм.

КъыпIурыуэу IэфIу къыхих мэр,
Дыгъэ плъыфэу, щIакхъуэ жьар телъщ Iэнэм.
«ИугъащIэ зи IэщIагъэм мыр!» -
Дэ жытIэпхъэщ, дытIысыху дышхэну.

КъэзыгъэщIхэр куэдрэ ирепсэу
Уэгу адрыщIым ихьэф жыр кхъухь лъэщхэр.
Ауэ зезыгъакIуэр дуней псор
Дэ тшхы щIакхъуэ Iыхьэр къэзылэжьхэрщ.

ЩIым зыгуэрым щхьэщэ щыхуэщIын
Хуейуэ щытмэ, сэ хузощIыр щIакхъуэм…
Нэхъ дахэж мы гъащIэр дэ тхуэщIынщ,
ЩIакхъуэм щыщIэ щремыIэ закъуэ!

Дзыхь

Дзыхь зыгуэрым хуэзымыщI
Тету сщIэркъым щIылъэм зыри:
Дыгъэ къепсыр и псэм пещI
Хъууэ жыгым фIэлъ жызумым.

Уафэ къащхъуэрщ къуалэбзум,
Ятетщ дами, дзыхь зыхуащIыр.
Бзэрэбзэжу ежэх псыр
Тенджызышхуэрщ зыхуэпIащIэр.

ЦIыхум и Iэм къыщогугъ
ГъавэхэкIыу щIым трасэр.
Удз къэс поплъэ, хъуамэ уэгъу,
Пшэ гуэрэнхэм къахь уэшх ткIуэпсым.

ФIыуэ слъагъум сыIуплъэху,
КъаруущIэ согъуэтыжыр.
Згъэпэжынущ ар сылIэху,
СфIощI езыми сигъэпэжуи.

Си ныбжьэгъур мэхъу си фIэщ -
Арщи сиIэр къуэш пэлъытэу.
Си гъунэгъу, пхужысIэр фIыщ, -
СыщымыщIэ уи гулъытэ.

Къытезмыхьэ зэи шэч
Сэ сабийм я гу къабзагъэм.
Анэ псалъэм сытемыкI,
ЗыхэсщIащи и Iущагъыр.

ХузощI си щхьэр щхьэузыхь,
Сыхуэпэжщи си Хэку дыщэм…
ЯхуэтщIам нэхъыбэм дзыхь,
КуэдкIэ хъунт нэхъыфI ди гъащIэр!

*    *    *
Схуэзыгъэбагъуэу си гуащIэр,
Си гущIэ мафIэр сэ уэрщ.
Уэ ущысщIыгъум, си гъащIэр
Къуршыжьхэм къелъэ псы уэрщ.

Уэ ущысщIыгъум, си нитIым
ЯфIэщIэщыгъуэщ дунейр.
Насыпу щыIэр си натIэщ,
ФIыгъуэу щIым телъыр сысейщ.

Солъагъур бжьыхьэм зэрыгъур
Губгъуэм удз щхъуантIэ итар.
СIэщIэкIыу сэ си щIалэгъуэр,
УсщIыгъумэ, гу лъызмытэн.

СлъэкIынщ сэ, уэ узигъусэм,
Куэд щызлэжьын мы дунейм.
Сыхуэарэзыщ си дыгъуасэм,
Сыхуэарэзынщ си пщэдейм.

Гъэ къэскIэ уэсу къытесэм
Дрехъу, хуейм, ди щхьэхэр хужь.
Къыттехьэлъэнкъым илъэсхэр -
Си Iэблэр уэ умыутIыпщ!

*    *    *
Сыт щыIэ
Сэ уэр папщIэ сымыщIэн?
Сыт щыIэ
Сызэрымыхъун уэр папщIэ?
Ухуеймэ -
Дыгъэу сыпхуэгумэщIэнщ,
Ухуеймэ -
Удзу сыщIэтынщ уи лъабжьэ.

Уэс щабэу,
ПфIэфIмэ, сэ сыкъыпхуесынщ.
Аузым
Сыщыпхуежэхынщ къуршыпсу.
Уэгу къащхъуэм ситу
Сэ къызэджэм уи псэр,
Дакъикъэм
Уи деж пцIащхъуэу сыкъэсынщ.

Iэщэншэу сэ сыпэувын слъэкIынщ
Дунейм нэхъ хьэкIэкхъуэкIэ
Бзаджэу тетым.
СыкъикIуэтынкъым,
Къыстридзэу щытми
Абы
УIэгъэ сызэрылIыкIын…

Зы щыIэщ
Сэ уэр папщIэ сымыщIэн.
Къыспумыубыд:
«Игъэху уи анэр уи гум», -
Симыплъэжыну
Сыпсэуху уи нэгум,
Ди лъагъуныгъэ-гъуджэр
Згъэщэщэнщ!

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться:

Читать также: