Щхьэ щIэлъэныкъуэр зэрагуэшым теухуауэ

Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, адыгэхэм пыщIэныгъэшхуэ хуаIэу щытащ кърым тэтэрхэм. А зэпыщIэныгъэхэр зэи фIы и лъэныкъуэкIэ шэщIауэ екIуэкIыу щытакъым. Кърым хъанхэм адыгэщIыр я блыгу щIагъэувэну сыт щыгъуи пылът, ар хуитыныгъэр зи гъащIэ къуэпс адыгэхэм ядэртэкъым. Абы лъыгъажэ зауэ Iэджи къикIыурэ лIэщIыгъуэ куэд екIуэкIащ. 

Зэгуэрым Кърым хъаным деж адыгэпщ гуп щыхьэщIэу абы къапиубыдащ: «Си къэралыгъуэм адыгэхэр фыкъыхэмыхьэу, си унафэм фыкъыщIэмыувэу хъунукъым!» – жиIэри. Щхьэхуитыныгъэр зи бжаблэ адыгэпщхэр абы езэгъакъым: «Дызэныбжьэгъумэ дызэныбжьэгъущ, арыншауэ, зыми и блыгу дыщIэувэнукъым!» – жаIэри. Апхуэдэ жэуапым хъаныжьыр къигъэгубжьащ, и хьэщIэхэм я ерыщагъым зэгуигъэчу. ИкIи адыгэхэм нэмыплъу къахуищIыр къигъэлъэгъуащ и гъэхьэщIэкIэмкIэ: хъаныжьым унафэ ищIащ мо «шэрджэс IумпIейхэм адрейхэм я Iэнэм къытенахэр хуахьыну». 
Апхуэдэу ящIри, зы мэл щхьэ щIэлъэныкъуэ нэхъ псэу фIэкIа зыри зыхэмылъ IэнэкIэ шхахуэр къыщIахьэ. Гупым я нэхъыжьым Iуэхур зэрымыщIагъуэр къыгурыIуауэ щхьэ щIэлъэныкъуэр къищтащ. ХьэщIэщым къэзыкIухьу щIэт тэтэрхэм адыгэбзэ зыщIэ яхэтынкIэ хъунути, тхьэкIумэр къытригъэжри, нэхъыщIэм хуишиящ: «Уи тхьэкIумэр гъэжан!» – къригъэкIыу, и IуплъэкIэмкIи къыгуригъаIуэу. ИтIанэ и пэнцIывыр къыпищIыкIри, и къуэдзэм иритащ: «МэкIэ Iэзэу щыт, сытри зэгъащIэ, сытми гу лъытэ!» – къригъэкIыу. ИужькIэ щхьэпхэтIыгур тIууэ зэгуищIыкIри, нэщIащэр пщы тхьэмадэм къыдэтIыс и ныбжьэгъу-чэнджэщэгъум иритащ: «Сыт и лъэныкъуэкIи уи нэр гъэжан, Iуэхур щIагъуэкъым!» – жыхуиIэу. Езым щхьэ куцIыр зэрылъыр къызыхуигъэнащ: «Сэ адэкIэ къэхъунум къыхэкIа зэрыхъунум сегупсысынщ, сакъын хуейщ, бэлэрыгъ хутыкъуэщ», – жыхуиIэу. 
А щIыкIэм тету, псоми псори къагурыIуауэ, хъаным и унафэкIэ тэтэр сэмэнхэм адыгэпщхэр яукIыну къащытеуэм, жэщыбгым фIэкIами, зыри жейртэкъыми, абыхэм зэрахуэфащэкIэ яIущIащ: хьэщIэщым къыщIэлъэдахэр хьэдэлъэмыж иращIыкIащ. Хъаным и цIыхухэр къызэщIэушэху, адыгэпщхэм яшхэм зрадзыжри, лIы укIыпIэм къикIащ. 
А щIыкIэм тету къела щыхъум, пщыхэм я тхьэмадэм унафэ ищIащ: «Ажалым дыкъезыгъэла щхьэ щIэлъэныкъуэ ижьыр ди гуфIэгъуэм къыщащтэрэ хъуэхъу тражыIыхьу хабзэ тхурехъу», – жиIэри. 
Нобэми щхьэ щIэлъэныкъуэм адыгэ Iэнэм щыхуащI пщIэр зыкIи нэхъ кIащхъэ мыхъуауэ лъэпкъым къыдокIуэкI. ХьэщIэнышым щыщу адыгэр нэхъапэ зэIэбыр щхьэ щIэлъэныкъуэрщ. Адыгэ хэгъуэгу псоми я дежкIэ ар нэхъыжь Iыхьэщ, зи Iыхьэри цIыхухъущ. 
ХьэщIэм хутрагъэувэр щхьэ щIэлъэныкъуэ ижьырщ, сэмэгур унагъуэм ирахыркъым. Мэл яукIауэ, гъунэгъу лIыжь Iыхьэ хуахьми, яхьыр щхьэ щIэлъэныкъуэ ижьырщ. Ар ишхыну зыхуэфащэ унагъуэм имысмэ, щхьэ щIэлъэныкъуэ сэмэгур зыми хуамыхьу, зыхуагъэфащэр къраджэри ирагъэшх. Аращ хабзэр. 
Щхьэ щIэлъэныкъуэр нышым и гъусэущ Iэнэм къыщытехьэр, якъутэу ягуэша иужь бжьэ зырыз яIэтыжри, адэкIэ лэпс къыкIэлъокIуэ, ефэ щыIэжкъым, Iэнэм кIэ игъуэтауэ ялъытэ. 
Щхьэ щIэлъэныкъуэр зыхуагъэувыр ар зи цIэкIэ яукIа хьэщIэ нэхъыжьырщ, ауэ ар хьэщIэм имыкъутэу хэгъэрей нэхъыжьым ирегъэкъутэ. Абы тхьэкIумэр къытрегъэжри, сэр къезыта щIалэм, е гупым нэхъыщIэу хэсым ирет, пэнцIывыр хьэщIэ нэхъыжьым и сэмэгурабгъумкIэ къыбгъэдэсым ирет, нэщIащэр нэхъыжьым и ижьырабгъумкIэ щыс хьэщIэ нэхъыжьым ирет, нэхъыжьым щхьэ кIуцIыр зэрылъ Iыхьэр къыхуонэ. 
Щхьэ щIэлъэныкъуэр хьэщIэм зэрыхутрагъэувэми хабзэ щхьэхуэ иIэщ. ПэнцIывыр хьэщIэм дежкIэ гъэзауэ щытын хуейщ, ауэ ар и бгъэгум иплъэу ягъэувыркъым, «ди нэхъыжьым къыбогъэпэм», – жамыIэн щхьэкIэ, атIэ хьэщIэ нэхъыжьымрэ хэгъэрей нэхъыжьымрэ я зэхуакум дэплъу е хьэщIэ нэхъыжьым и дамэ ижьымкIэ блэплъу гъэувыпхъэщ. ЩхьэпхэтIыгур хьэщIэм хуэбгъазэми: «Ди нэхъыжьым къыбогъэпыдж», – жаIэнущ. 

 

МафIэдз Сэрэбий.
Поделиться: