Фэилъхьэгъуэхэр щыгъуэтыгъуеймШурдым Миланэ зэрысабийрэ творчествэм пыщIащ: сурэт щIын жыпIэми, тхыпхъэщIыпхъэхэр хэдыкIынрами. Къапщтэмэ, ар анэм и лъагъуэщ зрикIуэр. Шурдым (Къанкъул) Лейлэ езыр дэрбзэрщ, и ныбжьыр илъэсипщI щыхъуам къыщыщIэдзауэ мадэ, хедыкI. - Зэрыджэгу гуащэхэм фэилъхьэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр яхуиду ди анэм иригъэжьащ гъащIэм къыщыхуэщхьэпэжа IэщIагъэр. ИужькIэ езым и щхьэм хуэдэн щIидзащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, нобэр къыздэсым дохъумэ ди анэм тхуидауэ школым дызэрыкIуэу щыта щыгъыныгъуэхэр, - дыщегъэгъуазэ Миланэ. - Ди нэхъыжьхэм зэращIэжщи, япэм гъуэтыгъуейуэ щытащ щыгъыныр. Ауэ зэрыдэ Iэмэпсымэ унагъуэ къэс яIэти, зыгуэрхэр я IэкIэ ядыжырт. Ди анэм и адэшхуэ Къанкъул Гъузер (ефэндыуэ щытащ) сыт щыгъуи щэкI ихъумэрти, ди анэм къритурэ ар а Iуэхум дригъэхьэхащ. Балигъ хъуа нэужьи ди анэм IэщIыб ищIакъым а IэщIагъэр, модельер-конструктору еджауэ алъандэрэ мэлажьэ. Къапщтэмэ, ди анэм зэи мурад иIакъым езым и IэщIагъэм зыгуэр дыхуигъэсэжыну. Абы ищIэм сыкIэлъыплъурэ сэ езыр сыдихьэхащ а лэжьыгъэм. Миланэ игу къегъэкIыж и анэм дэн щыщIидза ныбжьым езыри щитым, и ныбжьэгъу хъыджэбз цIыкIур и гъусэу, хьэпIацIэ щыгъэкIэ хьэпшып цIыкIуфэкIухэр яблэу зэрыщытар. Уеблэмэ къэхъурт абыхэм я IэдакъэщIэкIхэр гъунэгъухэм, Iыхьлыхэм тыгъэ папщIэу щрат. ИужькIэ Шурдымым зыщигъэсащ Бахъсэн къалэм дэт художественнэ школым (иджы илъэс еплIанэ хъуауэ ардыдэм егъэджакIуэу щолажьэ). КъыкIэлъыкIуэу, къиухащ КъБКъУ-м декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ и факультетыр. - Адыгэхэм пасэ зэман лъандэрэ къагъэсэбэп дыщэидэ, бэзэридэ Iэмалхэм, уагъэ щIыным я щэхухэм куууэ зыщыщыдгъэгъуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. ЕджапIэ нэхъыщхьэр къэзуха нэужь, си анэм и гъусэу фащэ здын щIэздзащ. Къапщтэмэ, сыт щыгъуи сыщIэхъуэпсырт лъэпкъ мыхьэнэ зиIэ Iуэху гуэрым селэжьыну икIи абы и лъэныкъуэкIэ узэрыгушхуэнщ адыгэ фащэм иужьрей зэманым гулъытэ хъарзынэ зэригъуэтыжар, - жеIэ Миланэ. Хъыджэбзым къехъулIэу зэдехь егъэджакIуэ IэщIагъэри и анэм и гъусэу фэилъхьэгъуэхэр хэдыкIынри («Шурдым» фIащащ къызэIуаха ательем). - ЗэрытщIэщи, адыгэхэм мыхьэнэшхуэ ирату щытащ фащэм тращIыхь дамыгъэхэм икIи ахэр зэмылIэужьыгъуэ куэду зэщхьэщыкIырт. Тхыпхъэхэм фащэр зэрагъэдахэм къищынэмыщIа, дэтхэнэми гупсысэ гуэр щIэлът, - жеIэ Миланэ. - Нэхъыбэу къэкIыгъэ, псэущхьэ теплъэхэр хадыкIырт, е геометрие щытыкIэ яIэт. Къапщтэмэ, иужьрейм нэхъ гулъытэ хуащIырт. Нэхъ цIэрыIуэу къагъэсэбэпу щыта дамыгъэхэм я гугъу пщIымэ, ар выщхьэ теплъэ зиIахэращ. Абы гупсысэшхуэ иIэу къалъытэрт - щIэныгъэрэ къарурэ къыпкърыкIыу. НэгъуэщI зы дамыгъи куэдрэ къагъэсэбэпу щытащ: хъурейм иращIыхь блэм и щхьэм бзу цIыкIу тесу, зы лъэныкъуэмкIэ бдзэжьей кIапэ пыту. Псэущхьэ зыбжанэ къыщагъэсэбэпу щыта тхыпхъэщIыпхъэхэмкIэ дунейм и къэхъукъащIэхэр кърагъэлъагъуэу арат. Апхуэдэ дамыгъэхэм ящIэлъа щIагъыбзэхэр къыщытхуеIуэтэж Накуэ Феликс и тхылъ щхьэпэм. Гу зэрылъыттэщи, ди зэманым цIыхухэм фащэ щахуэдкIэ къэкIыгъэ теплъэ зиIэ тхыпхъэщIыпхъэхэр нэхъ къыхах. Ауэ абыхэм я мыхьэнэм щIэупщIэр куэд хъууэ схужыIэнукъым. Ахэри пхуэгъэкъуэншэнукъым, сыту жыпIэмэ, абыхэм ехьэлIауэ хъыбару ди деж къэсар мащIэщ. Шурдымым и диплом лэжьыгъэми гъэщIэгъуэнагъ хилъхьэфащ. «Сigar box» фIэщыгъэмкIэ цIэрыIуэ хъуауэ щыта, пхъуантэ теплъэ зиIэ сумкэхэм хуэдэщ хъыджэбзым и лэжьыгъэр къызытрищIыкIар. «Сыщымыуэмэ, апхуэдэ япэ хьэпшыпхэр XVIII лIэщIыгъуэм къежьащ икIи нэхъапэ ахэр зезыхьэу щытар цIыхухъухэрат - тутынылъэу къагъэсэбэпу, - дыщегъэгъуазэ Миланэ. - ИужькIэ пхъуантэ плIимэ цIыкIум къу хуащIри, цIыхубзхэми ахэр кърахьэкI хъуауэ аращ. Абы лъандэрэ ар а цIэм къытенауэ къогъуэгурыкIуэ. Иджыпсту апхуэдэ сумкэхэр «Dolce Gabana» брендым къыдегъэкI. А хьэпшыпым и тхыдэр сфIэгъэщIэгъуэн хъуати, сыдихьэхыу сумкитху сщIащ. Миланэ а лэжьыгъэм и «хъэтI» зэрыхилъхьэным хущIэкъуащ икIи къехъулIащ. Хьэпшыпхэр я инагъкIи зэхуэдэкъым, я плъыфэкIи зэщхькъым, къищынэмыщIауэ, адыгэхэм я тхыпхъэщIыпхъэ зэхуэмыдэхэр дыщэидэ, бэзэридэ Iэмалхэр къигъэсэбэпурэ ахэр игъэдэхэжащ. Лъэпкъ IэщIагъэр къыхэзыха хъыджэбзым мурад куэд иIэщ, и хьэпшыпхэр зэригъэлъэгъуэнуми йогупсыс. Ди гуапэщ ахэр зригъэхъулIэну.
Поделиться:
Читать также:
14.04.2024 - 10:54 →
Куэд къэзымыгъащIэу куэд зылэжьа
10.04.2024 - 12:00 →
ЕгъэджакIуэр ящыгъупщэркъым
31.03.2024 - 09:22 →
Зыужьыныгъэм и лъагъуэм ирокIуэ
17.03.2024 - 11:10 →
Илъэс 40 гъуэгуанэ
17.03.2024 - 10:08 →
СурэтыщI, егъэджакIуэ
|