Иужьрей макъыр жыжьэ къыщожьэ

«Гъуэгуэгъу» (кIахэ диалектымкIэ «гъогогъу») псалъэм адыгэхэм къидгъэкIыр, дызэрыщыгъуазэщи, «нэгъуэщIым дэгъуэгурыкIуэ цIыху» мыхьэнэращ, «гъуэгумрэ» «цIыхумрэ» иризэпытщIэу.
АрщхьэкIэ, езым и анэдэлъхубзэми фIы дыдэу хэзыщIыкI, кIахэ адыгэбзэр джыным куэд щIауэ дихьэх абхъаз щIалэ Дасание Давид гу зэрылъитамкIэ, зи гугъу тщIы мыхьэнэр а псалъэм къидгъэкIынутэмэ, дэ, адыгэхэм, «гъуэгуцIыху» жытIэн хуеящ, ди бзэм и зэхэухуэнэкIэм тетщIыхьмэ. Ауэ щыхъукIи, «гъуэгуэгъу» псалъэм и иужьрей макъ «гъу» - р къыздикIар дэркIэ мыгурыIуэгъуэу къонэ (Дасание Давид къызэрилъытэмкIэ). 
Абхъаз щIалэм зэрыжиIэмкIэ, ар дэркIэ зэрызэхэгъэкIыгъуейуэ къэнэнут, ди бзэм и лъабжьэгъу абхъаз-абазэбзэхэм я дежкIэ демыплъэкIыжатэмэ. Абхъазхэм «цIыхум» щхьэкIэ «гIы-гъы» («ауагIы-ауагъы», «уаю-уагъуу»), абазэхэм «гIвы-гъгъу» жыIэгъуэхэращ ноби къагъэсэбэпыр. Абыхэм апхуэдизу къэIукIэ гъэщIэгъуэн яIэщи, я къэпсэлъыкIэм тIэкIу дащIэдэIукIмэ, «гъуэгуэгъу» псалъэм и кIэух макъым пэджэжрэ дэ, адыгэхэм, ди бзэм хэмытыж макъ пIытIа-хэукъуэдиикIа гуэрхэри зэрыхэтым гу лъыдмытэнкIэ Iэмал иIэкъым (Дасание Давид зэрыжиIэмкIэ). 
БзэщIэныгъэм дихьэх щIалэм зэрытригъэчыныхьымкIэ, япэрауэ, «гъуэгуэгъу» псалъэр жьы дыдэщ, етIуанэрауэ, иужьрей «гъу» - р абхъаз-адыгэбзэхэр нэхъ зэгъунэгъуу щыщыта лъэхъэнэ жыжьэхэм къыщежьащ.

БЭРАУ Бышэ.
Поделиться: