ПцIыр Iуэху джэгукъым

ГурызыгъаIуэ

2017 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м къыдэкIа Федеральнэ закон №501-ФЗ-м ипкъ иткIэ УФ-м и Уголовнэ кодексым и 205-нэ, 207-нэ статьяхэмрэ Уголовнэ-процессуальнэ кодексым и 151-нэ статьямрэ зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ. Абыхэм ягъэткIий террорист щIэпхъаджагъэ ялэжьын хуэдэу хъыбарыпцI зэрырагъащIэм къыхэкIыу яхь жэуапыр, апхуэдэу ягъэтэмэм зи гугъу тщIы щIэпхъаджагъэм хуэдэхэр зэхащIыхьыну хъыбарыпцIхэр зэбгрезыгъэххэм яхуэгъэза уголовнэ Iуэхухэр зэрызэхагъэкIыр.

Абы зэгъэзэхуэныгъэхэм ятепщIыхьмэ, псэуныгъэм егъэщIылIа IэнатIэхэм хиубыдэ IуэхущIапIэхэм, еджапIэхэм, сабий садхэм, IуэхутхьэбзэщIапIэхэм-зыгъэпсэхупIэхэм, я узыншагъэр щрагъэфIакIуэхэм, спорт зэхьэзэхуэхэр щрагъэкIуэкIхэм-къагъэуэну,  ягъэсыну, шынагъуэ зыпылъ нэгъуэщI къэхъукъащIэхэр иращIэкIыну загъэхьэзыр хуэдэу хъыбар нэпцI зэбгрезыгъэххэр жэуап нэхъ ткIийм ирашэлIэнущ: ахэр илъэси 3-м къыщыщIэдзауэ илъэси 5-м нэскIэ ягъэтIысынущ (нэхъ пIалъэ мащIэ къыщыгъэлъэгъуакъым).
Властым и органхэм я лэжьыгъэр къызэпаудын мурадкIэ зэхащIыхьа апхуэдэ щIэпхъаджагъэхэр зэхэзыщIыхьхэр ягъэтIысынущ, илъэси 6-м къыщыщIэдзауэ 8-м нэс тралъхьэнурэ. Мыбдеж цIыху щыхэкIуэдамэ е нэгъуэщI бэIутIэIу хьэлъэхэр кърикIуамэ, пIалъэр илъэси 8-м къыщыщIэдзауэ 10-м щынос.

КъБР-м и прокуратурэ.
Поделиться: