ЛIыхъужьхэм пщIэ хуащI

Афганистаным советыдзэхэр къызэрырашыжрэ илъэс 30 зэрырикъуам теухуауэ Бахъсэн къалэм пэкIу щекIуэкIащ.

ЗауэлI-интернационалистхэм я фэеплъым деж ягу къыщагъэкIыжащ я Хэкум пэIэщIэу зи къалэныр лIыгъэ яхэлъу зыгъэзащIэу хэкIуэдахэр.
Абыхэм пщIэ хуащIыну къызэхуэсат Бахъсэн къалэ округым и щIыпIэ администрацэм, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, зауэм хэтахэмрэ абы хэкIуэдахэм я благъэ-Iыхьлыхэмрэ, егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ.
ПэкIур къыщызэIуихым, Бахъсэн къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим жиIащ: «Мазаем и 15-р Афганистаным ди советыдзэхэр къыщрашыжа махуэщ. Илъэси 10-кIэ гущIэгъуншэу екIуэкIа зауэм Бахъсэн районым щыщу щIалий хэкIуэдащ. ФIыщIэ ин фхудощI ветеранхэм, иджыри илъэс куэдкIэ узыншэу фытхуэпсэуну ди гуапэщ».
ПэкIум къыщыпсэлъащ Бахъсэн къалэм, Бахъсэн, Дзэлыкъуэ районхэм я дзэ комиссар Сосналы Мухьэмэд. Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я Советым и унафэщI  Абазэ Хъусен махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ зауэлI-интернационалистхэмрэ абыхэм я Iыхьлыхэмрэ.
ПэкIум къекIуэлIахэм фIыщIэ яхуищIащ Афганистаным и ветеранхэм я Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ центрым и унафэщI ЦIыпIынэ Резуан.
Афган зауэм теухуа усэхэм абдеж къыщеджащ Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №№1, 9-хэм щеджэ ныбжьыщIэхэр. Бахъсэн къалэм дэт, ЩоджэнцIыкIу Алий и  цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ унэм и солист Мэршэнкъул Резуан уэрэд жиIащ.
ПэкIум хэтахэр зауэм хэкIуэдахэм дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ, я фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.

Балъкъыз Аминэ.
Поделиться: