Таганрогдэсхэр я унэм щыхагъэзыхьащ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм «Спартак-Налшыкыр» Таганрог щыIущIащ «Форте» -м. Ар нэхъри хьэлэмэт ищIырт хьэрхуэрэгъухэм зэрахэтым нэхъапэм ди командэм и пашэу щытахэу Пащты Русланрэ Машэжь Ратмиррэ. А тIуми хъарзынэу зыкъагъэлъэгъуащ.
Налшыкдэсхэм жыджэру къыщIадзащ турнир таблицэм щыпашэхэм яхэт хэгъэрейхэм драгъэкIуэкIа зэIущIэр. Япэ дакъикъэхэм щегъэжьауэ тепщэныгъэр зыубыда «Спартак-Налшыкыр» ерыщу ебгъэрыкIуэн иригъэжьащ. Топыр мащIэ дыдэу фIэкIа къызыIэрымыхьэ таганрогдэсхэр Iэнкун къэхъуат, я лъэныкъуэмкIэ зыщагъэбыдауэ зыхъумэжыныгъэм нэхъ телажьэрт. ДжэгупIэ губгъуэр хуит къызыхуэхъуа ди щIалэхэм Москаленкэ и гъуэм зэрекIуэлIэн Iэмал зэхуэмыдэхэр къалъыхъуэрт.
«Форте»-м и гъуащхьэхъумэныкъуэ Ахмеджановыр джэгум къыщыхахуам хьэщIэхэм я тепщэныгъэр нэхъ наIуэ хъуащ етIуанэ дагъуэ къыхуащIам къыхэкIкIэ. «Спартак-Налшыкым» и ебгъэрыкIуэныгъэхэм ящыщ зым гъуэм дыхьэ топым щхьэкIэ къригъэгъэзащ хэгъэрейхэм я гъуащхьэтетым. Дакъикъэ зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу бжыгъэр къызэIуихыну IэмалыфI дыдэ къыхукъуэкIат Жангуразовым. Штрафнойм и кум иту ар лъэщу зэуа топыр зымащIэкIэ гъуэм блэлъэтащ.
ЕтIуанэу дагъуэ къыхуащIу КIэдыкIуейр зэIущIэм къыхахури, мыгувэу налшыкдэсхэм я ебгъэрыкIуэныгъэр щIэужьыхащ. Абы къыщыщIэдзауэ джэгур зэпIэзэрыт хъуыжащ икIи бжыгъэр къызэIуамыхауэ зэпIэщIэтыныгъэр иухащ.
«Спартак-Налшыкыр» турнир таблицэм зы увыпIэкIэ щыдэкIуэтеящ зэIущIэм къыщахьа зы очком и фIыгъэкIэ. Ещанэ-еплIанэ увыпIэр зэдэзыгуэшу щыта Мэхъэчкъалэ и «Динамо»-мрэ «Форте»-мрэ зэщхьэщыкIыныгъэ ягъуэтащ Дагъыстэным и командэр текIуэу таганрогдэсхэм очкоитI яфIэкIуэда иужь.
     ЕпщыкIуплIанэ джэгугъуэм и адрей зэIущIэхэм мыпхуэдэ бжыгъэхэр къарикIуащ: «Динамо» (Ставрополь) - «Черноморец» (Новороссийск) – 1:1, «Динамо» (Мэхъэчкъалэ) – «Мэшыкъуэ-КМВ» (Псыхуабэ) – 2:1, «Кубань-Холдинг» (Павловскэ) - «Чайка» (Песчанокопскэ) – 0:1, «Ротор-2» (Волгоград) - «Легион-Динамо» (Мэхъэчкъалэ) – 1:0, СКА (Дон Iус Ростов) – «ЕсэнтIыгу» (ЕсэнтIыгу) - 1:0.
Жэпуэгъуэм и 23-м къыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» и унэ щригъэкIуэкIынущ. Абы къригъэблэгъэнущ Мэхъэчкъалэ и «Динамо»-р.

Жыласэ Замир.
Поделиться: