ЦIыхубэм ягу дыхьэ

    Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэрэшей-Шэрджэсым щIыхь зиIэ и артисткэ Хьэрэдурэ Динэ цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа уэрэджыIакIуэщ. Республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэлъхьэныгъэфI хуэзыщI, цIыхухэм я гукъыдэжым хэзыгъахъуэ бзылъхугъэм илъэс 40-м щIигъуауэ утыкур егъэбжьыфIэ.
Тэрч районым хыхьэ Ислъэмей къуажэм къыщыхъуа хъыджэбзым и адэ-анэр – Хьэрэдурэхэ Мухьэмэдрэ Быцэрэ (Ахърэт нэху Тхьэм къарит) я унагъуэ насыпыфIэм къыхэкIащ. И нэхъыжьхэр къуажэм пщIэ щызиIа цIыхущ, муслъымэн пэжу, къабзэу дунейм тетахэщ. Хьэрэдурэхэ я лъэпкъыр мащIэкъым, зэкъуэту, зэкIэлъыкIуэу, пщIэ, нэмыс я зэхуаку дэлъу, зэпэIэбэу мэпсэу, лъэпкъым и нэхъыжьым и жыIэмрэ и жьауэмрэ щIэту. Динэ къыхиха IэщIагъэмкIэ и адэ-анэр, Iыхьлыхэр къыхуэарэзыт.
- Си анэм сыт щыгъуи чэнджэщ къызиту щытащ екIуу, зэщIэкъуауэ фIэкI утыку симыхьэну, си Iэблэр пцIанэу цIыхухэм я пащхьэм зыкъыщызмыгъэлъэгъуэну. Нобэр къыздэсми абы сытетщ, - жеIэ Динэ. - Зыпхъу закъуэ (Каринэ) сиIэщ. Ар Блийхэ нысэ яхуэхъуауэ Налшык къалэм щопсэу. И IэщIагъэкIэ юристщ. Си пхъурылъху гъэфIэнхэрщ си гурыфIыгъуэр.
    Уэрэдымрэ пшынэмрэ Динэ иджыри цIыкIуу дахьэхащ. Гъунэгъум екIуэкIыурэ пшынэ еуащ япэщIыкIэ. ИужькIэ и адэм Тэрч къалэм пшынэ цIыкIу къыхурихат: «Мы дипхъу нэхъыщIэм дыджэгуурэ зыгуэр къыхэкIынкIи хъунщ», - жиIэри. РадиомкIэ зэзэмызэ къат къафэ, уэрэд зэхуэмыдэхэр пшынэм къизгъэкIырт. ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ жыхуаIэращ, си адэшыпхъу Фаризэт пшынауэ Iэзэу щытащ. Абы сызэрыдэплъеями шэч хэлъкъым. Иджы етIуанэ классым щIэс си пхъурылъху цIыкIум жеIэ: «Нанэ, уэщхьу сэри уэрэджыIакIуэ сыхъуну сыхуейщ, ауэ сэ инджылызыбзэкIэщ зэрыжысIэнур».
     Нэхъ пасэм, Ислъэмей къуажэ клубым щыщылэжьа зэманым, жылэм и художественнэ самодеятельностым и унафэщI IэнатIэм пэрытащ. Абы щыгъуэ Iэщыхъуэхэм концертхэр хуагъэхьэзырт, я нэгу зрагъэужьырт. ИужькIэ Налшык и фэ-галантерее фабрикэм и художественнэ самодеятельностым и унафэщIу илъэс 25-кIэ лэжьащ. Республикэ радиом и фондым иджыри щахъумэ хамэ къуажэхэм, хамэ къэралхэм щыкIуам самодеятельностым хэтхэм зэрызыкъагъэлъэгъуар. Абыхэм зэрадэлэжьам и щхьэр лъагэу ирегъэлъагъуж. Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм щыщыщылэжьа зэманым Германием, Израилым къикI адыгэхэр щIэх-щIэхыурэ ягъэхьэщIэт, ахэр я уэрэдхэм щIадгъэдэIурт, лъэпкъ къафэхэм ирагъэплъырт.
Хьэрэдурэр иужькIэ Культпросвет училищэм щIэтIысхьащ. Ещанэ курсым щIэсу и егъэджакIуэмрэ езымрэ я макъ шэщIыкIэр зэрызэтемыхуэм гу щылъитэм, абы мыпхуэдэу къыжриIауэ щытащ: «Уэ уеджэми уемыджэми лъэпкъым и макъщ уиIэр, адыгэ уэрэдым псэ хыболъхьэ, сыт хуэдэ лъэпкъым щыщми ар зыхищIэнущ».
КIыщокъуэ Алим и «Бгыхэр жейркъым» романым I986 гъэм къытращIыкIа фильмым тешанкIэм ису пшынэ еуэу сызэрыхэтар и гуапэу щIэх-щIэхыурэ игу къегъэкIыж Динэ. Езы фильмыми къытригъэзэжурэ йоплъ.
    ЦIыхухэр зэригъэгушхуэн, гукъыдэж зэраритын, и къуажэр, и лъэпкъыр, республикэр, абы щыпсэухэр зэригъэлъэпIэн, щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIын Iуэхущ и лэжьыгъэр нэхъыщхьэу зытеухуар.
    - Си лэжьэгъухэм гуапэу сахущытыну, нэфIэгуфIэу сахэтыну сыхущIокъу. Адыгейм и Хуэдз, Лашэпсынэ къуажэхэм дыщыIэу Тхьэбысым Умар къызжиIауэ щытар сщыгъупщэркъым: «Динэ, зэчий зыбгъэдэлъ цIыхум зэи зыкъыфIэщIыжыркъым. Уэ цIыхубэм уаIэтащи, упсэуху уи IэщIагъэм урилэжьэфынущ».
Нэхъыжьым и псалъэм ущIэдэIумэ, дерс къыпхухэхынущ. Си адэ-анэм сыщIапIыкIащ цIыхум лей зрихьэ, фыгъуэ хэлъ, пцIыIуэпцIышэу дунейм тет зэрымыхъунум. НэхъыфIыр хабзэ, нэмыс, цIыхугъэ дахэ пхэлъу, уи гур, уи напэр къабзэу дунейм утетынырщ.
Хьэрэдурэ Динэ и уэрэдхэр зытет диск зыбжанэ къыдигъэкIащ. Абы яхэтщ узэдаIуэхэри видеокIэ узэплъ хъухэри. Дэтхэнэ зыми уэрэд I8-20 тетщ. Дапщэщи хуэдэу, иджыпстуи уэрэдыщIэхэр етх, псалъэхэм макъамэхэр ящIелъхьэ, пшынэ йоуэ. ХьэгъуэлIыгъуэ зэхыхьэ куэдым ирагъэблагъэ я гуфIэгъуэр ирагъэIэтыну. Нэхъыщхьэращи, цIыхухэр, езыгъэблэгъа унагъуэхэр мыарэзыуэ я пщIантIэм къыдэкIыжыркъым.
    Динэ къелъэIухэр щыIэщ я жылэм теухуа уэрэд яхуитхыну, псалъэхэм макъамэхэр яхущIилъхьэну, тхыдэм къыхэнэн папщIэ. И гуапэу апхуэдэхэм я лъэIур яхуещIэ. Апхуэдэхэщ Арщыдан, Кушмэзыкъуей, Къулъкъужын, Инэрыкъуей, Джылахъстэней, Болэтей, Ислъэмей, Шытхьэлэ, Дыгулыбгъуей къуажэхэм теухуа и уэрэдхэр. Ахэм къызэрымыкIуэу уегугъун хуейщ цIыхухэм япхъуэтэн папщIэ.
Сэхъу Хьэсэн, Лий Аслъэн, Вындыжь Марие, Щомахуэ Хьэсэнбий, Багъэтыр Нинэ, нэгъуэщIхэми ятха уэрэд дахэ куэди егъэзащIэ. Языныкъуэхэм къалъытэ псалъэри макъамэри къехъулIэу. Макъамэ дахэ игу ирихьакъэ – псалъэ щыщIилъхьэ щыIэщ.  

  
    

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: