Щэнхабзэр зыгъэбей, утыкур зыгъэдахэ

ДифI догъэлъапIэ

УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Шэрджэс Iэсият и ныбжьыр иджыблагъэ илъэс 55-рэ ирикъуащ. Шэрджэсыр Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ Хьэбэз къуажэм къыщалъхуащ. Черкесск къыщиухащ макъамэкIэ школымрэ училищэмрэ. Дон Iус Ростов Рахманиновым и цIэр зэрихьэу дэт консерваторием щеджащ. Ар Налшык дэт Музыкэ театрым и лэжьакIуэ пажэхэм ящыщщ. Ди гуапэу деуэршэрылIащ уэрэджыIакIуэм.-

- Iэсият, уи IэщIагъэр къыхэпхыным сыт къежьапIэ хуэхъуар?

- Унагъуэм къыщежьащ, си сабиигъуэм къыздисхащ. Унэм Бах, Моцарт сымэ я макъамэ къыщеуэрт зэпымыууэ. Макъамэ школым, макъамэ училищэм сыщеджащ, Ростов консерваториер диплом плъыжькIэ къыщызухащ. КIэщIу жыпIэмэ, илъэс 17-кIэ сыхуеджащ си IэщIагъэм. Ар къыхэсхыным си адэрат сытезыгъэгушхуар. Езыр зоотехникт, ауэ макъамэр и псэм хэлът: илъэс 20-м щIигъукIэ «Iэдииху» ансамблым уэрэджыIакIуэу хэтащ, адыгэ уэрэдыжьхэр зэхуихьэсын фIэфIт, макъамэ Iэмэпсымэхэм Iэзэу еуэрт, тхылъ куэди къыдигъэкIащ - Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэтащ. Си анэри пшынауэ Iэзэщ, и IэщIагъэкIэ дохутырми. ЖыпIэнумэ, макъамэ къызыщIэIукI унагъуэ сыкъыщыхъуати, сэри абы сыдихьэхащ.

- Театрым щыбгъэзэщIа, щыбгъэзащIэ ролхэм я гугъу уэзгъэщIынут…

- Япэрауэ, къыхэзгъэщынут мыр: цIыхуфIи цIыху Iеи я роль къыплъагъэсынкIэ хъунущи, абы ухуэхьэзырын хуейщ. Театрым щыбгъэзэщIэнур къыпхуагъэфэща ролырщ. «Сэ мыбы сыхуейкъым»,- жыпIэну къезэгъыркъым. Сэ, псалъэм щхьэкIэ, Листов и «Севастопольский вальс» - м хэт Нинэ и ролыр къыщызатам, Iэнкун сыкъэхъуат, абы и хьэл-щэныр сигу ирихьыртэкъыми. ИтIанэ, сеувалIэри, ар зыгуэркIэ бгъэзахуэ хъуххэнумэ, Iэмалу щыIэр къэзгъэсэбэпащ, театреплъым цIыхубзыр игу иримыхьми, фIэгуэныхь хъун хуэдэу. Языныкъуэ цIыхухэм ролымрэ уи гъащIэмрэ зэрапх, апхуэдэу ущыщыт къафIощI. Ар тIэкIу си жагъуэ мэхъу. Си ролхэм ящыщу нэхъ гугъу сызыдехьари нэхъ сигу къинэжари консерваториер къыщызух илъэсым Пуччини и «Мадам Баттерфляй» оперэм сызэрыщыджэгуаращ. Америкэм щыщ капитанымрэ Японием щыщ хъыджэбзымрэ я лъагъуныгъэщ ар зытеухуар. Оперэр щызэпкърысхым, Японием щыпсэухэм я хьэлхэм щыщ куэдым хэслъэгъуащ адыгэ щэн. СфIэгъэщIэгъуэн дыдэу селэжьат: ди курсым сэ зырат адыгэу щIэсри, роль нэхъыщхьэр къыщыслъагъэсам, си адэ-анэр хуабжьу щыгуфIыкIат. Абы лъандэрэ илъэс 26-рэ хъуауэ согъэзащIэ, мадам Баттерфляй къызэрихьэ ариер («Ария надежды»). Ларинэ Татьянэ («Евгений Онегин»), Лацэ («Къамботрэ Лацэрэ») я ролхэри нэхъ сфIэфI дыдэхэм ящыщщ.

- Театрыр нобэ зэрыт щытыкIэм арэзы укъищIрэ?

- СыкъищIыщэу схужыIэнукъым. ДызэхэпсэукI зэманми абы ижь къыщихуу къыщIэкIынщ. Ауэ, ЩэнхабзэмкIэ министр Къумахуэ Мухьэдин и къару къызэрихькIэ гулъытэ къытхуещI, и нэIэ дыщIигъэтщ. Езыри икIи артистщи, ди лэжьыгъэм и пIалъэр хъарзынэу къыгуроIуэ. ЗыгуэркIэ зыхуэзыгъэзахэр зэи къигъэщIэхъуакъым.

- Театрым и цIэр фIыкIэ зыгъэIур абы и лэжьакIуэхэращ, дауи…

- Ди Музыкэ театрыр Кавказ псом щыIэм къахэщу апхуэдэщ. Псалъэм щхьэкIэ, Къэрэшей-Шэрджэс филармонием зы камернэ оркестр закъуэ иIэу аращ. Симфоние оркестр щыIари лэжьэжыркъым, Даур Аслъэн дунейм зэрехыжрэ. Москва, Санкт-Петербург, Ярославль къалэхэм, Абхъазым, Тыркум, Израилым - куэдым сыщыIащ. Сэр-сэру ди театрым и уэрэджыIакIуэхэр абыхэм щызэхэсххэм езгъапщэрти.., дыдейхэр зыхэзбжэр нэхъыфI дыдэхэрат. Хъупсырджэн Албэч, Батыр Мухьэдин, Ташло Алий сымэ уедэIуэныр сыт и уасэ!

- Иужьрей зэманым театрым лэжьэну нэкIуахэр я щIэныгъэкIэ сыт хуэдэ?

- Театрым щIалэгъуалэ еджа, IэщIагъэр зыхэзыщIэ, макъ дахэ зиIэ куэд къокIуэри, абы егъэлеяуэ срогуфIэ. Абыхэм я цIэхэр дяпэкIэ утыкум щыIунущ. Нэрылъагъущ я гум, я псэм фIэфI IэщIагъэр къызэрыхахар. - Япэ дыдэу утыкум щыбгъэзэщIа уэрэдыр пщIэжрэ?

- Тхьэбысым Умар и «Си нанэ» уэрэдыр пианинэм сыбгъэдэсу жысIауэ зэрыщытар сигу къинэжащ.

- Уэрэд лIэужьыгъуэ къэс уи макъыр зэрытебгъахуэр сфIэтелъыджэщ…

- Пэжщ, жыIэкIэ зырызыххэ яIэщ. Зы щапхъэ закъуэ къэсхьынти… Акапеллэ жыхуиIэр сфIэфIщ сэ егъэлеяуэ - макъамэ Iэмэпсыми хэмыту, уи макъ къабзэмкIэ уэрэдыр жыбоIэ. Ауэ ар макъ зэгъэпэща, зэманми тIэкIу ипсыхьа уимыIэу пхужыIэнукъым. Абы ухуеджэни, зыхуэбгъэсэни, зыхуэбгъэхьэзырыни хуейщ. Уэрэд жыIэн IэщIагъэм и гъуэгу кIыхь къызэпыпча нэужьщ абы ущыхуэкIуэр.

- Сытхэм нэхъ уелэжьрэ мы зэманкIэ?

- Уэрэдхэр сотх. КъБКъУ-м и «Амикс» гупым я студием, Къул Амир щIыгъуу, абы сыщолэжь. Си адэр иджыри щыпсэум езгъэлъагъуурэ, «хъунущ» жиIэу сытригъэгушхуэурэ зэхэслъхьат уэрэд зыбжанэ. Тхьэзэплъ Хьэсэн тхьэмыщкIэм и рубаи зытIущми макъамэ хуэстхауэ щыIэщ. Езыри езгъэдэIуат, и гуапи хъуауэ щытащ. ТеатрымкIэ къэбгъазэмэ, иужьу сыхэтащ «Севастопольский вальс» опереттэм. Мы гъэми щIэ гуэрхэр ягъэувмэ, сыхэтыну си гугъэщ. Темыркъан Пётр дежи филармонием сыщолажьэ, романсхэр, ариехэр, адыгэ, урыс цIыхубэ уэрэдхэр жысIэу.

- Адыгэ уэрэдхэм я нобэм дыкъытеувыIэнти…

 - Адыгэ уэрэдыжь дахэхэр, иджырей уэрэд хъарзынэхэр, хьэгъуэлIыгъуэм утемыукIытыхьу щыжыпIэ, къыщебгъауэ хъун уэрэдхэр диIэщ. Ауэ уэрэд цIыкIуитI птхыуэ «уэхьэхьей-уэтэтей, фи хьэгъуэлIыгъуэр згъэдахэнщ» жыпIэу ущIэпхъуэ хъунукъым. Укъигъэгугъэмэ, уи щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ хурикъунумэ, репертуар гъэхьэзыри - итIанэ къэлэжь уи сомри.

- Уи IэщIагъэм епхауэ сыт хуэдэ гукъэкIыж уиIэ? - Сэ къызащIауэ щыта гуэр бжесIэжынщ… Макъамэ школым сыщеджэрт иджыри. Хьэгъундыкъуейм, ар Хьэбэз районым щыщ къуажэщ, концерт щыттыну дыкIуауэ, утыкум уэрэд щыжысIэу, микрофоныр кърачауэ щытащ. Сыгъыу утыкум сыкъижыжыну къафIэщIагъэнт. Пшынауэр Iэнкуну къызоплъ, сэри цIыхухэм сахоплъэ… ЗэпIэзэрыту сыкъикIын хуейт а щытыкIэм - залым щIэсхэм къуагъэз дзыхьым пщIэ имыIэу хъунутэкъым. Микрофоныр згъэтIылъри, си макъкIэ жысIауэ щытащ. НэхъыфIыжу IэгуауэкIэ саIэтат, пэжым ухуеймэ. Си макъри згъэунэхужат – къызгурIуат къару гуэр зэриIэр. Сэ а Iуэхум дерс къыхэсхауэ щытащ.

- Сыт хуэдэ хъуэпсапIэхэр уиIэ, Iэсият?

- Дыузыншэмэ, мамыру дыпсэумэ, адрейр псори тхузэфIэкIын защIэщ. Си анэр Тхьэм схуигъэпсэу! Си дэлъхуищым сызэрагъэгушхуэр, абыхэм я бынхэм я ехъулIэныгъэхэм сазэрыщыгуфIыкIыр сыт хуэдэ насып сэркIэ! Сызыхэс унагъуэращи, абыкIи сынасыпыфIэщ - си щхьэгъусэм и бынхэм я ехъулIэныгъэхэми сагъэгуфIэ (сэ езым бын сиIэкъым). Сигу къеуэр си адэр къызэрытхэмытыжырщ.

- Упсэу, Iэсият! УнагъуэкIи IэщIагъэкIи Тхьэм уригъэфIакIуэ!

Епсэлъар НАФIЭДЗ Мухьэмэдщ.
Поделиться: