Анадолэ адыгэм и псалъалъэ

Узун-Яйлэ адыгэхэм я дауэдапщэ – джэгу псалъалъэм щыщ

Тыркум ис адыгэхэм я зы хэгъэгу – Узун-Яйлэ (Къайсэр) – и адыгэ дунейм зэ дыхэвгъэплъэж. А дунейр макIуэ, «нэхъыжь кIуэжахэм» я гъуэгу теувауэ, ауэ а дунейр псэущ, и бзэ телъыджэр зыIурылъ нанэ-дадэ Iумахуэхэр диIэжыху. Фи пащхьэ илъ тхыгъэр зи фIыщIэри зи фэеплъри ахэращ – Узун-Яйлэм и нэхъыжь губзыгъэхэу мы хэгъэгу псалъалъэ пычыгъуэр налъэ-налъэу дэзыгъэтхыжахэм. Хэкурыс адыгэхэм фэ фи псыхъуэ щызекIуэ, е щызекIуа псалъэжь фыхуэзэмэ, ар иджыри зэ щыхьэт техъуэнщ IуэрыIуатэр адыгэ лъэпкъым и шхэпсу зэрыщытым.

Ахъшэ зэхэдзэ – нысашэ кIуэнухэр ежьэн ипэ, хьэщIэщым исхэм нысэ къэзыша унагъуэм ахъшэ хузэхадзэ. Хабзэм къыдекIуэкIыу «Тхьэмадэм нэхъыбэ птыныр емыкIус» жаIэ.

Джэгукъутэж – нэхущ уджыр («Тхьэшхуэ уджи» жаIэ) яуха нэужь, нэхъыжьым пшынауэм пшынэр къыIрихырти, ар иIыгъыу утыкум къихьэрт, джэгум хэта, ар зыгъэдэха щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ яхуэхъуахъуэрт, пшынауэм фIыщIэ хуищIырти, абыкIэ джэгур яухырт, «якъутэжырт».

Джэгу таршын (узун-яйлэ хьэтыкъуейхэмрэ абы ягъунэгъуу щыс къэбэрдейхэмрэ хьэтх′акIуэ жаIэ) – джэгур зезыгъакIуэ, къэфэнухэр хабзэм тету къыдэзыш, джэгуакIуэ-хьэтыякIуэ. Таршын псалъэр урыс ‘старшина’-м къытекIагъэнущ (вариантхэмкIэ: истаршын, истрашын, ташын).

Гуащэкъыдэш (Жанкъыдэш,  Ботэщхэ я Жанкъыдэш, Мэртазэхэ я гуащэкъыдэш) – пщым и пхъур (жаныр) къыдашу къызэрагъафэу щыта хабзэмрэ абы и пшыналъэмрэ.

Гущхьэ – гуфэм телъ гущхьэтепхъуэм традэж щэкI плъыжь кIапэ, и лъабжьэм хужь щIэбзауэ, хуэплIимэ кIыхьу, и бгъуитIымкIэ нэхъ псыгъуэу тыкъыритI пыдэжауэ (и кIыхьагъыр сантиметр 70-100 хуэдиз мэхъу). НысащIэр зи пхъум къыщIахыу традэн хуейт. Нэсыжыху гущхьэхъумэ шухэр къыбгъурыту яшэт. Гущхьэм къекIуэу ар трачрэ ирахьэжьэну яужь итт хамэ къуажэ шухэр. Ахэр ягъэфIын папщIэ нысашэ гупым хэт хъыджэбзхэм тын цIыкIуфIэкIу здырахьэжьэт: щIопщ дахэ, бэлътоку, чысэ хэдыкIа, н.

Уи нысэ и гущхьэм «къеIэныр», ар пфIахьыныр узыфIэмыкIыжыну щхьэкIуэт, ар езыхьэжьам кIэлъысу яукIынри хэлът. Ауэ гущхьэр тезычахэм ар я къуажэ нахьэсыфамэ, зэфIэкIат. КъэщэхужыпIи сыти иIэтэкъым, лIыжь гуп лIыкIуэ ящIу лIыжь унафэкIэ (лIыфIIуэхукIэ) къамыхьыжмэ. Абы къыхэкIыу гущхьэр зымыхъумэфа шу гупыр Iейуэ емыкIу, ауан къащIырт.

Гущхьэр течауэ («гуфэпцIанэу») къуажэм удыхьэжыным нэхъ укIытэгъуэ щыIэтэкъым. Нэхъыжьхэм я зы псалъэкIэ жыпIэмэ, «гущхьэр нысэм и нэмысщ, и пшэкIухьщ». Гущхьэм хуэбгъадэ хъуну нобэ къокIуэ нысашэ машынэхэм трапхъуэ щэкIыр. ИгъэзащIэ дауэдапщэ къалэнымкIэ гущхьэр бгъэдэтщ нысашэ бэракъ плъыжьым.

Гущхьэхъумэ – гущхьэр ихъумэу нысэр зэрыс гуимэм бгъурыт шу гуп. Гулъэмыжкъутэ – унэишэм деж уэредадэр жызыIэ щIалэ гупым лъэбакъуэ зыбжанэ яча нэужь «Гулъэмыжыр къутас!» жаIэти, п1алъэк1э зэщIэувыIыкIт. Абдеж джэгур зи джэгу унагъуэм Iэнэ, е нэгъуэщI зыгуэр уэредадэм и егъэжьэжыпщIэ хуэдэу къахьын хуейт.

Псалъэм папщIэ, щауэм и адэшыпхъухэр къагъафэти («къагъэшэшэнти»), къызэрыфам папщIэ тазыр тралъхьэжт. Нысашэ уэредадэр жызыIа щIалэхэм яужькIэ зэхэс ящIыжти ахэр зэдыраф-зэдашхыжт.

Жанкъыдэш – Гуащэкъыдэш. Жэназы Iэ Iэт (Iэ сэмэгу Iэт) –  нэщхъеягъуэм епха дауэдапщэм щыщ хабзэщ. ЛIэныгъэ зиIэм гузэвакIуэ къахуэкIуа гупым зылI нэхъыжь къыхокIри, хуэмурэ и лъакъуэ сэмэгумкIэ лъэбакъуищ къеч. Зыхуэщыгъуэхэм я деж и гупэр гъэзауэ и Iэ сэмэгур хуэмурэ къеIэт. Iэ IэтыкIэм къеIуатэ хьэдэм и уэндэгъуагъыр (псэуху иIа пщIэр):  Iэ тхьэмпэр жьэгъум нэс зыхуаIэтыр унэ хьэдэщ, нэзэрыхъэм нэсу иIэтмэ – къуажэ хьэдэщ, щхьэщыгум хуэфIу дриIэтеймэ – жылэ хьэдэщ.

Иныкъуэм зэраIуатэмкIэ, мыр цIыхур лъэпкъ-лIакъуэкIэ зэхэгъэжыным (пщыгъэ-уэркъыгъэм) епхащ. Адрейхэм зэрыжаIэмкIэ, лъэпкъ-къупщхьэ емылъытауэ дунейм ехыжам и псэукIам, хабзэрэ цIыхугъэу хэлъам, цIэрыIуэу зэрыщытам елъытащ. Нэхъ тэрэзу жыпIэмэ, иужьрей зэманым (феодал системэм и кризис къежьэгъуэм, ар блэкIа нэужь) еплъыкIитIри хабзэм зэдыхэлъащ.

Зэрызафэ – Махъсымафэ. Нысэм щхьэрыпхъуа щэкI пIащIэр («шейтIан фэкъур») техын хабзэр. Нысашэ хабзэхэм щытепсэлъыхькIэ, абазэпхъу – къэбэрдей нысэхэм я бзэм къыхохуэ. Хэкурыс адыгэхэм яIэ «хъытех» хабзэмрэ псалъэмрэ хуэдэщ.

КъуажэщIалэхьэкъ (къуажэщIалэIыхьэ, къуажэщIалэпарэ) – нысашэ гупым къыздахь дауэдапщэ ерыскъы, фадэ, ахъшэ сытхэр, къуажэ щIалэгъуалэхэм хуагуэшын папщIэ здырахьэжьэр. Сыт щыгъуи яфIэмащIэ хъурти, абы джэгу, зэныкъуэкъу, зэдауэ кърагъэкI хабзэт.

Къыдэдз (къыдэху, къыдэх′) – цIыхур Iуву, къэфэгъуэ чэзур къалъымысу джэгу таршыным къыдимыш щыхъукIэ, и ныбжьэгъур е и хьэщIэр бысымым къигъэфэну къыдидзт.

МастэхэIу – гущхьэр тезыдэ хъыджэбз хьэщIэхэм джэгуурэ мастэ хаIурт.

Пащты (Мыжей) Мадинэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат.
Поделиться:

Читать также: