Дамыгъэхэмрэ тхыпхъэхэмрэ зыхэухуэна фэилъхьэгъуэхэр

Зэпымыууэ щIэщыгъуэ лъы­хъуэ, зыужьыныгъэм ­хущIэкъу, щIэхэм зезыпщыт, ре­спубликэм и цIэр щIыпIэ жы­жьэхэм фIыкIэ щызыгъэIухэр ди мащIэкъым. Ап­хуэдэщ зи гугъу фхуэтщIыну дизайнер щIалэ БжьыхьэлI Заури. 

БжьыхьэлI зэкъуэшхэм - Зауррэ Замиррэ – 2012 гъэм къыхалъхьауэ щыта KAV­KAZVISION SONG CONTEST уэрэ­джы­IакIуэхэм я дунейпсо музыкэ проектыр республикэ 18-м я бюджетым хагъэхьащ. Зэпеуэ гъэщIэгъуэным я зэфIэкI щеплъыжащ Кавказ Ищ­хъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъэгухэм, Краснодар крайм, Адыгэ, Осетие Ипщэ, Абхъаз республикэхэм, Москва къалэм щыщ щIалэгъуа­лэр. 
Ижь-ижьыж лъандэрэ я фэилъхьэгъуэхэмкIэ лъэпкъ­хэр зэхацIыхукIыу къэгъуэгурыкIуэми, ди нэгу щIокI ди адыгэ фащэм и дахагъэм дуней псор зэритхьэкъуар, язы­ныкъуэхэм ар къызэращтэпар. Пэжщ, тхыдэм уриплъэжмэ, щхьэусыгъуэ гуэрхэм къыхэкIыу лъэп­къым фащэр IэщIыб щищIаи къэхъуащ. Иджы гуапэщ абы и пщIэмрэ и щIыхьымрэ зэри­гъуэтыжыр, псом хуэмыдэу иужьрей илъэс­хэм нэхъыжьхэми щIалэгъуалэми я гупэр фащэм зэрыхуагъэзэжам гу лъыботэ. Лъэпкъ фащэр адыгэм зетхьэжыныр щIыхь зыпылъ Iуэхуу зэрыщытыр зэрызыхащIыкIыр къэзыгъэлъагъуэщ, щIалэгъуалэм ар зэрызыщатIэгъэжамрэ абы и махуэр зэрагъэлъапIэмрэ. Нэхъыщ­хьэращи, ди лъэпкъ фащэм, анэдэлъхубзэм, ныпым я махуэхэр гъэ къэс догъэлъапIэ.
Махуэ къэс ди фэилъхьэ­гъуэ хъуар яда хьэзыру ящэхэрщ. Илъэс зыбжанэкIэ Германием щыпсэуну, цIыху­хэм я зы­хуэпэкIэм кIэ­лъып­лъыну къы­зыхуихуа Заур къелъытэ  адыгэхэр нэгъуэщIхэм дыкъы­зэрыхацIыхукI зы­хуэ­пэкIэ ди­Iэн, абы папщIэ лъэпкъ фащэм и нэщэнэхэр зыдэплъагъу, хьэзырхэр къы­щыгъэсэбэпа, ди тхыпхъэ­хэмрэ дамыгъэхэмкIэ гъэ­щIэрэщIа щыгъынхэм елэ­жьын хуейуэ. 
БжьыхьэлIым къалэн зыщищIыжащ и лъэпкъэгъухэм я зыхуэпэкIэм хэлъ дахагъэр ипэкIэ игъэкIуэтэну, абы нэхъри зригъэужьыну. Гу зылъитэ щыгъын хьэзырхэр игъэдахэ ­къудей мыхъуу, абыхэм псэ­щIэ яхелъхьэ, ди лъэпкъ тхыдэм ухигъэгъуазэу къегъэ­щIэ­рэ­щIэжри. Ар куэд и уасэщ, зи щIыкIэкIэ зэщхьэщыкI щыгъын щIэщыгъуэхэр иджыпс­ту зэрыгъуэтыгъуейр къэп­лъытэмэ.
Фэилъхьэгъуэхэр игъэдахэ къудей мыхъуу, Заур ди тхыдэм пыщIа Iуэхугъуэхэр къыгуэ­хыпIэ имыIэу хигъэзэгъащ и IэдакъэщIэкIхэм. Ап­хуэдэщ ди щхьэм кърикIуа лъэпкъ гъ­экIуэдым теухуауэ игъэхьэзыра щыгъынхэр, щыгъуэ-щIэж махуэм ирихьэлIэу зэлэжьхэр. Апхуэдэ фэилъхьэгъуэхэм лъабжьэ яхуищIащ адыгэхэм ди вагъуэ пщы­кIутIыр, шабзэхэр, 1864 гъэ, накъыгъэм и 21 бжыгъэхэр, адыгэ фащэ зыщыгъ, Iэщэхэр зыпщIэхэлъ дзэзешэ цIэры­Iуэхэм, лIыхъужьхэм я сурэтхэр е а зауэр уигу къэзыгъэ­кIыж Iуэхугъуэ гуэрхэм ятеухуа тхыгъэхэр. «Гуащэ», «шы ­къарэ», нэгъуэщI шэрджэс псалъэхэр е псалъэуха хъу тхыгъэхэр урысыбзэкIи ин­джы­лызыбзэкIи дыщэ Iуда­нэкIэ щыгъынхэм тритхэурэ хедыкI, хьэрфхэр зэ­хэ­щIы­кIы­гъуэу икIи къе­джэ­гъуафIэу. КIэ­­щIу жы­п­Iэмэ, и лэ­жьы­гъэхэм шэр­джэсхэм ятеухуа куэд хеу­хуанэ.  ­Къи­­­щы- ­нэ­мыщIауэ, игъэ­хьэзыращ «Кабар­динка» къэ­рал академическэ ансамблыр утыку зэритыну фэилъхьэгъуэхэр, бзылъхугъэ­хэм я сумкэ телъы­джэхэр. И Iэдакъэ къы­щIэкIа щыгъынхэмрэ хьэп­шыпхэмрэ хуигъэув уасэр зэ­лъытар щэкIым и фIагъырщ. 
- Зым и дежкIи щэхукъым иджырей ди фэилъхьэгъуэ­хэм дызэрыадыгэм и нэ­щэнэ гуэри зэрахомылъагъуэр. Жы­жьэу узэIэбы­кIыжмэ, адыгэхэм къахуэгупсысырт ахэр Iэп­кълъэп­къым дахэу екIуу икIи зехьэгъуафIэу. Иджы­ри апхуэдэ зэфIэкI дызэриIэр си фIэщ мэхъу. Пасэрей фащэ дыдэхэр ­мы­хъуми, абыхэм я кIапэлъапэхэр зыхэлъ, махуэ къэс щыптIагъэ хъун хуэдэу иджырей щыгъынхэр согъэ­хьэзыр, ди лъэпкъ дамыгъэхэмрэ тхыпхъэхэмкIэ согъэдахэ. Къыхэзгъэщыну сы­хуейт си лэжьэгъу Балъкъэр ­Аслъэн си жэрдэмхэр къы­зэ­рыздиIыгъыр, дызэчэнджэщурэ ди Iуэхухэр зэрыдгъэ­кIуатэр. Гукъыдэж къызэзытыр абыхэм щIэупщIэ зэраIэрщ, цIыхухэм къызэращтэщ, си IэщIагъэр зэращхьэпэрщ, - жеIэ Заур.
БжьыхьэлIым и лъэпкъым ­хуиIэ лъагъуныгъэм и мыза­къуэу, и гум и хуабагъэм, и псэм и къабзагъэм щыщ и лэжьыгъэхэм хелъхьэ. Аращ ахэр къыщIехъулIэм и щэхури. И псэм фIэфIу зи ужь ихьа мы лэжьыгъэм ар хуабжьу дихьэхауэ йолэжь. ГъэщIэгъуэныр, адыгэхэм къадэкIуэу, нэ­гъуэщI лъэпкъхэм ящыщи абыхэм къызэрыщIэупщIэрщ. Къехъу­лIэмэ, и Iэдакъэ къы­щIэкIа щы­гъынхэр зы­щIэлъ тыкуэнхэр щIы­налъэ зэ­мы­лIэужьыгъуэ­хэм къы­щы­зэIуихыну Заур и мурадщ.
Зыщыщ лъэпкъым и нэщэнэ гуэр зыхэлъ фэилъхьэгъуэхэр зезыхьэхэм ящIэ абы гупсэхугъуэрэ дэрэжэгъуэу къаритыр къызэрыIуэтэгъуейр. Аращ БжьыхьэлI Заур и лэжьыгъэхэр куэдым ягу щIыды­хьэри. 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: