Кхъахэ хъуа унэхэм къыщIагъэкI

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий щыIащ Тэрч щIыналъэм. Абы зригъэлъэгъуащ кхъахэ хъуа унэхэм щIэсхэр псэупIэщIэхэмкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIа унафэр зэрагъэзащIэм.

2021 гъэм метр зэбгъузэнатIэу 1374-м нэблагъэ къызэщIэзыубыдэ унэу 33-м щыпсэу унагъуэ 87-м унэщIэхэр хуаухуэнущ.

Абыхэм папщIэ Дей къуажэм ЛIэужьым и цIэр зезыхьэ уэрамым униплI, Тэрч къалэм Лермонтовым и цIэр зезыхьэ уэрамым къатиплIу зэтет унэшхуэ дащIыхь. Ухуэныгъэхэр яухын хуейщ мы гъэм дыгъэгъазэм и 20-м ирихьэлIэу. Дей къуажэм щаухуэ унэхэр зэтелъхьэн яухащ, бжэхэр, щхьэгъубжэхэр халъхьэжащ, псыр, газыр, уэздыгъэр ирашэлIащ. Фэтэрхэм я пэш кIуэцIхэр къращIыкI, зыхуеину псомкIи къызэрагъэпэщ. Тэрч къалэм щаухуэ унэм щыщу къатитIыр яухакIэщ.

Мусуков Алий ухуэныгъэхэр къипщыта нэужь, лэжьыгъэр езыгъэкIуэкIхэм унафэ яхуищIащ нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ Iуэхум яужь итыну, унагъуэ хуэмыщIахэр зэрыхъукIи нэхъ псынщIэу унэщIэхэм щIагъэтIысхьэжыну.

Мусуков Алий мы Iуэху дыдэм теухуауэ щыIащ Май къалэм. Мы гъэм къриубыдэу фэтэр иратын хуейщ унагъуэ 88-м. Лэжьыгъэр зэрекIуэкIым кIэлъоплъ КъБР-м и Правительствэр.

Мусуковым жиIащ ухуэныгъэ ирагъэкIуэкIым и фIагъым арэзы зэрытехъуар, ар ирамыгъэкIакIуэу, лэжьыгъэр нэхъ псынщIэу и кIэм нагъэсын зэрыхуейр.

Ухуэныгъэхэр езыгъэкIуэкIыр «КъБР-ипотека» ООО-рщ. Гъэ кIуам зи гугъу тщIы ухуакIуэ зэгухьэныгъэм унэщIэм щIигъэтIысхьэжащ илъэс куэд щIауэ щхьэегъэзыпIэ ягъуэтыным пэплъа унагъуий.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться: