А Iуэхум теухуа зэIущIэ иджыблагъэ къызэригъэпэщащ КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэхэу Жанатаев Сэлимрэ Къардэн Муратрэ, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу КъБР-м и Парламентымрэ суд IуэхущIапIэхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, комитетым хэтхэр.
КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и уна-фэщI Къэжэр Хъусен жиIащ УФ-м и Президент Путин Владимиррэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ депутатхэм Зэрызыхуагъэзахэм къызэрыхагъэщар къаIэта Iуэхугъуэм зэпымыууэ я нэIэ трагъэтын зэрыхуейр. Абы дыщIигъуащ унагъуэхэр бэIутIэIуншэу зэрыпсэум зэрелъытар цIыху къалъхум и бжыгъэм хэхъуэныр.
КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Романовэ Еленэ тепсэлъыхьащ къэралым унагъуэхэм зэрыщызыщIагъакъуэ Iэмалхэм.
«2013 - 2020 гъэхэм тещIыхьауэ «КъБР-м щыпсэухэм защIэгъэкъуэным и IуэхукIэ» КъБР-м и къэрал программэм теухуауэ» КъБР-м и Правительствэм и унафэр гъэзэщIэ-ным хыхьэу, етхуанэ сабийрэ абы къыкIэлъыкIуэхэмрэ къызыхэхъуа бынунагъуэшхуэхэм (2008 гъэм щIышылэм и 1-м мынэхъ пасэу) хуитыныгъэ ягъуэт анэм хухах щIыналъэ ахъшэр къратыну е я псэукIэр ирагъэфIэкIуэным трагъэкIуэдэну сом мин 250-рэ къыIахыну.
2021 гъэм и мазибгъум къриубыдэу апхуэдэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэм и сертифи-катыр унагъуи 143-м иратащ. Я псэукIэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ къагъэсэбэпыну социальнэ дэIэпыкъуныгъэр яIэрыхьащ бынунагъуэшхуэу 154-м, псоми зэхэту сом мелуан 33-рэ мини I25-рэ хуэзэу.
Къыхэгъэщыпхъэщ бын куэд зыпI унагъуэхэм я пщIэр къэIэтыным хуэгъэзауэ республикэм къэрал дамыгъэ зэрыщагъэувар - «Анэм и щIыхь» медалыр. Бынитхум къыщыщIэдзауэ 10-м нэс къэзылъхуа, зыпIа анэм а дамыгъэм и гъусэу ират сабий къэс хуэзэу сом мини 10. СабиипщIрэ нэхъыбэрэ зыпI анэм къыхуащэху микроавтобус.
2008 - 2020 гъэхэм къриубыдэу «Анэм и щIыхь» медалыр хуагъэфэщащ бзылъхугъэ 347-м. Абы щыщу «Газель» микроавтобус зратар 40 мэхъу.
Илъэс къэс, гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым урысейпсо щIыхьэху щокIуэкI, сабиигъуэр хъумэным зыщIагъэкъуэн мурадкIэ. Абы къыхэкI ахъшэр трагъэкIуадэ унагъуэ хуэмыщIахэм щыщ сабийхэр школ щIэтIысхьэжыгъуэм хуагъэхьэзырыным.
2021 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу, апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэр яIэрыхьащ сабий 3569-м. А Iуэхум текIуэдащ сом мелуани 7-рэ мини 138-рэ (зым сом мини 2 хуэзэу). Абы хеубыдэ сабий зеиншэхэр, адэ-анэм я нэIэм щIэмытхэр, ныкъуэдыкъуэхэр, унагъуэ хуэмыщIахэм щыпсэу сабийхэр.
Къэпсэлъам къыхигъэщащ сабий щапI унагъуэхэм къэралым зэрызащIигъакъуэ щIыкIэм зэрыпащэр. Зы жыпхъэм тет дэIэпыкъуныгъэр яIэрохьэ унагъуэ мин 92,7-м (сабийуэ мини 120,9-м тещIыхьауэ). Абы къищынэмыщIауэ, республикэм япэ сабий къызыхэхъуахэм мазэ къэс зыщыщIагъакъуэ.
УФ-м и Президентым «УФ-м и цIыхухэм я бжыгъэм хэгъэхъуэным теухуа Iэмалхэр» и Унафэм тету, лэжьыгъэр ирагъэкIуэкI сабий ещанэрэ къыкIэлъыкIуэхэмрэ къызыхэхъуэ унагъуэ хуэмыщIахэм мазэ къэс ахъшэкIэ защIэгъэкъуэным ехьэлIауэ (сабийм и ныбжьыр илъэсищым нэсыху). 2021 гъэм и мазибгъум къриубыдэу а дэIэпыкъуныгъэм хуэныкъуэу унагъуэ 4823-м зыхуагъэзащ (сабий 5232-рэ щапI). Абыхэм псоми зэхэту сом мелуан 665-рэ мин 259,9-рэ иратащ.
КъищынэмыщIауэ, илъэсищым къыщыщIэдзауэ 7 хъухэм хухах ахъшэри мазэ къэс ят. Ар унагъуэр зэрыхуэмыщIам тещIыхьауэ, сабийм щхьэкIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуей ахъшэм и процент 50-р, 75-р ират е проценти 100-кIэ зыщIагъакъуэ.
202I гъэм мэлыжьыхьым и 1-м щегъэжьауэ фокIадэм и 30 пщIондэ республикэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и IэнатIэхэм зэрызыхуагъазэ тхыгъэу мин 37,9-рэ яIэрыхьащ, илъэсищым къыщыщIэдзауэ илъэси 7-м нэс хъухэм папщIэ мазэ къэс зэрызыщIагъакъуэ ахъшэм зэрыхуэныкъуэр иту. Абы щыщу тхыгъэ мин 36,3-м хэплъащ, мин 22,07-м арэзы техъуащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу а дэIэпыкъуныгъэр сабий зиIэ унагъуэ мин 40,5-м зэрыратыр.
КъаIэта Iуэхум теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ Шэрэдж, Дзэлыкъуэ, Прохладнэ районхэм, Прохладнэ къалэм лэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэу Батчаев Алим, Къущхьэ Масирэт, Иокерс Наталье сымэ.
КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Безгодькэ Владимир къыхигъэщащ пандемием и лъэхъэнэм министерствэмрэ абы и къудамэхэмрэ я лэжьыгъэр нэхъ гугъу икIи нэхъыбэ зэрыхъуар. Апхуэдэуи депутатхэр щIэупщIащ къэралым унэ зэрит сертификатым пэплъэхэр зыхуэдизым, бынунагъуэшхуэхэм щIы Iыхьэ зэрыхухах щIыкIэм епха гугъуехьхэм, сабийхэм я гъэмахуэм зыгъэпсэхугъуэр къызэрызэрагъэпэщым, нэгъуэщIхэми.
ЗэIущIэм щыжаIахэр къэлъытауэ, зэлэжьыпхъэхэр ягъэбелджылащ.