Епэрым и фестиваль

Жэпуэгъуэм и 16-17-хэм Налшык къалэ удз гъэгъахэм я фестиваль щекIуэкIащ.
ЗэгурыIуэныгъэм и утыр плъыфэ псомкIи зэщIэгъэгъат, ауэ псом хуэмыдэу ар ягъэдахэрт абы кърихьэлIахэм я нэгум иплъагъуэ нэщхъыфIагъэм. 
Къалэ Администрацэмрэ «Платформа» зэгухьэныгъэмрэ 2019 гъэм щыщIэдзауэ къызэрагъэпэщ а Iуэху дахэм удзгъэкI Iэзэхэмрэ ландшафт дизайнерхэмрэ кърагъэблэгъат. Абыхэм удз гъэкIыным, абыкIэ щIыпIэхэр гъэщIэрэщIэнымкIэ яIэ зэфIэкIыр зэпеуэу къагъэлъагъуэ. Удзым къыхэщIыкIа псэущхьэ телъыджэхэм, тетIысхьэпIэ гъэщIэгъуэнхэм таурыхъ лъахэм ущыIэу къыпщагъэхъурт. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым имызакъуэу Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Ставрополь щIыналъэм щыщ узгъэкI Iэзэхэр хэтащ а Iуэху дахэм.
Сыт хуэдэ удз лIэужьыгъуи щыбгъуэтынут а махуэхэм фестивалым. Епэр плъыфэбэхэм къищынэмыщIа абы пхъэм, мывэм, цым къыхэщIыкIа хьэпшып цIыкIуфэкIухэр щыплагъунут.
Бжьыхьэ дыщэпсымрэ епэр гуакIуэхэмрэ я фестивалым кърихьэлIа къалэдэсхэм жаIащ ялъэгъуа дахагъэ псоми зэритхьэкъуар, гурэ псэкIэ зэрызагъэпсэхуар.

Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: