Балъкъэр Рафет: Уи анэм къыпIурилъхьа бзэмкIэ ущыпсалъэращ уи щIыналъэр!

Ди хэкуэгъухэр

Адыгэ лъэпкъым и жылэр щIыналъэ куэдым щыIэпыхуащ, и къуэпсым жыжьэ зыщиубгъуащ. АтIэми, лъэпкъыр хъума хъун папщIэ хэкупсэхэр, лъэпкъылIхэр къыхэкIын хуейщ. Зи гупсысэ адыгэм и Iуэхум хуэгъэпсам адрейхэри абы къыхуреджэ. Абы и щапхъэщ  Тыркум щыпсэу Балъкъэр Рафет.    
Адыгэшыр тхъумащ
- Ди нэхъыжьхэр хэкум къыщикIым, япэ щIыкIэ лIыкIуэ къакIуэри къэплъащ, щIы яубыдащ. Унагъуищ-плIы зэгъусэу шуууэ къэкIуат. Шы куэд къыздрахуащ Хэкум. Адыгэшыр куэдрэ мыбы щытхъумащ. Абы щыгъуэ дзэр зэрызекIуэр шыти, щIэупщIэ иIэт. Зыкъомрэ абы дыкъуэпсэукIащ. ИужькIэ щIым телэжьэным зеттыжащ.
УнагъуэкIэ шы зыдохуэ, лъэпкъ хабзэу къытхуэнауэ. Ахэр Аданарэ Истамбылрэ щыдогъэхъу. Шы къажэ лъэпкъыфIхэр къытхуохъу. Хэкум къикIахэм ящыщу япэ дыдэ хьэрычэт Iуэхум хыхьа унагъуэхэм дащыщщ дэ. ЩэкI къыщIыдогъэкI, дощэ. Хэкум сыкIуэжри, «хьэрычэт Iуэхур щыхъуну пIэрэ» жысIэу зыщысплъыхьати, къызгурыIуащ зэкIэ щэкIкIэ абы хьэрычэт зэрыщомыщIыфынур. Хэкум щыпсэухэр мыбы къокIуэри, щыгъын да хьэзырыр ирашри ящэж. Щыгъын зыдын абы щыбгъуэтынукъым, дизайнер, стилист жыхуэтIэхэр Налшык щымащIэщ. Илъэс I5 хуэдиз дэкIмэ, Iуэхум зихъуэжыну къысщохъу.
    - «Ныбжьэгъугъэ» хасэр.
- Хьэрычэт Iуэхум теухуауэ Тыркум и къалипщIым щаухуа «Ныбжьэгъугъэ» хасэм сритхьэмадэщ. Хасэм адыгэ Iуэху зэрехуэ - адыгэм къилэжьыр нэхъыбэ тщIыну дыхуейщ, ди щIалэгъуалэм IэнатIэ къахуэдгъуэтыну иужь дитщ. Пщэдей махуэм теухуащ ди гупсысэр - мыбы дыщыпсэунумэ, ди Iуэхур адэкIэ зэрыхъунум, щIэблэм я псэукIэр зэтедгъэувэным дытелэжьэн хуейщ.
Хэкур
- Илъэс 15 дэкIащ Хэкум япэу сыкъызэрихьэжрэ, абы и пэ Москва куэдрэ сыкIуат. ЗанщIэу сыунэтIащ ди лъэпкъыр къыщежьа Джылахъстэней щIыналъэм. Ди адэ-анэм сыт щыгъуи абы и хъыбар къытхуащIурэ дыкъекIуэкIати, ди тхыдэр тщIэрт, Хэку лъагъуныгъэр ди гум илът. СыщIэупщIэурэ, ди къуажэгъухэр, ди Iыхьлыхэр къэзгъуэтыжащ.
Телъыджэ сщыхъуат, си гур къигуфIыкIат тыкуэным сыщIыхьэу къэсщэхунум и уасэм анэдэлъхубзэкIэ сыщыщIэупщIам. Ар сыт и уасэт сэркIэ! ДыщыцIыкIум тыркубзэ тщIэуэ щытакъым. Тыкуэным дыщыщIыхьэнум деж, бжэм дыкъыщызэтеувыIэрти, дызыхуейр тыркубзэкIэ зэрыжытIэну щIыкIэр зэдгъэпэщт. Ар сигу къэкIыжат занщIэу. «Мис сэ си щIыр, мис сэ псэкIэ сызыпыщIар», - жысIат сигукIэ. Уи анэм къыпIурилъхьа бзэмкIэ ущыпсалъэращ уи щIыналъэр! ХэкумкIэ си гур гъэзащ. Аращ си щIалэм Кавказ щIыфIэсщар. «Уи цIэм сыт къикIыр?» жаIэу щIэупщIэIамэ, «сызэрыадыгэр къокI», яжреIэ гушхуауэ. Хъыджэбзым и цIэр  Нэрысщ.
Адыгэ щыпсэу щIыпIэ куэдым сыкIуащ,  я псэукIэр, я шыфэлIыфэр, я Iуэху зытетыр зэзгъэлъэгъуну. Зыщыпсэу къэралым и цIыхухэм ещхь хъуащ куэдыр… Зыкъомрэ захъумэжащ хэхэс адыгэхэм - я хъыджэбзхэр нэгъуэщI лъэпкъ ирамыту, нэгъущI лъэпкъым щыщ къамышэу. ИужькIэ, замыхъумэжыф хъури, бзэри ящыгъупщэжу хуежьащ. Иджы Iуэхур зэрыгужьеигъуэр къагурыIуащи, хасэхэм бзэр щрагъэщIэжыну иужь итщ. ТщIакъым, апхуэдэ дыдэу Iуэхур хэплъэгъуэ хъуну. Хамэ къэрал Iэпхъуа лъэпкъыр зэлъэIэсын папщIэ зэгъунэгъуу итIысыкIын хуейт. Зы унагъуэр зы щIыпIэм, адрейр нэгъуэщIым деж щыпсэумэ, я бынхэр зэдэмыджэгумэ, я нэхъыжьхэр зэдэмыхасэмэ, хамэбзэр къатогуплIэ.
ХамэщIым зыщытхуэхъумэну?
- ХэкIыпIэ гуэр диIэу пIэрэ жызоIэри согупсыс… Къэралым хасэшхуэ щыухуэн хуейщ, лъэпкъым и Iуэху псори абы щекIуэкIыу. Сабийхэр абы щыджэгуу, бзэр, хабзэр щызэрагъащIэу, театр щагъэлъагъуэ, конференц пэшхэр хэту, адыгэ шхыныгъуэхэр щапщэфIу, гуфIэгъуэ, гуауэ дауэдапщэхэр щыдахыу. Нэхъыщхьэр цIыхухэм абы зэман нэхъыбэ щагъэкIуэнырщ. ИджыкIэ къэралхэм щыдухуа хасэхэр цIыкIущ, зы пэш фIэкIа мыхъухэри хэтщ. Абы дапщэ щIэхуэн? Сэ сыт щыгъуи содауэ абы щхьэкIэ, зэпымыууэ а гупсысэр утыку къызолъхьэ. Сыт хуэдизу бзэмрэ хабзэмрэ демылэжьми, зи гугъу сщIа хасэшхуэхэм хуэдэхэр дымыухуэмэ, зытхуэхъумэжыну си фIэщ хъуркъым. Зэ зыдбжыжын хуейщ Iэмал имыIэу - сыт хуэдиз адыгэ дыдэу (бзэр ящIэу жыхуэсIэщ), сыт хуэдиз адыгэ ныкъуэу дыхъуми, хэт сыт хуэдэ IэнатIэ пэрытми. Ар зэуэ къызыкъуэтпхъуэту зэдгъэхъулIэфын Iуэхукъым, хуэмурэ зыкъэтпщытэжыну, зыкъэтщIэжыну аращ. Дыныкъуэкъуэн щхьэкIэкъым ар щIэтщIапхъэр, атIэ ди Iуэху зытетым и пэжыпIэм дыщыгъуэзэн папщIэщ. Адыгэр дызэдэлажьэмэ, дызэрыIыгъмэ, гуапэу дызэхущытмэ ди насыпщ.  Ди тхыдэм нэхъыбэу хэтыр гъыбзэщ, гуузщ.  Ди гъащIэм гуфIэгъуэр нэхъыбэ щыхъуныр си  си хъуэпсапIэщ.

 

 

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться: