ЛЪЭУЖЬ ДАХЭ

Уэхъутэ Абдулыхь къызэралъхурэ 110-рэ ирокъу

Уэхъутэ Абдулыхь шэрджэс литературэм и зэхэублакIуэхэм ящыщ зыщ. И IэдакъэщIэкI купщIафIэхэмкIэ абы лъэкIащ лъэпкъ прозэми усыгъэми заригъэужьын. ЦIыхубэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыным, ар зэуIу щIауэ къыдэгъэкIыным зи гуащIэ хэзылъхьа Уэхъутэм къехъулIащ IуэрыIуатэр и творчествэм IэкIуэлъакIуэу къыщигъэсэбэпыныр. Абы и щыхьэтщ адыгэ IуэрыIуатэр и лъабжьэу къыдигъэкIа «Джатэ гъуэзэджэ», «Шэрджэс таурыхъхэр» тхылъхэр.
Уэхъутэ Абдулыхь Нащхъуэ и къуэр 1909 гъэм мазаем (февралым) и 25-м Хьэбэз районым щыщ Беслъэней (Тхьэстыкъуей) къуажэм къыщалъхуащ. Зи сабиигъуэри зи щIалэгъуэри зэман гугъусыгъум хиубыда Абдулыхь тыншакъым. Пасэу адэншэу къанэри, «Вы зимыIэм шкIэ щIещIэ» жыхуаIэу, зи Iэпкълъэпкъыр иджыри зэрымыубыда щIалэ цIыкIум и пщэ къыдэхуащ унагъуэ Iуэху хьэлъэхэр. Махуэм лэжьыгъэм сыт хуэдизу иримыгъэшми, абы зы гурыфIыгъуэ иIэт - ар пщыхьэщхьэкIэрэ дадэ жьакIэхухэм яIуатэ таурыхъхэм, хъыбарыжь телъыджэхэм, зэпадзыжу жаIэ уэрэдыжьхэм щIэдэIунырт. ЩIэдэIум къыщымынэу, ахэр и гум ириубыдэрт. Шэч хэмылъу, а зэманырщ Абдулыхь лъэпкъ IуэрыIуатэр гукIи псэкIи щызыхищIар, фIыуэ щилъэгъуар.
Уэхъутэ Абдулыхь пэщIэдзэ классхэр къыщиухар я къуажэ еджапIэрщ. ИужькIэ езыр-езыру зи щIэныгъэм хэзыгъэхъуа щIалэр, дзыхь къыхуащIри, а еджапIэм и пэщIэдзэ классхэм егъэджакIуэу ягъэув.
Пасэу тхэн щIидзами, Уэхъутэм и тхыгъэхэр къытрадзэу щыщIадзар 1934 гъэрщ. Шэрджэс тхакIуэхэм я тхыгъэхэр щызэхуэхьэсауэ а гъэм къыдэкIа «Ди къарур догъэунэхуж» сборникым ихуат абы япэ дыдэу и къалэмыпэм къыщIэкIа «Алий» рассказыр.
Тхэным дихьэха щIалэщIэм егъэджакIуэ лэжьыгъэр къегъанэри Черкесск къалэм къоIэпхъуэ икIи «Шэрджэс плъыжь» газетым мэув. Абы щыгъуэщ Абдулыхь и тхакIуэ зэфIэкIым зыкъыщызэкъуихар. Газетым ар иригъэсащ набдзэгубдзаплъэу гъащIэм хэплъэу, дэтхэнэ къэхъукъащIэми хуэфэщэн щытыкIэрэ еплъыкIэрэ хуиIэу икIи ахэр бзэ шэрыуэкIэ къиIуэтэжу. Адыгэ газетыр Уэхъутэм къыхуэхъуащ егъэджакIуэ щыпкъэ, чэнджэщэгъу акъылыфIэ.
1934 гъэм Уэхъутэ Абдулыхь СССР-м и ТхакIуэхэм я союзым хагъэхьащ. Ар щытащ республикэм и тхакIуэ организацэм и унафэщIу, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и лэжьакIуэу, «Черкес пэж» газетым культурэмкIэ и отделым и унафэщIу.
1939 гъэм Абдулыхь урысыбзэкIэ къыдигъэкIащ адыгэ шыпсэхэр щызэхуэхьэса «Волшебная сабля» тхылъ гъэщIэгъуэныр. ИужькIэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ жанркIэ зэхуэмыдэ тхыгъэ хьэлэмэт куэд.
Уэхъутэм и щIыхьыр лъагэу иIэтащ «Хужьэ и къуэладжэ» поэмэ уахътыншэм. А тхыгъэмкIэщ шэрджэс поэмэр къэрал утыку зэрихьар. Абы къыкIэлъыкIуащ «Сэфралыкъуэ и бгъуэнщIагъ», «Мэрем къыщалъхуа махуэ», «Хьэтхым и къуэ Мыхьэмэт» поэмэхэри.
Уэхъутэр Хэку зауэшхуэм щыгъуэ щхьэмыгъазэу бийм пэщIэтащ, генерал Доватор и шуудзэ цIэрыIуэм хэту.
Уэхъутэ Абдулыхь япэу щыслъэгъуар, сыщыхуэзар институтым сыщыщIэсаращ. Абы и творчествэр дджыти, ди нэ къикIырт тхакIуэшхуэр зэдгъэцIыхуну. Ар ди насып къихьащ, «Iэсият и мывэ» тхыгъэ цIэрыIуэмкIэ екIуэкIа щIэджыкIакIуэ конференцым Абдулыхь къыщрагъэблэгъам. Иджыпсту слъагъу хуэдэу си нэгум щIэтщ тхакIуэшхуэм и теплъэр. ЛIы щхьэпэлъагэтэкъым икIи цIыкIутэкъым, и нэгу зэлъыIухам угъурлыгъэ иплъагъуэрт, зы фIыцIагъи хэмыту и щхьэцыр зэфэзэщу тхъуат.
Студентхэм упщIэ куэд иратащ Уэхъутэм. Нэхъ жыджэру къытхэтыр иужькIэ «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ хъуа Дэбагъуэ Мухьэмэдт. Нобэр къыздэсым сщыгъупщэркъым тхакIуэ IэщIагъэм и щэхухэм теухуауэ Уэхъутэм къыджиIэгъахэр. Илъэсхэр дэкIри, «Iэсият и мывэм» Дэбагъуэ Мухьэмэдрэ Абдокъуэ Маталиорэ спектакль къытращIыкIащ, икIи ар зэман кIыхькIэ ди театрым щагъэлъэгъуащ.
 «Iэсият и мывэм» хуэдабзэу, тхылъеджэхэм псынщIэу къапхъуэтат, хуабжьуи гунэс ящыхъуат «Теджэнокъуей къуажэ» повестыр. Ар Абдулыхь и иужьрей прозаическэ тхыгъэхэм ящыщ зыщ. Повестыр 1975 гъэм адыгэбзэкIэ Черкесск къыщыдэкIауэ щытащ, «Къущхьэ псынэ» сборникым иту.
 ФIыуэ сощIэж Уэхъутэ Абдулыхь дунейм щехыжар. Ар 1971 гъэм июным и 6 махуэрт. А зэманым сэ сыщылажьэрт «Ленин нур» газетым. Дэ зэрыгупу областной филармонием щызэхэта щыгъуэ пэкIум декIуэлIат. ТхакIуэм пщIэ ин зэрыхуащIым и щыхьэту, а пэкIум цIыхушхуэ къыщызэхуэсат.
Уэхъутэ Абдулыхь и анэр къэрэшейти, а лъэпкъым къыхэкIа куэд и ныбжьэгъут. Абы и лъэныкъуэкIэ я цIэ къиIуапхъэщ Хъубий зэкъуэшхэу Уэсмэн, Мыхьэмэт, Назир сымэ. Карачаевск къалэм кIуауэ абыхэм я деж щымыхьэщIэу Абдулыхь къэкIуэжыртэкъым.
Шэрджэс литературэм хэлъхьэныгъэу хуищIам папщIэ Уэхъутэм къыхуагъэфэщащ дамыгъэ лъапIэхэр: «ГуащIэдэкIым и Бэракъ плъыжь», «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденхэр. Черкесск езыр щыпсэуа унэм кIэралъхьащ фэеплъ пхъэбгъу, и цIэр щIыпIэ еджапIэм фIащащ, и фэеплъи къуажэм щагъэуващ. ТхакIуэшхуэр къызэралъхурэ илъэси 100 щрикъу махуэр Iэтауэ щагъэлъэпIауэ щытащ езыр къыщалъхуа къуажэм. Абы къекIуэлIахэм яхэтащ къэбэрдей тхакIуэхэу КхъуэIуфэ Хьэчим, Хьэх Сэфарбий, Джэрыджэ Арсен, Налшык щыпсэу ди лъахэгъу, щIэныгъэлI БакIуу Хъанджэрий сымэ. Шэрджэс тхакIуэ нэхъыжьыфIым щIэджыкIакIуэхэм къахуигъэнащ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къыдигъэкIа тхылъ зыбжанэ: «Усэхэмрэ поэмэхэмрэ», «Къуэшыгъэм папщIэ псалъэ», «Насып», «Хужьэ и къуэладжэ», «Iэсият и мывэ», «Джатэ гъуэзэджэ», «Сэтэнейр къыздэгъагъэм», «Жэщ мазэгъуэ», «Псыхъуэ гъагъэ», «Шыхулъагъуэ», «Тхыгъэ къыхэхахэр», «Шу щыпкъэ», нэгъуэщIхэри.
Уэхъутэм и тхыгъэхэр триухуащ лъэпкъым и гъащIэр къызэрекIуэкIар зэрыщыта дыдэм хуэдэу пэжу икIи убгъуауэ къэгъэлъэгъуэжыным, цIыхугъэ лъагэмрэ Хэкум и щIыхьымрэ гъэлъэпIэным, лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным.
Уэхъутэм и IэдакъэщIэкIхэм пщIэшхуэ хуащIу тетхыхьащ Бэчыжь Лейла, Хъупсырокъуэ Хъызыр, Пщыбий Инал, АбытIэ Светланэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
Уэхъутэ Абдулыхь и тхыгъэхэмкIэ къыпищащ Абыкъу Хъалид, ДыщэкI Мухьэмэд, Тобыл Талъустэн, Темыр Сэлихь сымэ литературэм щыхаша лъагъуэ узыншэм.

КЪАНТЕМЫР Тыркубий,
Урысей Федерацэмрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ.

УЭХЪУТЭ Абдулыхь
Теджэнокъуей къуажэ
Повестым щыщщ

Ныбжьрей адыгэ щIыналъэм, Кавказ къуршхэм щыщыIэщ зы ауз дахэ дыдэ. Ар ихъуреягъкIэ къаувыхьащ зи нэкIу задэхэр мэз мычэ инкIэ сея бгы плъыжьыфэ щэджащэхэм. БгъэщIагъуэу уоплъ апхуэдэ жыг абрагъуэхэр бгы лъагэ задэхэм зэрыкIэрытым. Мыбдеж сыт щыгъуи уафэр къащхъуэщ, уэмщ. КъыпфIощI мы аузым дыгъэр къыхуэгуапэу, абы къыхэкIыуи, уеблэмэ щIымахуэ махуэ кIэщIхэу щIыIэ уаем ныбжьрей псей жыгхэр щигъачэми, уэсутэ инхэр щэIуурэ гурымыжу бгым къыщехми, мыбдеж дыгъэ бзийхэр гуапэу, хуабэу къодэхащIэу.
Аузым уизышэ гъуэгур къуэладжэ зэвым докI, абыкIэ даущ ин ищIу, Iэлу дож Хуэдз псыр. Зы Iуащхьэкъым къэбухын хуейр, зы къуэладжэкъым къызэбнэкIынур, псыкъелъэ инхэм уахуэзэн папщIэ, абыхэм унэса нэужьи къуршхэм фIыуэ къыщыпкIухьын хуейщ, асфальт гъуэгу лыдыжым гу лъумытэххэу ауз зэв дыхьэпIэм ухуишэн папщIэ. Мис абдежым, бгъэр здэлъатэ лъагагъым уиту уплъэмэ, Iэгум илъым хуэдэу, зэуэ уIуплъэнущ ТеджэнокъуеищIэ къуажэм - дунейм и къэрал куэдым къикI туристхэм фIыщэу ялъагъу щIыпIэм.
Уэ пфIэгъэщIэгъуэн хъурэ: «Дэнэ щыIэ атIэ «Теджэнокъуеижьыр»? - жыпIэу ущIэупщIэмэ, а узэупщIар уи нэм къыщIэплъэнурэ и Iэр ищхъэрэкIэ ишиинущ. Абы къригъэкIри мыращ: «ЩыIащ мес мобыкIэ зэгуэрым, щыIэжкъым, ди гъэпщылIакIуэу щыта Пщыкъани абы и блыгущIэт уэркъхэри зэрыщымыIэжым хуэдэу». Апхуэдэ жэуапым арэзы уримыхъумэ, щIэрыщIэу ущIэупщIэну умыпIащIэ. Ди къуажэм хэгъэрей ущыхъурэ, абы дэс цIыху щхьэхуит насыпыфIэхэм нэIуасэ уахуэхъумэ, лIыжь жьакIэ уэсхэм жаIэу зэхэпхынущ ТеджэнокъуеищIэ къуажэр къыздикIам, абы и япэрей бжэгъур хэзысахэм ятеухуа уэрэдхэмрэ хъыбархэмрэ.
Уэ къэпцIыхунущ Угъурлы дадэрэ абы и пхъурылъху Сэтэнейрэ, къэпщIэнущ апхуэдэ уэрэдгъуо щыпкъэхэр куэд зыщIэ, къэхъунур къэзыщIэф цIыхуу зэрыщытар, илъэс куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ, я щхьэхуитыныгъэм щIэбэну зыкъэзыIэта лэжьакIуэхэм ягъэжа я лъыр пщIэншэу зэрымыкIуэдар.

* * *
ЦIыху гъэщIэгъуэныщэхэщ ТеджэнокъуеищIэм дэс адыгэ лIыжьхэр! Ахэр сыт щыгъуи куууэ, я нэр плъызрэ жыпIэу, хогупсысыхь, Теджэнокъуэ Пщыкъан и пщIантIэм нысашэ хьэгъуэлIыгъуэ щыщыIа бжьыхьэ махуэ жыжьэхэм я хъыбарыр мыгузавэурэ кърагъэжьэным и пэкIэ.
Махуэхэр уэфIт, хуабэт, жэщкIэ мазэ изым Хуэдз уэрым и Iуфэхэр апхуэдизкIэ къигъэнэхурти, мастэ пIэпыхуамэ, къэпщтэжынт. Пщым и къуэм къыхуишат. Жэщих-махуих хъуауэ зэпымычауэ нысашэ джэгур екIуэкIырт. Пщыкъан Iэл арэзыт: нысэу къашар пщы лъэпкъ цIэрыIуэм щыщт. КъехъулIам ирипагэу, и щхьэр ину Iэтауэ зыщытхъуж Пщыкъаным унафэ ищIащ джэгум къэкIуэну хуей псори пэрыуэгъуэншэу къыдагъэхьэну. Къыдрехьэ хэти, ирелъагъу абы и беягъыр, къуажэ гъунэгъухэми, жыжьэхэми къикIауэ иIэ хьэщIэ куэд дыдэр. УнэIутхэмрэ лъхукъэлIхэмрэ Пщыкъан и пщIантIэм къыдалъафэ тIы щэджащэ зизыгъанэхэр, жэмыщIэ пшэрхэр, джэдхэр, гуэгушхэр; ахэр пщIантIэм щыфIагъэж, псынщIэу зэIахри къэкъуалъэу пылъ шыуанышхуэхэм лыр халъхьэ. Зыми щысхьыркъым ахэр, пщыр арэзы ящIмэ, нобэ зыхуэпэжыр ирагъэлъагъумэ, аращ зыхуейр.
Ауэрэ къэсащ ебланэ махуэр, нысашэм и кIэ махуэр. ХабзэмкIэ, а махуэм зэхэтын хуейщ шыгъажэ, джэгухэр, нысэгъэлъагъуэр. Нысэ дахэ зэщыхуэпыкIар и лэгъунэм къыщIашынурэ пщIантIэм къыдашэнущ. Ар ирикIуэнущ фэ лъапIэхэм, къэдабэм иуфэбгъуа гъуэгум. Абы фочхэр щхьэпрагъэунущ, уэредадэ ин хуагъэIунущ.
Пщыкъан и зауэлIхэм яхэту щытщ, хьэщIэхэр зэпеплъыхь. Абы гу лъитащ нысашэм и икIэрей нобэ махуэм и пщIантIэм щызэхуэсахэм Угъурлы лIыжьыр зэрахэмытым.
Зи ныбжьыр илъэс блыщI хъуа Угъурлы адыгэ хэку псом цIэрыIуэ щыхъуа уэрэдусщ, уэрэдгъуощ. А уэрэдхэр абы къуажэ куэдым щыжиIэрт, и шыкIэпшынэр дежьууэ. Угъурлыр хэкум джэгуакIуэу исым я джэгуакIуэжт, и цIэр жыжьэ Iуат, ныбжь инрэ пщIэшхуэрэ зиIэт, икIи абы и лIыгъэм, и щыпкъагъэм, гуеигъэм теухуа таурыхъхэр зэIэпахыу яIуатэрт. Ар и закъуэу псэурт, и пхъурылъху Сэтэней цIыкIу бгъэдэсу. А пщащэ цIыкIури илъэс пщыкIуплIхэм иту хэку псом цIэрыIуэ щыхъуат и IэщIагъэкIэ: сыт хуэдэ щыгъынри идыфырт, дыщэкIэ хидыкIырт, хьэлыуэ ищIырт. А псомкIи абы къылъэщIыхьэн зы фызи, зы пщащи адыгэ къуажэхэм дэстэкъым. Ауэ цIыхубэ псалъэжь щыIэщ: «Бажэм и фэр и бийщ». Аращ Сэтэней пщащи къыщыщIар.
И ныбжьыр илъэс пщыкIуийм иувэу, зи хуэдэ къэмыхъуауэ дахэ щыхъум, цIэуэ Дахэ фIащат. Угъурлы имыIамэ, думп ящIынт Сэтэней - сыт хэлъ пщащэ ибэр бгъэбзэхыным, ауэ, насып иIэщи, къыщхьэщыжын лъэщ иIэщ! Армырамэ, ар IуэхутхьэбзащIэу пщы унэм къыщыхутэнт…
(КIэухыр. ПэщIэдзэр 4-нэ нап.).

Езы Угъурлы кIуакъым нысашэм, ауэ Сэтэней имыгъэкIуэн хузэфIэкIакъым. Абы и пхъурылъху цIыкIур фIыщэу илъагъурт, икIи къилъытащ пщащэр джэгум яхыхьэу и нэгу зригъэужьыным Iей лъэпкъ хэмылъу. ИрекIуэ, яхрехьэ цIыхум, кърефэ! Абы уфIэкIыжынщи, а нысашэм хэтынущ Сэтэней и ныбжьэгъу Ажьджэрий. Угъурлы ищIэрт, хуей хъумэ, Ажьджэрий и пщащэм къызэрыщхьэщыжыфынур.
МахуихкIэ джэгуащ, къэфащ. Сэтэней пщIантIэм дэт псоми ягу ирихьырт. Джэгур щекIуэкIырт пщы унэ бжэIупэм.
Ебланэ махуэм, нысэр ягъэлъэгъуа нэужь, къэфэну къыщIэкIащ хьэщIэ нэхъ лъапIэ дыдэхэр. Абыхэм утыкур яубыдащ, къадэфэхэри уэркъ пщащэхэрт, унэIут пщащэхэр утыкум ихьэну хуиттэкъым. Къуажэ гъунэгъум щыщ джэгуакIуэр, и ныбжьыр зэрыхэкIуэтари, и щхьэр зэрытхъуари щыгъупщэжауэ, къижыхьу утыкум итт, пщыхэм гунэс защищIыным хущIэкъуу. Абы уэрэд жиIэрт, и макъ икIамкIэ къыхэкIиикIыу, къамылым къиIукI къафэм ин дыдэу зимыIэтми, къэжэна лIы гуп абы ежьум я макъыр щIихъумэфырт.
Пщыкъан лъэныкъуэкIэ щытт, тхъугъэ зыхидза и жьакIэм Iэ дилъэу, зи шыгъупIастэ берычэтыр Iэнэм телъ дэтхэнэ бысым хьэлэлым зэрищI хабзэуи, зыми хэпсэлъыхьыртэкъым. Ауэ цей хужьыр зипкъ зэкIужым хуэфIу щыгъ Талъустэн пщы фафIэр къэфэну къыщытехьэм, Пщыкъан хуэшыIакъым, ипэкIэ къэкIуатэри къуажэ гъунэгъум къикIа джэгуакIуэм нащхьэ хуищIащ, нэхъ ину гуо, нэхъ ину щытхъу жыхуиIэу. Ауэ адрейми езым къыгурыIуэххэрт ищIэн хуейри, кIэрахъуэ зэдэуэм хэту, къуажэ псор къигъэдаIуэу кIийуэ щIидзащ:
- ЦIыхухэ, Лабэ псыхъуэ къикIа пщышхуэу Къанокъуэ къофэ! Абы къыдофэ Жанокъуэхэ ящыщ гуащэу дунейм гуащэу тетым я нэхъ дахэр!
Къэфэн иуха нэужь, Къанокъуэм и жыпым зы тхылъымпIэу сомищэ кърихри пщы фэрэкIнапэ къуэгъу гуэрым хуишиящ, джэгуакIуэм иритыну. А ахъшэр езым и IэкIэ джэгуакIуэм IэщIилъхьэныр Къанокъуэ и щхьэ ирипэсакъым. ИужькIэ щхьэщытхъуу и Iэхэр иIэтащ. ЦIыхухэм хуабжьу ягъэщIэгъуащ пщым и жумартагъыр. Абы и пэкIэ джэгуакIуэм кърату щытар мащIэт: сомитхут. Пщым кърита сомищэр - ар шиплI уасэщ.
Абы хэту къэфакIуэхэр зэныкъуэкъуу, зэпеуэу щIадзащ. Зы къызэдэфэгъухэм адрейхэр пщагъэгъупщэу, мафIэхьым хуэдэу, загъэджэрэзу утыкум итт. КъэфапIэм къохьэ Ажьджэрий. Абы цей кIэщI щыгът, хъурыфэ пыIэ фIыцIэ щхьэрыгът, мест зэфIэлъ лъыгът. Дыжьын къамапIэм илъу кIэрыщIа къамэр мащIэу и гупэкIэ къригъэкIуэтэкIащ, абдеж и бгырыпхым тес дыщэ метхэр лыдащ, иужькIэ Ажьджэрий и цеищхъуэкIэ жыпым иIэбащ, сомищэ кърихри джэгуакIуэм хуишиящ. Абы ищIар псоми ягъэщIэгъуащ, Iэнкунахэщ, къамылапщэм къамылыр и Iупэм къыIуихри и нэр къикIауэ щIалэм еплъащ. Талъустэн и блыгущIэт уэркъхэм ящыщ зы губжьым къыхихыу кIиящ, пщы куэдым я къамапIэхэм я макъ къэIуащ, ауэ шыIэныгъэр текIуащ. Ажьджэрий, жьы кIэрахъуэм хуэдэу, утыкум къихутащ. Зэуэ, абы къыхуэкIуэу, къыдэсыкIащ Сэтэней. А тIур апхуэдизкIэ дахэу къафэрти, псоми ялъэмыкIыу Iэгу еуэн щIадзащ. Къамылапщэм зэрылъэкIкIэ къригъэкI къафэ дахэм абыхэм зыдащIырт.
Талъустэныпщыр лъэбакъуэ псынщIэкIэ бгъэдыхьащ фагъуэ дыдэ хъуауэ щыт бысымылIым, икIи и бэуэныр къызэфIэзэрыхьауэ щIэупщIащ.
 - Хэт ахэр? - Джатэгъажэ лъэпкъым щыщ Ажьджэрийщ, - жиIащ зи фэр пыкIа Пщыкъан.
- Пщащэм и цIэр Сэтэнейщ, Угъурлы и пхъурылъхущ.
 - Уи пщылIхэр хабзэншэщ, напэ яIэкъым, - щIыIэу, гуауэу жиIащ Талъустэн. - Уэракъэ уи къуажэм деж тепщэр?
Дыгъэм иригъэзыхат. Ар бгыпэм щытетIысхьэ дыдэм, нысэм и чэзур къэсащ: фэхэм, къэдабэхэм тету ар ирашэжьащ. Дыжьын ахъшэ жьгъей куэд кърапхъыхащ. ПщэфIапIэм деж нысэм и Iупэм фо щыщахуащ. Абы къыщIашыжри, апхуэдэ къабзэу яIэту, лэгъунэм яшэжащ. Абы и ужькIэ шурылъэсым щIидзащ. Зыкъомым шыхэм зрадзри унэм щIыхьэну еуэу щIадзащ, адрейхэм къурагъхэр къащтэри абыхэм къапэуващ. Куэдрэ зэпеуащ ахэр. Къурагъхэр къутэурэ баш кIэщIым хуэкIуащ. ИкIэм-икIэжым шурылъэс еуэхэм ящыщ зы пщыкъуэ гуэрым пхитхъури нысэмрэ абы и ныбжьэгъухэмрэ зыщIэт пэшым яфIыщIыхьащ. Шыр лэгъунэм къыщIинэу езыр къыщыщIэкIыжым, псоми ялъэгъуащ абы и къэптал щIыбыр ехыу къурагъкIэ зэрызэгуаудар. Лэгъунэм къыщIэна шым и сокум пщащэхэм хащIащ кхъуакIэ ин зыIут IэлъэщI, лентIхэр. Шыр щIыбым къыщIашыжа нэужь, пщIантIэм дэт псоми я нэхъыжьым жиIащ:
- ЦIыхухэ, хьэщIэр дэ къытхуэкIуащ къэптал щIэрыпс щыгъыу, ар зэгуэтхъащ, ди къуажэ пщащэхэм ар ядыжын хуейщ. Абыхэм ар ямыщIэфмэ, хэт ахэр зышэнур?
Къэпталыр дыжыныр ауэ къызэрыкIуэ Iуэхутэкъым. Я нэхъ цIыху хэзыщIыкIыр еплъамэ, дыпIэр къимыгъуэтыфыну дыжын хуейт.
 Сэтэней къэпталыр хьэщIэм зэрыщыгъым хуэдэу псынщIэу икIи дэгъуэу идыжри, щIэгуфIыкIыу пщыкъуэм жриIащ:
 - ФIыкIэ зыухьэ!
Ауэ пщы, уэркъ щхьэзыфIэфIхэр я пIэ къизышыпар Сэтэней нэшхуэгушхуэу утыкум къихьэу ищIаракъым. Ахэр игъэгубжьащ шыгъажэм къащытежа щIалэм: ар езыр пщыкъуэу щыт пэтми, псом япэ иригъэщу пщIэ хуищIащ Сэтэнейм. Шыгъажэ бэракъыр къафIихьри, занщIэу Угъурлы дадэ и пщIантIэмкIэ иунэтIщ, бгъэдэлъадэщ, и шыр кIэбдзкIэ игъэтIысу къэувыIэри, бэракъыр пщIантIэм дидзащ:
- Мыр ууейщ, Сэтэней дахэ! - жиIэри.
Шыгъажэм къащытежым хуитыныгъэ иIэт езыр зыхуей дыдэ пщащэм, нэхъ дахэ дыдэу къилъытэм, бэракъыр хуихьыну. Абы зыри тепсэлъыхь хабзэтэкъым. Теджэнокъуей къуажэм дежи зыми шэч къытрихьакъым а щIалэм тэрэз зэрищIам, Пщыкъан закъуэт зэгуэпым ихузар. Iупэ къудейкIэ щIэгуфIыкIыу щыт Талъустэныпщым бгъэдыхьэри абы жиIащ:
 - Къэсынщ си махуэри, сэ а Ажьджэрий и псэр щезгъэнэнщ. Сэтэнейр си унэIут сщIынщ, Угъурлыри къезгъэувэлIэнщ уэрэдкIэ си щытхъу игъэIуну. Апхуэдэу хъунущ, аращ зэрыхъун хуейри, сыту жыпIэмэ аращ сэ сфIэфIыр!

* * *

Пщыкъан зекIуэ къикIыжащ щIымахуэ пщэдджыжьу. Теджэнокъуей къуажапщэмкIэ зы фочауэ макъ къыщыIуащ, Хуэдз псыхъуэр къигъэпсалъэщ, хьэуа диям ирижэри кIуэдыжащ. Ар къэIуащ уафэгъуагъуэ жыжьэм ещхьу, къуажэдэсхэри мыщхьэусыгъуэншэу къыхэщтыкIащ. ИтIанэ гъуо Хьэнэф-лъашэ уэрамхэр къызэхижыхьащ. И лъакъуэ лъашэмкIэ хэуэу, жэщым къеса уэс Iувым хэнэу, ар кIуэрт икIи и макъ лъэщым къызэрихькIэ гуорт...
Сыт щыгъуи хуэдэу, цIыкIухэр унэхэм къызэрыщIэхат, ауэ нэхъыжьхэр зэрынэщхъейр щалъагъум, куэбжэхэм фIэмыкIыу къызэтеувыIэжащ. Абы къыхэкIыуи, Хьэнэф-лъашэ и закъуэ дыдэу уэрамхэм дэтт, уэрамыпэ къэс а жиIэр щыжиIэу. Абы къыфIэщIащ къуажэдэсхэм я бжэхэр нэхъри быдэу ягъэбыдэу, пщыр къызэрыкIуэжам и хъыбарыр зэхахыну хуэмейуэ.
Абы хэту уэркъхэм я шагъдийхэм уанэхэр тралъхьэри къуажэ гъунэгъухэм щIэпхъуащ, Пщыкъан унафэ зэрищIам тету, пщыхэр ешхэефэм къраджэну. Лабэшхуэ дэс Талъустэныпщым деж кIуащ уэркъ нэхъыжьу шууищ.
Дыгъэр бгыхэм къакъуэкIыу Хуэдз псыхъуэм къыдэпса нэужь, пщы пщIантIэ хуитышхуэм, бжыхьхэм ядекIуэкIыу мафIащхьэ инхэр къыщызэщIэнащ. ПщылIхэм апхуэдэ мафIэхэм брус псохэр хадзэрт, мафIэр нэхъри уэр хъурт, гъуаплъэ лэгъупышхуэхэм я джабэхэм мафIэ бзий инхэр ебзейрт. ЛIыжь жьакIащхъуэхэм лэгъупхэм ярылъ лыр кIэлъыплъурэ ягъавэрт. А лIыжьхэм пхъэ дзасэ инхэмкIэ лы тыкъырхэр къыхахырти, къамэ маисэхэмкIэ къыгуагъэжурэ, вамэ еплъырт.
Пщым и гъунэгъухэм Iэнэхэр зэтрагъэувэрт, бзылъхугъэхэм хьэкъущыкъумрэ шхын IэфIхэмрэ трагъэувэрт, унэIут бзылъхугъэхэр а Iэнэхэм бгъэдагъэхьэртэкъым, ирагъэIэбыртэкъым. Абыхэм пщIантIэр япхъэнкIырт, пхъэ къахьырт, гуэгуэн щхьэ зэвхэмкIэ псы къыдахырт. Пщыкъани, езым и хьэщIэхэм яхуэдэ къабзэу, абыхэм ящымэхъашэрт: унэIутыр еIэбыну хуиттэкъым шхынми хьэкъущыкъуми. Арат пщыхэм къызэралъытэр.
Беипхъу пщащэхэм Iуэху я куэдт, ешхэ-ефэ джэгум зыхуагъэхьэзырырт, щыгъын нэхъыфIхэр щатIагъэрт, я щхьэцхэр яухуэнырт, дыщэ, дыжьын Iэлъынхэр, Iэпщэхъухэр, бгъэрылъхэр зыкIэралъхьэрт.
Ешхэ-ефэм зыхуигъэхьэзырырт Угъурлы дади. Абы къищэхуа шыкIэ нэхъыфI дыдэхэр и шыкIэпшынэм триукъуэдиери, мэз фо шэху иригъэфэжащ. Апхуэдэ къабзэу хуэсакъыу игъэхьэзыращ шыкIэ пшынэкъури. Абы и ужькIэ джэдыкIэ цIынэ заул ирифащ, и макъыр дахэу Iун папщIэ. Пщэдджыжьышхэу ишхар фо тIэкIурэ бжэнышэ кхъуей тыкъыррэщ. Абы трифыхьыжащ езым фIэкI нэгъуэщI зыми имыцIыху удзхэм къащIигъэвыкIа псы. Уэрэдгъуом куэд ишх хъунукъым, тыншу бэуэн папщIэ.    Зэи хуэмыдэу, егугъуу Угъурлы зыхуигъэхьэзыращ Пщыкъан хуиуса уэрэдым. А уэрэдыр абы махуэ къэс дыгъэр къыщIэмыкI щIыкIэ къэтэджурэ, иусащ, иусащ гъатхэ псом, гъэмахуэ псом, бжьыхьэ псом. ЛIыжьым къыгурыIуэрт абы и уэрэдым уэрам гъунэгъухэм дэзу цIыхур къызэредэIуэнур. Пщыхьэщхьэм пщIантIэм щызэхуэса цIыхухэм къахыхьащ Пщыкъанрэ абы и гъусэу къэкIуа уэркъхэмрэ. Ахэр зэуэ, зэрымыщIэкIэ къыдыхьащ. Пщыкъан и шым къепсыхри, и Iэщэхэм даущ ящIу, псынщIэу щIыхьащ хуабжьу гъэщIэрэщIа хьэщIэщым. Дакъикъэ зытIущ нэхъ дэмыкIыу, хабзэм тету, къэсащ Къанокъуэ Талъустэн пщышхуэр. ХьэщIэщ Iэнэм бгъэдэсхэт щIыхь зиIэ лIыжьхэр, ахэр Пщыкъан зэпиплъыхьащ, Угъурлы нэкIэ къилъыхъуэу. Ауэ джэгуакIуэр щыIэтэкъым. Ар Къанокъуэ пщышхуэм и ужькIэ къыдыхьащ, зэрыхъуамкIи, езы Пщыкъани, адрей пщыхэри Угъурлы къригъэблэгъакъым, атIэ а псоми кърагъэблэгъар езы джэгуакIуэращ. Хуабжьу егугъуу игъэхьэзыра шыкIэпшынэ цIуужыр иIыгъыу лIыжьыр къызэрыкIуар Пщыкъан езым и текIуэныгъэу къилъытащ. Угъурлы иджы япэ дыдэу пщы бжэщхьэIу ебакъуэрт, къызэрелъэIуа уэрэдыр жиIэну. Куэдрэ ар ираджащ нэгъуэщI пщыхэми, ауэ зэи яхуэкIуакъым. Ауэ мис иджы, и жьыщхьэ, ар къэкIуащ адыгэпщу щыIэ псоми я нэхъ бей, нэхъ лъэщ Пщыкъан и щытхъу игъэIуну…
 ЦIыхухэр нэжэгужэмэ, зэманыр псынщIэу макIуэ. ЩIымахуэ жэщ кIыхьыр зы напIэдэхьеигъуэу блэлъэтащ. Нэху щыщым, тхьэмадэр къэтэджри, пщIэ хуищIу, Угъурлы жриIащ:
 - ЩIыхь зыхуэтщIу, куэд зи нэгу щIэкIауэ куэд зыцIыху Угъурлы, Къанокъуэ пщышхуэр къолъэIу шэхущIэ егъэфа уи шыкIэпшынэ налъэхэм уи Iэпэхэр ялъэбгъэIэсыну, уи уэрэдыщIэр жыпIэну.
Уэрэдусым арэзыуэ и щхьэр ищIащ, щIэс псоми я нэгум уардэу иплъащ, итIанэ тхьэмадэм и нэр триубыдащ. Тхьэмадэм абы къикIыр къыгурыIуащ, икIи унафэ ищIащ пэш псоми джэгур щагъэувыIэну, пщIантIэм дэт, уэрамхэм тет псоми иджыпсту Угъурлы уэрэд зэрыжиIэнумкIэ хъыбар ирагъэщIэну. Гъуо Хьэнэф-лъашэ и тэмакъым щымысхьыжу «Уэуи-уи! Уэуи-уи!» - жиIэри ину гуоуати, бгым уэсутэ къехщ, Хуэдз псым хэуэри гъатхэм нэгъунэ мыл зэфэзэщкIэ IуищIащ.
- Уэуи-уи! - кIийрт Хьэнэф. - ЦIыхухэ, федэIу Угъурлы и уэрэдыщIэм икIи игъащIэкIэ фигу ивубыдэ.
ИхъуреягъкIэ щым щыхъум, лIыжьым и пшынэкъур шыкIэ налъэхэм иришащ, шыкIэпшынэр кIыхьу зэпишу Iуащ, итIанэ Угъурлы уэрэдыр къыхидзащ. Абы уэрэдыр мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ къыщIидзащ:
 - Мы уэрэдыр сэ Пщыкъан хуэзусащ, абы и цIэр адыгэ лъэпкъым зэи щымыгъупщэжын, Хуэдз псыр мывэ хъууэ, псыхъуэдэлъ мывэхэр псы хъууэ ежьэжыхукIэ, абы нэхьэлат ирахын папщIэ!
Губжь ин зыхэлъ и уэрэд кIыхьыр Угъурлы мыпхуэдэ псалъэкIэ иухащ:
- Яаллыхь, сэ уэ сынолъэIу, Теджэнокъуэхэ я лъэпкъыр къызытехъукIауэ жаIэу ягъэIу дыгъэмрэ мазэмрэ кIэщIу бгъэункIыфIыну!
ИужькIэ псори щым хъуащ. Япэ дыдэу къэпсэлъари джэгуакIуэращ. Абы Пщыкъан зыхуигъэзащ:
- Уэ укъызэлъэIуат Хуэдз псыр мывэ хъууэ, псыхъуэм мывэу дэлъыр псы хъууэ ежэхыху уи цIэр ящымыгъупщэн папщIэ, уэрэд пхуэзусынуи, пхуэзусащ. Си псалъэ сепцIыжакъым. Уэ уи цIэр, Пщыкъан, цIыхухэм зэи ящыгъупщэжынкъым. Абыхэм уэ ену нэхьэлат къуахынущ!
- Угъурлы, сэ зэи себэкъуэнкъым ижь лъандэрэ къэгъуэгурыкIуэ хабзэм, сыту жыпIэмэ итIанэ адыгэ псоми я Iэщэр кърахынущ. Ауэ уэ зы Iуэхугъуэ цIыкIу пщыгъупщащ - уэ къоIусэ щымыхъунур уэрэд щыжыпIэм дежщ. Уеблэмэ, уи уэрэдыр згъэщIагъуэу сыкъыхэгуоукIыу узгъэгъуащэ, узэпызуд хъунукъым. Ауэ уэ уэрэд жыIэн бухащи, иджы си IэмыщIэм уилъщ. Къамболэт, пхы ар. Ешхэ-ефэр зэфIэкIмэ, сэ абы укIыкIэ хьэлэч къыхуэзгупсысынщ, а укIыкIэр зылъагъу бгыхэр тхъуэнщи ткIууэ щIадзэнщ, си лъэпкъыр къызытехъукIа дыгъэм и бзийхэм уэсыр зэрагъэткIум хуэдэу!
ХьэщIэхэр зэбгридзу, Къамболэт лIыжьым жьэхэпкIащ, уэрэдгъуом къыщхьэщыжынуи зыми таучэл ищIакъым. Ауэ Угъурлы зэуэ щIэгуфIыкIри, и шыкIэпшынэр аргуэру къэпсэлъащ, езым уэрэд къридзащ. Къамболэт Iэнкуну къэувыIащ, лIыжьым уэрэд жеIэ: «Фефэ, фыджэгу, сэ уэрэд жысIэурэ сыдэкIыжынщ, сэ си къарури си Iэщэри уэрэдырщ. Сэ уэрэд жысIэнущ, си псэр пытыху. Сэ уэрэд щыжысIэнущ къуажэ псоми - зым сыдэкIмэ, адрейм сыдыхьэурэ. Сэ сахуэусэнущ цIыху къызэрыгуэкIхэм, - нартыху телъыджэ къэзыгъэкIхэм, Iэщ зыгъэхъухэм, унэхэр зыщIхэм, икIи ахэр сэ къыхуезджэнущ пщыуэ, уэркъыу щыIэ псоми ебэнынхэу».
Угъурлы къуажэ уэрамым ирикIуэрт, и унэм хуэкIуэжу, Пщыкъан и блыгущIэтхэр, я Iэщэр гъэпкIауэ, абы и ужь кIэщIу итт. Абыхэм ящIэрт джэгуакIуэр зэгуэр зэрешынур, гува-щIэхами и уэрэдыр зэрызэпигъэунур. ИтIанэ абыхэм пщым и унафэр ягъэзэщIэнут.

Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ