И Iэпэм дыщэ къыпощ

Хамэ къэралхэм узыщрихьэлIэ адыгэ цIыху гу къабзэхэм, псэ хьэлэлхэм, зи адыгагъэр зыхъумэхэм уахуэза нэужь, уи гур хэмыхъуэнкIэ Iэмал иIэкъым. И дуней тетыкIэкIэ, и IэщIагъэм зэригъэдахэмкIэ дигу дыхьахэм ящыщщ Истамбыл щыпсэу Хьэткъуэ Гюльназ.

А бзылъхугъэр зыхуэмыIэзэ щыIэкъым зыхужаIэ цIыхухэм ящыщщ. И псэм и къабзагъэр и хьэл зэпIэзэрытым къигъэлъагъуэми, нэхъри щызыхэпщIэр и IэмкIэ ищIэхэм уакIэлъыплъа нэужьщ. Я унэмкIэ къыщыщIэддзэнщи, мылъкумрэ уардэунэмрэ дихьэх унагъуэкъым Хьэткъуэхэ. КъатитIу зэтет унэшхуэхэм еса дэ дгъэщIэгъуар пэшитI-щы фIэкIа мыхъу унэ цIыкIур зэрыт къатитIу зэтет лъапсэрщ.

И щхьэм унэр тетщ, гъуэжьыбзэу ларэ удз гъэгъа зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ гъэщIэрэщIауэ. Утыку цIыкIу иIэщ, Iэнэрэ шэнтрэ иту, а пщIантIэр пэгунышхуэхэм ит удз, жыг зэмыщхьхэмкIэ къегъэувэкIащ. Лъапсэм и лъабжьэ къатым уеха нэужь, псысэхэм хэт щIыпIэ гуэрым укъыщыхута хуэдэщ. КъыпцIей, хуэрэджейхэр удзыпцIэ щабэм хэтщ, а щIыпIэм къыщыкI къуацэ баринэхэр я лъабжьэм щIэгуэшауэ. Лъэс лъагъуэ кIуэцIрыкIхэм ущрикIуэкIэ, удзыпцIэм щыплъагъунущ къаз, бабыщ, бжэн, адакъэ IэрыщIхэр, жыг зэхуакум щыфIэдза гъэгъа дахэхэр. А псор зезыхьэм хадэ иIэнкъэ, бэдрэжан, нащэ, шыбжий, къуэн, къуэнтхъурей, джэдгын - дэ тцIыху щхъуантIагъэхэм нэмыщI - Гюльназ и хадэм къыщымыкI удз Тыркум щашхыу къыщIэкIынкъым. А псом махуэ къэс псы щIекIэ, йолIалIэ, уеблэмэ зэпсалъи яхэтщ.

Адыгэ цIыхубзым зэрихьэлу IэпэIэсэщ Гюльназ. Iуданэ зэмыфэгъухэмкIэ дахэу хедыкI, иухар рамэм ирегъэувэри, блынхэм фIэбдзэ хъууэ егъэхьэзыр.

- Ди ныбжьэгъу щIалэм и щхьэгъусэм хидыкIыу щыслъэгъуам занщIэу сехъуэпсат мы IэщIагъэм, - жеIэ Гюльназ. - Сэ пенсэ ныбжьым сынэсу сытIысыжа нэужь, апхуэдэ дахагъэ гуэрхэр къэгъэщIыным си зэманыр тезгъэкIуэдэну сехъуапсэрт. Ныбжьэгъу схуэхъуа а цIыхубзым селъэIури, сригъэсауэ 2008 гъэ лъандэрэ хызодыкI. ЗэращIыр уагъэлъагъумэ, адэкIэ уэ езым хуэмурэ къыбгурыIуэнущ и кIуапIэр. Iуданэхэмрэ щэкIымрэ уиIэмэ, сурэт щхъуэкIэплъыкIэ дахэм къытраха схемэр уи пащхьэ  илъмэ, жыпхъэ хьэзырым тепщIыкIыу аращ щэкIым и налъэ зэпэплIимэхэр зэблэдзауэ хэбдыкIыурэ.

Сурэтыр плъыфэ нэхъыбэу зэхэлъыху уэ пщIыри нэхъ дахэ хъунущ. Сэ, псалъэм папщIэ, Iуданэ плъыфэу 65-рэ сиIэщ. Ахэр къэзгъэсэбэпурэ махуэкIэрэ жыг жьауэм щыхызодыкI. Гухэхъуэщ щIым щыт унэ уи1эну, жьы къабзэкIэ уобауэ, щхъуантIагъэм гур хегъахъуэ, щIэх-щIэхыурэ къытхуэкIуэ хьэщIэхэм дытрагъэу. Истамбыл къалэшхуэщ, урегъэзэш, хьэуа къабзэм ущыхуозэш, зыгъэпсэхупIэ щIэх-щIэхыурэ къыболъыхъуэ. Ауэ абы пэгъунэгъу къуажэ цIыкIум щекIуэкI гъащIэр куэдкIэ къыщхьэщокI абы, уи щхьэр, уи гур, уи псэр бгъэтыншу удэсу аращ.

- Псэм фIэфIу пщIэ лэжьыгъэм ахъшэ къыщIэпхыну иужь уихьэныр къемызэгъыу къызолъытэ, - къыпещэ Гюльназ. - Сэ мы сурэтхэр схуэщэнукъым, ауэ си ныбжьэгъухэм сарыхуоупсэ, си унэм фIызодзэ. Срытеун щхьэкIэ зезгъэсауэ арами, гур хэзыгъахъуэ IэдакъэщIэкI сызэриIэм сыщогуфIыкIыж.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: