КИНГСТОН УИЛЬЯМ ГЕНРИ ДЖАЙЛС

 Кингстон Уильям (1814 - 1880) ныбжьыщIэхэм папщIэ тхылъ нэгузыужьхэр зытхыу щыта инджылыз тхакIуэщ. КъызэрыщIэкIымкIэ, Кингстон 1844 гъэм япэ дыдэу и Iэдакъэ къыщIэкIа «Адыгэхэм я пашэ» («The Circassian chief») романым лъабжьэ хуэхъуа хъыбарыр ди лъэпкъым XIX лIэщIыгъуэм иригъэкIуэкIа бэнэныгъэрщ. ЛIыхъужь нэхъыщхьэу тхыгъэм къыхэщ адыгэпщ Аслъэнджэрий, абы и къуэ Сэлим, ипхъу Айнэ сымэ я хъуреягъкIэ екIуэкI гъащIэр щапхъэу къещтэри, тхакIуэм адыгэ хьэлри, абыхэм къадекIуэкI хабзэхэри, пшыналъэхэри инджылыз тхылъеджэм и нэгу къыщIегъэувэ. ГъэщIэгъуэн дыдэщ Стивенсон Роберт, Киплинг Редьярд, Рид Майн сымэ хуэдэу Кингстон и романхэмхэм щыщу урысыбзэкIэ зэрадзэкIам «Адыгэхэм я пашэр» зэрахэмыхуар. НапэкIуэцI щищым нэблагъэ тхыгъэ щIэщыгъуэр, гунэсу си бзэкIэ сыкъеджащэрэт зэрыжыпIэм къыщымынэу, инджылызыбзэр щызэрагъащIэ еджапIэхэм я дерсхэми къыщагъэщхьэпэфынущ. Инджылыз тхакIуэм и IэдакъэщIэкIым щыщ пычыгъуэ ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ. Ар теухуащ Айнэ, и адэмрэ и дэлъхумрэ къэтыху, пщы уэлий Айтэч Джэрий и къуэрылъху Зарэ и гъусэу я деж зэрыщыIамрэ абы къыщыщыщIамрэ.

 Адыгэхэм я пашэ

АЙНЭ гухэщI куум иIыгът, и адэмрэ и дэлъхумрэ зауэ IэнатIэм Iухьэну щежьэм. Абыхэм къащыщIынкIэ хъунум щегупсыскIэ, фIым зэрыщымыгугъыфым игъэнэщхъейт. Пщащэм куэдыIуэрэ и нэгу щIэкIат адэр, щхьэгъусэр е дэлъхур къыщысыжынум нэхъуеиншэу пэплъэ и лъэпкъэгъу бзылъхугъэхэм, зыщыгугъым и пIэкIэ, фIыуэ ялъагъухэм я Iэпкълъэпкъым къыхэнэжар пхъэмбей лъы защIэм телъу ныбжьэгъухэм къызэрыхуахьыжыр. Апхуэдэ гукъутэ Айнэ зэи зыхищIатэкъым, итIани абыи фIы дыдэу ищIэрт а гузэвэгъуэр езыми къыпэплъэу къыщIэкIынкIи зэрыхъунур. ЩIыналъэр зэщIэзыщта зауэ шынагъуэм и Iэуэлъауэхэм и гур якъуз зэпытт.

Зарэ лъэкI къигъанэртэкъым и ныбжьэгъур тригъэун, и гукъыдэжыр къыхуиIэту нэщхъеягъуэр щхьэщихын папщIэ. Ауэ абыи фIы дыдэу къыгурыIуэрт ар зыщышынэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ абы илъэгъуат я хэкур зэтезыкъутэ бийм пэщIэту яукIа и адэ хахуэр щIыIэмылу диижауэ мэIум телъу къызэрахьыжар. А зырат зи ныбжь хэкIуэта и адэшхуэм щIэгъэкъуэну иIэжыр. Арат лIыжьыр гугъэ къыхуэмынэжауэ зыхуэщыгъуэр, сыту жыпIэмэ абы и лъэпкъыр хэзымыгъэкIуэдэжын, и щIэблэр шынагъуэм щызыхъумэн къуэ иIэжтэкъым. Зи адэр дунейм ехыжа Зарэ и нэчыхь Iуэхур иджы я лъэпкъым и нэхъыжьым и IэмыщIэ ихуэнущ. Абы къыфIэIуэхунукъым пщащэм и гум къимыщтэ цIыху псэгъу къыхуэхъункIи зэрыхъунур. Аращи, Зарэ къыпэщылъыр шынагъуэ гуэрщ. Лъэпкъыр зауэм Iузышэфын, мамыр гъащIэми унафэ щызезыхьэфын пашэ хахыну загъэхьэзыр. Хъыджэбз тхьэмыщкIэр зыми къыфIэIуэхукъым.

Апхуэдэт пщащэ лъагъугъуафIэм зэригъэзахуэ гупсысэхэр. Зэныбжьэгъу хъыджэбзитIым я гукъеуэхэр зэхуаIуэтэху, хуэм-хуэмурэ псэкIэ нэхъ зэпэгъунэгъу хъуащ. 

Зарэ тхьэ иIуэрт и гур зытхьэкъуфын зы щIалэ закъуэ фIэкIа щымыIэу, зэрыхуигъэфащэмкIэ, езыми фIыуэ къилъагъуу. Ауэ абы мылъку бгъэдэлъкъым, пщIэшхуэ зиIэхэми ящыщкъым. Хуэзэну мащIэ дыдэрэ фIэкIа къызэрыхуимыхуам хуэдэу, Зарэ и ныбжьэгъу пщащэм и тхьэкIумэм иIущащэрт, Алъп щэныфIэр фIыуэ илъагъуу жиIэу.

ЗэзыдзэкIар Чэрим Марианнэщ
Поделиться: