Мэздэгу адыгэхэм я деж

Гъэ къэси, хабзэ зэрыхъуам тету, Мэздэгу къалэм адыгэ зэхыхьэ щекIуэкIащ. «Мэздэгу адыгэхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къадэгъуэгурыкIуэ хабзэхэр» зыфIаща форумым хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ Республикэхэм, Ставрополь крайм икIа хьэщIэхэр. Ди республикэм щыщу  мэздэгу адыгэхэм яхыхьащ КъБР-м Граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэу Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм ЛъэпкъыбзэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Мыз Залинэ, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, журналистхэр.
ХьэщIэхэр зэхуэса нэужь, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъу Мэздэгу къалэм дэтым удз гъэгъахэр тралъхьащ.  Пщэдджыжьым щегъэжьауэ Мэздэгу ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ адыгэм къигъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэм я гъэлъэгъуэныгъэ, лъэпкъ къафэхэм щыхуагъасэ дерсхэр.
Зэхыхьэм щIидзэн и пэ къихуэу къэпсэлъахэм къыхагъэщащ зи чэзу зэIущIэм зэкъуэшхэр гуапэу зэрызэришэлIар.  Апхуэдэ зэхыхьэхэр хэгъуэгу зэмылIэужьыгъуэхэм ис адыгэхэм дэтхэнэми я щэнхабзэм, щыIэкIэ-псэукIэм зыщагъэгъуэзэнымкIэ, я дуней тетыкIэм нэIуасэ зыхуащIынымкIэ сэбэп зэрыхъур жаIащ. КъищынэмыщIауэ, зэхыхьэм къалэнышхуэ егъэзащIэ ди лъэпкъ щэнхабзэр нэгъуэщIхэм егъэцIыхуным, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным теухуауэ.
Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ егъэфIэкIуэным зэрыхэлIыфIыхьым папщIэ а махуэм ягъэлъэпIащ цIыху жыджэрхэр. Мэздэгу адыгэхэр я адэжь щIэинхэр яхъумэу хэгъуэгуитIым зэрыщыпсэур, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Ставрополь крайм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм я зэхуаку щэнхабзэ, лъэпкъ зэпыщIэныгъэхэр, зэныбжьэгъугъэ дэлъынымкIэ Мэздэгу Адыгэ Хасэм лэжьыгъэшхуэ зэрыригъэкIуэкIыр къыхагъэщащ къулыкъущIэхэм.
Зэхыхьэм купщIэ нэхъыщхьэ хуэхъуат Ставрополь крайм щыIэ «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрым и унафэщI, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Шыбзыхъуэ Юрэ и жэрдэмкIэ траха документальнэ фильмым и гъэлъэгъуэныгъэр. Фильмыр тезыха, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист ТIэш Светланэ жиIащ: «Илъэс 250-рэ и пэкIэ Джылахъстэнейм иIэпхъукIыу Тэрч и сэмэгурабгъу Iуфэм, Мэздэгу щетIысэха къэбэрдеипщхэмрэ абыхэм я блыгущIэтхэмрэ къатепщIыкIауэ нобэ а щIыналъэм ис ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ я щыIэкIэ-псэукIэм теухуа фильм техыныр япэу зигу къэкIар Ставрополь щIыналъэм щызэхэт «Адыгэхэр» шэрджэс щэнхабзэ центрым и унафэщI Шыбзыхъуэ Юрэщ. Юрэ крайм щылажьэ Лъэпкъ, къэзакъхэм я IуэхухэмкIэ и комитетым зыхуигъазэри, и мурадыр къыдаIыгъащ икIи мылъкукIэ зыкъыщIагъэкъуащ».
- Сэ апхуэдэ лъэIукIэ зыкъыщысхуигъазэм «хьэуэ» къыхэзгъэкIакъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, куэд щIауэ си хъуэпсапIэт мэздэгу адыгэхэм я IуэхущIафэ, шыфэлIыфэ, псэукIэр зыхуэдэр зэзгъэщIэну.  Махуищ щыдгъэкIуащ Мэздэгу къалэм, Азэней, Иналхьэблэ, Русское жылэхэм, - къыддогуашэ Светланэ. - Хуабжьу хъыбар куэд икIи гъэщIэгъуэн зэхуэтхьэсащ а махуэхэм. Тхыдэми дыхуеплъэкIыжащ, иджырей гъащIэри къэдгъэлъэгъуащ, я псэукIэм епха Iуэхугъуэхэри зэдгъэщIащ. Куэд щыгъуазэкъым мэздэгу адыгэхэм дин зэмыщхь зэрызэрахьэм – и ныкъуэр муслъымэнщ, и ныкъуэр чыристэнщ. Чыристэнхэм члисэр я тхьэелъэIупIэщ, муслъымэнхэр мэжджытым йокIуалIэ, ахэр зыдэт къуажэхэр гъунэгъу дыдэу зэпэщысщ. Ауэ зыщ нэхъыщхьэр – муслъымэнхэри чыристэнхэри гурэ псэкIэ адыгэщ, зэрахьэр адыгэ хабзэщ, зэрыпсалъэр адыгэбзэщ. Ахэр псори нэхъ гъунэгъу зэхуэзыщIыр адыгагъэращ. Арагъэнщ тетха фильмым купщIэ хуэхъуари. Иналхьэблэ, Азэней жылэхэм дыщыщылэжьа пIалъэ кIэщIым къриубыдэу дэ тлъэгъуащ нэхъыщIэхэм нэхъыжьым пщIэ зэрыхуащIыр, цIыхубзхэр цIыхухъухэм я гъусэу Iэнэ зэрымытIысыр, нысащIэхэр тхьэмадэр зыщIэс пэшым зэрыщIэмыхьэр, адыгэ шхыныгъуэхэр зэрапщэфIыр, нэгъуэщIхэри. Мыбыхэм зэхэгъэж яIэкъым - муслъымэнрэ чыристэнрэ жаIэу, ахэр зэрошэ, унагъуэ зэдаухуэ, зэгурыIуэу зэдопсэу. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, псом япэ ирагъэщыр я лъэпкъ зэхэщIыкIымрэ адыгагъэмрэщ, я хабзэ зехьэкIэмрэ адыгэбзэмрэщ.  
 «Адыгэхэр» шэрджэс щэнхабзэ центрым и тхьэмадэ Шыбзыхъуэ Юрэ зэрыжиIэмкIэ, фильмыр хэгъэгу зыбжанэм къарэл телевиденэмкIэ щагъэлъэгъуащ, апуэдэуи центрым  ютуб каналым фыщеплъыфынущ.
- ЩIыналъэкIэ дызэпэмыжыжьэу, ауэ ди хъыбаркIэ дызэрымыщIащэу дыкъекIуэкIащ мэздэгу адыгэхэмрэ дэрэ, - къыддогуашэ Юрий. - Ди щэнхабзэ центрыр Дунейпсо Адыгэ Хасэм хыхьа нэужь, Мэздэгу жылагъуэ зэгухьэныгъэри къыхагъэхьати, абы дыщызэрыцIыхуащ, хъыбархэр зэIэпытх хъуащ, уеблэмэ махуэшхуэхэр, зэIущIэхэр ди щхьэусыгъуэу дызэкIэлъокIуэ, дызэдолажьэ. ДызыхэпсэукI пIалъэр къэщIэрэщIэжыныгъэм и лъэхъэнэу жыпIэ хъунущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щIалэгъуалэм я лъэпкъ зэхэщIыкIыр нэхъ къэушащ, социальнэ сетьхэм хъыбар щызэIэпахыурэ, дэнэ щыпсэури зэрощIэ. Мис апхуэдэ Iуэхугъуэхэм къыхэкIыу тIэкIу нэхъ тIэщIэхуа мэздэгу адыгэхэр утыку къитшэжыну, абыхэм я хъыбар куэдым къедгъэщIэну ди мураду фильмыр техыным иужь дихьати, къыдэхъулIауэ жыпIэ хъунущ.
Мис апхуэдэу адыгэ Iуэхум жыджэру хуэлажьэ цIыхухэрщ «Мэздэгу адыгэхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къадэгъуэгурыкIуэ хабзэхэр» зэхыхьэр щIаублар. Мэздэгу Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Факъуэ Руслан лъэкI къигъанэркъым мэздэгу адыгэхэм къызыхэкIам хуэфащэу къэгъуэгурыкIуэнымкIэ, я бзэ, хабзэ, щэнхабзэ, тхыдэ яIэщIэмыхуу, щIэблэ узыншэ къащIэхъуэу псэунымкIэ.

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: