Тетис тенджызыр

Курыт еджапIэ щIэс дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми къыбжиIэнущ ЩIым тенджызиплI зэриIэр. Кавказым ахэр фIыуэ пэжыжьэщ. Ауэ куэдым ящIэркъым езы Кавказыр пасэрей зэман жыжьэм тенджыз лъабжьэу зэрыщытар.

Ди щIыналъэр къапщтэмэ, псыхъуэхэм пасэрей псы псэущхьэхэр зыхэжыхьа мывэ гъэщIэгъуэнхэм уащрохьэлIэ. Псалъэм папщIэ, мэл бжьакъуэм хуэдэу шыхьа аммонитхэр, шэ папцIэм ещхь белемнитхэр, къинэмыщIхэри. Апхуэдэщ Европэмрэ Азиемрэ зэрыщыту. Ахэр къыздикIам и жэуап къалъыхъуэу, еджагъэшхуэхэм къэхутэныгъэ куэд ирагъэкIуэкIащ. ИкIэм-икIэжым, псори арэзы техъуащ, илъэс мелардкIэ узэIэбэкIыжмэ, пасэрей континентхэу Гондванэрэ Лавразиемрэ я зэхуакум Тетис зыфIаща тенджыз абрагъуэ дэтауэ. А зэманым континентхэр кIэщI-кIэщIурэ хъейрт, «къа­кIухьырти», Тетисри и пIэ иттэкъым. Ауэрэ, хы зыбжанэу зэкIэщIэжащ.
Тенджызым зихъуэжыху къызэщIиубыдэ щIыпIэм теухуауэ цIэ зэхуэмыдэхэр фIащащ щIэныгъэлIхэм.
•Прототетис - илъэс мелуан 850-рэ ипэкIэ щыIа тенджыз;
•Палеотетис - илъэс мелуан 320-260-рэ ипэкIэ щыIар;
•Мезотетис - илъэс мелуан 200-66,5-рэ ипэкIэ къэунэхуар;
•Неотетис - илъэс мелуан 66-14 ипэкIэ щыIар;
•Сармат хы - илъэс мелуан 13-10 ипэкIэ къэунэхуар.

Сармат хым Кърымымрэ Кавказымрэ къызэщIиубыдэу щытащ икIи, Дунейпсо тенджызым къыхэщхьэхукIри, нобэрей ЩIыкурытых, Каспий, хы ФIыцIэ жиIэу зэкIэщIэжащ. Сармат хыр апхуэдэ щIыкIэу зэпыуда щIэхъуам и щхьэусыгъуэу къалъытэр Кавказ къуршхэр къызэрыдэкIуеяращ.

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: