Зэкъуэтыныгъэм и къару лъэщ

ЩIыпIэ телъыджэ куэд иIэщ мы ЩIы хъурейм, абыхэм нэхърэ нэхъ телъыджэжщ абы щыпсэу цIыхухэр. Зы цIыхущIэ махуэм къэпцIыхуамэ, ар пщIэншэу мыкIуэдауэ жаIэ. НэгъуэщI лъэпкъ щыщ унагъуэ зэбгъэцIыхуарэ нэгъуэщI щэнхабзэ ухагъэгъуэзамэ щэ?! 

Тыркум и зы зыгъэпсэхупIэ жылэ цIыкIум щызэдгъэцIыхуат урысыбзэ фIыуэ зыщIэ унагъуэ. Доходэхэ я унагъуэм я зыгъэпсэхупIэр къызэрымыкIуэу дахэщ икIи хуэщIащ. Абы шхапIэ зэмылIэужьыгъуэу зыбжанэ яIэщ. ТIысыпIэхэр унэ кIуэцIхэми иIэщ, жыг лъабжьэхэми щIэтщ, щхьэтепхъуэ иIэу пщIантIэми удэс мэхъу. Зы шхапIэр зы дизайнерым игъэщIэращIэ къыщIэкIынщ, шэнтхэри, Iэнэхэри, тепхъуэхэри, блынхэри зэщхькъым, здэщыIэр щIыбрамэ, къегъэтIысэкIа удз, къуацэ цIыкIухэр зэмылIэужьыгъуэщ. ШхапIэхэм я щIыбагъыр теннис, баскетбол джэгупIэщ, псыгуэн дахэ иIэщ, хуабапIэм къыщыкI жыг лIэужьыгъуэ къомым нэр ягъэгуфIэ. Унагъуэм я нэхъыжьыр илъэс 78-рэ зи ныбжь Доходэ Антониощ, абы и щхьэгъусэр къэзакъ бзылъхугъэщ, Аннэщ и цIэр. Антонио къытщыгуфIыкIыу дригъэблагъэри, хъыбар гъэщIэгъуэн куэди къыджиIэжащ. 
- Сэ си адэшхуэр Польшэм къикIащ, мы дызыщIэс унэр япэ дыдэу мыбы щаухуахэм ящыщщ, илъэси 105-рэ и ныбжьщ. Истамбыл франджы лицейр къыщызуха нэужь, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзгъэгъуэтри, дзэм сыхыхьащ. Германием илъэс 35-кIэ сыщылэжьащ. Си хъыджэбзыр абы щопсэу, си щIалэр мы къуажэм хьэрычэт Iуэху щызэрихуэу щыпсэурти, дыкъыбгъэдэтIысхьэжауэ дыдоIэпыкъу, - жеIэ Антонио. 
Адампол зи хэку кърахуу щтапIэ ихьэжа ди лъэпкъэгъухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къуажэ цIыкIуу къекIуэкIащ. Ауэ 1918 гъэм Польшэ къэралыгъуэр щхьэхуитыныгъэ иIэу зэфIэувэжа нэужь, нэхъ махэ хъуауэ щытащ. Ауэ а лъэхъэнэм деж ирихьэлIэу Босфор и Iуфэ Iус жылэр лыхь куэдым я дежкIэ хэку хъуат. Езы Адамполи лыхь щэнхабзэм и хытIыгу цIыкIу хуэдэу зиужьырт. ХХ лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм я пэщIэдзэм Адампол къакIуэ гъуэгум асфальт тралъхьащ, зиужьу хуежьащ, ауэрэ лыхь къуажэ цIыкIур дуней псом къыщацIыхуащ. Зэманым къыздихь зэхъуэкIыныгъэхэм сыт щыгъуи цIыхуми къуажэми зыдахъуэж. Ди лъэпкъэгъу куэд мыбы дэкIыурэ Канадэм, Америкэм, Австралием, Германием Iэпхъуахэщ. АпщIондэху, абыхэм ящэж унэхэр тырку унагъуэхэм къагъэнэжурэ къытхэтIысхьащ. Нобэ къапщтэмэ, цIыху 600-м нэблагъэ дэсщ Адамполи, абыхэм ящыщу I00-м нэблагъэр лыхьщ. 
Мыр Тыркум и бгылъэ зыгъэпсэхупIэ нэхъыфIхэм ящыщ хъуащ, ауэ щыхъукIи, иджыри къыздэсым лыхь щэнхабзэм и курыхыу Тыркум къыщалъытэ. Къэралыр къыддэIэпыкъуурэ гъэ къэс «Дэ дылыхьщ» фестивалыр идогъэкIуэкI. Хьэрычэт Iуэху мыбы щызэтезублэ тыркухэми лыхь «плъыфэхэр» зэрахъумэным, я ухуэныгъэхэм къызэрыщагъэсэбэпыным иужь итхэщ. 
Антонио и щхьэгъусэ Аннэ къэзакъ бзылъхугъэщ. И адэшхуэр Харьков къыщалъхуащ. Езыр къыщыхъуари щыпсэуари Истамбылщ. 
- Антониорэ сэрэ Истамбыл франджы школым дыщызэдеджащ, нэгъуэщI къэралхэм дыщыпсэуащ. Иджы илъэс 20-м нэблэгъауэ мыращ ди хэщIапIэр, - дыщегъэгъуазэ Аннэ. - Тыншщ Полонезкёй ущыпсэуну, икIи лъэпкъ зэмыщхьхэр зэрыдэсым щхьэкIэ гъэщIэгъуэнщ. Мыбы щыпсэухэр тырку, урыс, поляк, украин, адыгэ жиIэу зэхадзыркъым, псори зэблагъэ зэIыхьлым хуэдэу къызэдокIуэкI. Фэ фи лъэпкъэгъу шэрджэсхэри ди цIыхугъэщ, ди ныбжьэгъущ. Ахэр фIы и лъэныкъуэкIэ къахощ псоми, хуабжьу цIыху къабзэхэщ, пэжхэщ. 

Тетя Зося и музей

Полонезкёй зыщызыплъыхьхэм абы и хъыбарымрэ дэлъ беягъымрэ къыщащIэу зы унэ цIыкIу дэтщ, илъэси 140-рэ и ныбжьу. Ар Сыбырым къикIыжауэ щыта Винсенти Риззи и унэт. Винсенти Риззи бынибл иIащ. А унэм яужь дыдэу щIэсащ Риззи унагъуэм япхъу нэхъыщIэ Софие, «Тетя Зося» цIэмкIэ щыцIэрыIуэт ар лыхьхэм я деж. И лъэпкъымрэ и хэкумрэ Iуэху купщIафIэ куэд зэрахуилэжьам папщIэ, 1975 гъэм дыжьын бгъэхэIу лъапIи къратащ абы. Езыр лIа нэужь, а унэр музейуэ яхъумэну мурад ящIри, Полонезкёй зэраухуэрэ илъэси 150-рэ щрикъум хуэзэу къызэIуахащ. 
Тетя Зося и шыпхъум и къуэ Доходэ Антонио фIыуэ ещIэж и анэ шыпхъур. Абы и жэнагъыу щытамрэ хэкупсэу и гъащIэ псор зэрихьамрэ кIыхьу къыпхутепсэлъыхьыфынущ. Музей-унэм щыфIэдза сурэтыжьхэми иджырейхэми къощ Адампол щытIыса лъэхъэнэм щыщIэдзауэ нобэ къэсыху къикIуа гъуэгуанэр, абы къеблэгъа хьэщIэ лъапIэхэр, къыщызэIуаха IуэхущIапIэхэр, псэукIэр зэрыщытар, нобэ зэрефIэкIуар. 
Тетя Зося и фэилъхьэгъуэхэр, и гъуэлъыпIэр, щыпщафIэм щыгъуэ зыIуилъхьэу щыта кIэпхыныр - куэд щIэлъщ музейм, бзылъхугъэм и дуней тетыкIам щыхьэт техъуэу. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр, Антонио къызэрыджиIэжамкIэ, къыдэкIуэтей щIэблэм анэдэлъхубзэр егъэщIэным, лъэпкъ щэнхабзэм щIэпIыкIыным Зося и гъащIэр псор зэрытригъэкIуэдарщ. «Абы и унэм сыт щыгъуи сабий макъ щызэхэпхырт, цIыхуншэ зэи хъуртэкъым, - къыддогуашэ Антонио. - Езыр зэи дэкIуатэкъыми, зэманрэ къарууэ иIар зэрыщыту и хэкумрэ и лъэпкъэгъухэмрэ ятригъэкIуэдащ». 
Полонезкёй жылэ мыиныр зыгъэдахэхэм ящыщщ лыхьхэм я тхьэелъэIупIэ члисэ иныр. Чыристэн диным къигъэув дауэдапщэ псори щызэфIагъэкI мы унэшхуэр цIыхухэм я тхьэелъэIупIэщ, къуажэдэсхэр щIэх-щIэхыурэ зэкIуалIэщ. ЩэнхабзэмкIэ унэу жылэм дэтырщ лыхьхэм я хъугъуэфIыгъуэхэм я хъумакIуэр, къыдэкIуэтей щIэблэр щэнхабзэ лъагэм щыхуагъасэр. 
Полонезкёй - Тыркумрэ Польшэмрэ я зэныбжьэгъугъэм и щапхъэ, и дамыгъэ нэс хъуащ. А къуажэ цIыкIум щытлъэгъуар XXI лIэщIыгъуэм псэу лъэпкъхэр, абыхэм зэрахьэ щэнхабзэ, дин, хабзэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрыщ зы сурэтышхуэм ещхьщ. Зым зыр щыфIэгъэщIэгъуэным и деж узэкъуэтынымкIэ къару лъэщ мэхъу.
 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: