Электрон паспортхэм дыхуэкIуэнущ

2022 гъэм и кIэ пщIондэ Урысейм и щIыналъищым электрон паспортхэр къыщыдагъэкIыну я мурадщ. Ар QR-код зиIэ гуэдзэну е смарт-картэу щытынущ.

- Сыщогугъ къэкIуэну илъэсым и кIэ хъуху лIэужьыгъуитIым (смарт-картэрэ QR-код зиIэ гуэдзэну) тету паспортыщIэхэр къэралым и щIыналъищым щетын щIэддзэфыну, - щыжиIащ УФ-м и Къэрал Думэм и комитетым и зэIущIэм Урысейм бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министр Шадаев Максут.
Электрон паспортым и фIагъыр япэщIыкIэ щагъэунэхунущ Москва, Подмосковье, Тэтэрстан щIыналъэхэм.
Шадаевым дыщIигъуащ цIыхухэм Iэмал зэраIэнур паспортыр къаIэрыхьэну зэрахуей жыпхъэр - тхылъымпIэу е электроннэу - езым къыхахыну. Ауэ иужьрейр къыхахмэ, мобильнэ гуэдзэн къагъэсэбэпыну Iэмал яIэнущ.
Урысейм Бжыгъэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министерствэм иджыри гъатхэм жиIауэ щытащ 2021 гъэм и дыгъэгъазэм ирихьэлIэу, электрон паспортхэр Москва дэсхэм илъэс 14 ныбжьым къыщыщIэдзауэ яIэрыхьэу ящIыфыну зэрытраухуэр. КъызэрыхагъэщамкIэ, апхуэдэ паспортым чип дэщIыгъунущ, цIыхум теухуа хъыбарыр къыщыгъэлъэгъуауэ - и сурэтымрэ и IэпапIэмрэ илъу.
Урысей псом апхуэдэ Iэмалыр щыхапщэфынущ 2023 гъэм и бадзэуэгъуэм нэхъ фIэмыкIыу.
Министерствэм зэрыжиIэмкIэ, къэралым щыпсэухэм гуэ­дзэныр я телефонхэм трагъатхэмэ, паспортым игъэзащIэ мыхьэнэхэр апхуэдэ щIыкIэкIэ къахуэгъэсэбэпынущ. Псалъэм папщIэ, ар къахуэщхьэпэнущ Къалэн куэд щагъэзащIэ центрхэм IуэхукIэ щыкIуэкIэ, тутынрэ фадэрэ къыщащэхукIэ, ап­хуэдэуи лэжьыгъэ зэгурыIуэныгъэхэр цIыхухэм щызэраухы­лIэкIэ.
Урысейм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм къызэрыщыхагъэщымкIэ, паспортым и жыпхъэщIэр иджыпсту щыIэм нэхъыщхьэу къызэрыщхьэщыкIынур пластикым къы­хэщIыкIауэ ар зэрыщытынум (сурэт тету, и IэпапIэр тегъэ­уауэ) и мызакъуэу, цIыхум и IэщIэдзыр электроннэу абы зэритынурщ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: