БЕСЛЪЭНЕЙХЭР: ЩIЫНАЛЪЭР, ЩЭНХАБЗЭР, БЗЭР

КъухьэпIэ адыгэхэр XVI лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ Кърым хъаныгъуэм и унафэм щIэтащ. КъэралщIыб посольствэм къэбэрдейхэми беслъэнейхэми ятеухуа дэфтэр куэд щIэлъщ. Ахэр нэхъыбэу зэрытхар пасэрей уэсмэныбзэщи, тхыдэ щIэныгъэм ехьэлIа лэжьыгъэхэм къыщагъэщхьэпэркъым. Ауэ щыхъукIэ, абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ XVI лIэщIыгъуэм адыгэхэр зэхэмызэрыхьу лъэпкъ щхьэхуэ-щхьэхуэу гуэшауэ зэрыщытар.

 Ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыпсэу адыгэхэмрэ Къэбэрдеймрэ урыс къэралыгъуэм пыщIа щыхъуар 1550 гъэхэрщ. А зэманым Адыгэ Хэкум икIыурэ Къэбэрдеймрэ Мэзкуурэ лIыкIуэ ягъакIуэрт, езы Мэзкуу къикIахэри а щIыналъэхэм къихьэрт. Ауэ а зэхэзекIуэхэм ятеухуа дэфтэр яхъумакъым, Iэрытххэмрэ къэралщIыб посольствэм къыщыдэкIа унафэхэмрэ я цIэ къыщраIуэ къудейщ. 
XVI-XVII лIэщIыгъуэхэм епха дэфтэрхэми беслъэнейхэм ятеухуа хъыбар ущрохьэлIэ. УрысыбзэкIэ лъэпкъым зэреджэр мыпхуэдэущ: «бесленейцы, бесленейские черкесы, беслинцы, Беслыней». Лъэпкъыр Псыжь адрыщIым зэрыщыпсэури къыщыхагъэщ абдеж дыдэм. 
XVI-XVII лIэщIыгъуэхэм епха урыс дэфтэрхэм Ипщэ-КъухьэпIэ Кавказым и цIэ къыщраIуэм деж, нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр беслъэнейхэмрэ кIэмыргуейхэмрэщ, а лъэпкъитIыр зэрызэпэгъунэгъуми гу лъатэу. Къэбэрдейм теухуа посольствэм и дэфтэрхэм мыпхуэдэ псалъэхэр зэрыт тхылъымпIэ яхэлъщ: «1647 гъэм Кърым хъаныкъуэр кIэмыргуейм пэгъунэгъу Бесней махуэ ныкъуэкIэ щыIащ, Къазий Къэбэрдейм (Къэбэрдеишхуэм) махуищ щрихьэкIащ». 
1633 гъэм къыдэкIа унафэм беслъэнейхэр Псыжь деж щыпсэууэ къыхегъэщ. Ар щыхьэту къоув зи гугъу тщIыхэр къуэкIыпIэмрэ къухьэпIэмкIэ щыпсэуа адыгэхэр зэпызыщIэ лъэмыжу зэрыщытамкIэ.
Тырку зыплъыхьакIуэ Челеби Эвлия беслъэней лъэпкъыр Псыжьрэ Лабэрэ я зэхуакум дэсауэ, иужькIэ, къалмыкъхэм яIэщIэкIын папщIэ, къуршым Iэпхъуауэ жеIэ. 
Адыгэхэр къызытепщIыкIа пщы Инал дунейм ехыжа нэужь, абы и щIэблэр къудамитIу зэгуэкIащ: нэхъыщхьэу къалъытэ, къэбэрдейхэр зыхиубыдэ къудамэр Псыжь и ипщэ Iуфэм къиIэпхъукIри, Псыхуабэ и Iэшэлъашэм тIысащ. Адрейхэр Псыжь пэгъунэгъуу здэщыIа щIыпIэм къэнащ. А хъыбарыр уи фIэщ пхуэмыщIын хуэдэкъым, ауэ абы къыдэкIуэу нэгъуэщIи зокIуэ. Беслъэнейхэр къэбэрдейхэм я гъусэу къэIэпхъуэу, иужькIэ, къэбэрдей псэупIэхэр щагуэшым, беслъэнейхэм еханэ Iыхьэр лъагъэсауэ, къэбэрдейхэр къуэкIыпIэмкIэ кIуэта нэужь, беслъэнейхэм япэм щыпсэуа къухьэпIэмкIэ ягъэзэжа хуэдэу жеIэ етIуанэ хъыбарым. 
Сыт хуэдэ щIыкIэу хъуами, къэбэрдейхэм Кавказ ипщэм щрагъэкIуэкIа зауэ псоми хэтащ беслъэнейхэр. Абы щыхьэт наIуэ хуохъу къэбэрдей Iэщэм и унафэм щIэта абазэхэм къащыщIар: абыхэм ящыщ куэд нобэми беслъэнейхэм я жьауэ щIэтщ. 
Пасэ зэманым щегъэжьауэ, Урысейм зэрыкъуэтынур къэбэрдейхэм къагъэнэIуэху, беслъэнейхэр кърымхэмрэ тыркухэмрэ ягуэувэрт. Ар зэлъытар яубыд щIыпIэрт. Псыжь и Iэгъуэблагъэм ис шэрджэсхэр зэрапэгъунэгъум къыхэкIыу, политикэ и лъэныкъуэкIэ беслъэнейхэм абыхэм пэIэщIэ дыдэ защIыфыртэкъым, динкIэ къатехуэ къэралыр ягъэныбжьэгъуныр нэхъ къэзыщтэ я гъунэгъухэм я ней зыщамыгъэхуэн папщIэ. Пэжыр жыпIэмэ, беслъэнейхэр тыркухэми тэтэрхэми зэпымыууэ япыщIауэ зэи щытакъым. Iуэхур зыIутым елъытауэ, зым дамэгъу щыхуэхъуи, адрейм, едаIуэ хуэдэу къуэды ират пэтми, къэбэрдейхэм ягуэту я дзэхэм щыпэщIэуваи къэхъуащ. 
Беслъэнейхэми къекIащ пщы зэныкъуэкъум я зэран, ауэ къэбэрдейхэм ещхьу гузэвэгъуэшхуэхэм хэхуакъым, ар зи фIыгъэр пщы куэд зэрамыIаращ. Пщы нэхъыбэ здэщыIэ щIыналъэхэр нэхъ псынщIэу дэхуэхырт, зэныкъуэкъур зэрынэхъыбэм къыхэкIыу. 
Беслъэнеипщхэр зи гугъу тщIа Инал и щIэблэм щыщ Къанокъуэ и деж къыщожьэ, «Къанокъуэхэ» унэцIэр щIызэрахьэри аращ. Ауэ езыхэр лIакъуитIу егуэшыж: Щолэхъухэрэ Бэчмырзэхэрэ. Беслъэней щIыналъэри пщы жылагъуитIу егуэш: Щолэхъухэ епхахэм ЩолэхъуейкIэ йоджэ, Бэчмырзэхэ епхам – БэчмырзейкIэ йоджэ. ТIуми зэгъусэу БеслъэнейкIэ йоджэ. 
Къэбэрдейхэм къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ нэхъ къапэгъунэгъуу щысыр беслъэнейхэрщ. Абыхэм яубыд щIыхэр апхуэдэ дыдэу пшэрт, я хъупIэхэри бейт, я теплъэкIи апхуэдэ дыдэу бжьыфIэхэт. Псы куэд щежэхырт абыхэм я хэгъэгум. ЛабитIым я зэхуаку дэлъ щIыналъэрт цIыхухэм псэупIэу нэхъ къыхахыр. 
Беслъэнейхэр я гъунэгъу кIэмыргуейхэмрэ абазэхэмрэ дамэгъу щахуэхъу къэхъурт. Я зэхуаку къаугъэ гуэрхэр къыщыдэзэрыхьи къахуихуэрт. Къэбэрдейхэм хуэдэ дыдэу, беслъэнейхэр вэн-сэным дихьэхыртэкъым, ауэ Iэщ зехуэным хуэIэкIуэлъакIуэт, псом хуэмыдэу мэл гъэхъуныр я мэкъумэш Iуэхухэм щытепщэт. 
 
БЫЖ Алий, 
тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, 
КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик.

 

ЗэзыдзэкIар Чэрим Марианнэщ.
Поделиться:

Читать также: