НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 4, махуэку

Урысейм щагъэлъапIэ ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэр
1742 гъэм Черкасский Алексей (адыгэпщ) дунейм ехыжащ.
1942 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат Думэн Хьэсэн.

*Дыгъэр къыщIэкIынущ сыхьэти 6-рэ дакъикъэ 44-м, къухьэжынущ сыхьэт 16-рэ дакъикъэ 53-м.
*Махуэм и кIыхьагъщ сыхьэти 10-рэ дакъикъи 9-рэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, ди республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус I2-I5, жэщым градуси 8-9 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Зэкъуэш псори зы анэм къилъхуркъым.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр