Бурятием къыщыхожаныкI

Тхэквондо

Улан-Удэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм тхэквондомкIэ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я чемпионатрэ зэхьэзэхуэрэ. Абы хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм.

Зэпеуэм хэтащ къэралым и щIыпIэ псоми щыщ спортсмен 700-м нэблагъэ. Я ныбжьрэ хьэлъагъкIэ гуэшауэ ахэр зэхьэзэхуащ.
Дыжьын медалхэр зыIэрагъэхьащ ди лъахэгъухэу Хубуловэ Анжелэрэ  (килограмм 50-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж) Къэшэж Къантемыррэ (килограмм 45-м нэс). Ахэр къыщыхэжаныкIащ ныбжьыщIэхэм я зэпеуэм. Мыхэр я гъэсэнщ тренер цIэрыIуэхэу Кан Юрэрэ Ил Ри Кьенрэ.

КЪАУДЫГЪУ Заур.
Поделиться: