Зевс, Ахилл, Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ сымэ ягъуэта гъэсэныгъэр зэрызэщхьыр

Пасэрей алыджхэмрэ адыгэхэмрэ ныбжьыщIэхэр ягъасэу зэрыщыта щIыкIэм зэбгъапщэ хъуну куэд хэлъщ. Къапщтэмэ, Спартэм щIэблэхэр зэрыщагъасэу щытамрэ адыгэхэм къадекIуэкIа хабзэхэмрэ еджагъэшхуэхэм зэщхь куэд халъагъуэ.

Спартэр къызэзыгъэпэщахэм ящыщ Ликург (ди эрэм ипэкIэ IX-VIII лIэщIыгъуэхэм) Азие ЦIыкIум щыIащ икIи хьэтхэм, кашкэхэм я псэукIэр зыхуэдэр зригъэщIащ. Спартэм игъэзэжа иужькIэ, къэралыгъуэмрэ щIалэгъуалэр гъэсэнымрэ зытетын хуей хабзэхэр Ликург къыхилъхьащ. Езыр ящыщт Спартэм Iэпхъуа дорийхэм. Япэрейхэм хуэдэу, ахэри зауэлI нэсу щытащ. Абы къыхэкIыу я гъэсэныгъэр къанэ щымыIэу зытещIыхьар зауэ Iуэхурт.

Апхуэдэ щытыкIэм итащ адыгэ лIакъуэлIэшхэри. Абыхэми я бынхэр зыхуагъасэр зэуэнырт. Ликург етх ныбжьыщIэхэр хахуэу, шыщхьэмыгъазэу ягъэсэн папщIэ щIэн хуейхэр. ЩIалэ цIыкIухэр пасэу хуапсыхьырт щIыIэми, хуабэми, мэжэщIалIагъэми, нэгъуэщI гугъуехьхэми. Ахэр дыгъуэным, езыхэм ерыскъы къагъуэтыжыфыным хуагъасэрт. Я ныбжьыр илъэс 12 ирикъуа иужькIэ абыхэм илъэс псом ящыгъыну иратыр зы джанэ закъуэт. ЛъапцIэу икIи пцIанэу къакIухьын хуей хъурт. Нэхъыжьхэр щысу нэхъыщIэхэр псэлъэну хуиттэкъым. ЩеупщIкIэ жэуапыр кIэщIу икIи гъэхуауэ иратын хуейт. Щысабийм къыщыщIэдзауэ щIалэ цIыкIухэр Iэщэ лIэужьыгъуэ псоми хуагъасэрт.

А псоми дигу къагъэкIыж Адыгэ Хабзэм гъэсэныгъэм теухуауэ къигъэувхэр. Адыгэ лIакъуэлIэшхэм езыхэм я бынхэр япIыну хамэ унагъуэхэм иратын хуейт. Алыджхэми шэрджэсхэми сабийхэр езыхэм я унэхэм щапIу зэрыщымытам щыхьэт тохъуэ абыхэм къадекIуэкI хъыбархэр.

Дигу къэдгъэкIыжынти, Зевс, Ахилл, Адонис, Гефест, Дионис, Ясон сымэ я сабиигъуэр. Адыгэ нарт эпосым щыщ лIыхъужьхэу Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ, Щэуей, Батэрэз сыми, нэгъуэщIхэри апхуэдэ дыдэущ зэрагъэсар. А хабзэр ди деж щызекIуащ ХIХ лIэщIыгъуэр къэсыху.

Спартэм гулъытэшхуэ щыхуащIырт я къарум и мызакъуэу, ныбжьыщIэхэм я акъылми зрагъэужьыным. И ныбжьыр илъэс тIощI ирикъуамэ, щIалэр балигъ хъуауэ ябжырт. Спартэм щыщхэм тхэкIи, еджэкIи, уэрэд зыбжани зрагъэщIэн хуейт. ЩIалэ цIыкIухэр щысхьыншэу ягъэунэхурт.

ЯпэщIыкIэ щIопщкIэ яубэрэжьырт, щэIуну хуимыту. Апхуэдэ дыдэу адыгэхэми ягъасэрт я бынхэр. БалигъыпIэ иува иужь зэхуэсышхуэм абыхэм я зэфIэкIыр зыхуэдизыр къыщапщытэрт. Абы папщIэ зэхуашэсырт пщIэшхуэ зыхуащI цIыхухэр. Зэуэным зэрыхуэхьэзырри, адыгэ хабзэм зэрыхащIыкIри, езыхэм я гупсысэхэр кIэщIу икIи гъэхуауэ къызэраIуэтэфри, уэрэд зэрыжаIэфри, шым зэрытесыфри, Iэщэ лIэужьыгъуэ псори зэрагъэбзэфри къапщытэрт. Гъэунэхуныгъэм пхыкIахэрат балигъ хъуауэ къалъытэр. Апхуэдэхэм къурагъ кIыхь хухасэрт. ИтIанэ ехъуэхъурт: «… Къурагъ зэрыпхухасамкIэ дынохъуэхъу!»

Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, фыз къэзыша нэхъыжьыр и къуэш нэхъыщIэм ехъуэхъурт, «чэзур къыплъысащ» жыхуиIэу.

Спартэми сабийхэр зэхэгъэж щащIырт. Ар сымаджэмэ е лъэрымыхьмэ, яукIырт. Адыгэхэри хуабжьу ткIийуэ кIэлъыплъырт сабийм и узыншагъэм. Щыхьэту къэтхьынщ «Щэуей и сабиигъуэр» нарт хъыбарыр. Абы щыжеIэ Къанж и фыз Нэрыбгей сабий къилъхун ипэкIэ жьэгу зэщIэгъэнам тегъуалъхьэу зэрыщытар. Сабийр занщIэу мафIэм хэхуэрт. Лыгъэм хисхьэ цIыкIур кIиймэ, анэм жиIэрт: «Мыбы хуэфащэкъым сэ си къуэу щытыну, ар мафIэм ес». Апхуэдэ щIыкIэкIэ Къанж и фызым и сабиибгъури мафIэм хисхьащ.

ЕпщIанэр къыщилъхум, Сэтэней мафIэм щхьэщыхьэри, и кIэпхыныр иукъуэдиящ къалъху сабийр къипхъуэтэн папщIэ, арщхьэкIэ дунейм къытехьэр, Сэтэней и кIэр пхрисыкIри, лыгъэм и курыкупсэм хэхуащ. МафIэм илыпщIырт, арщхьэкIэ гъыртэкъым, уеблэмэ дыхьэшхырт. Ар щилъагъум, анэр гуфIащ: «ИкIэм-икIэжым, сэ схуэфэщэн къуэ къэслъхуащ, нарт хахуэ къыхэкIынущ. Къащтэ ар».

Сэтэней щIалэ цIыкIур Iуащхьэмахуэ и щыгум щипIащ. Мылым гущэ къыхищIыкIри, бгъуэнщIагъым щIигъэуващ. Анэ быдзышэ папщIэу сабийм игъуэтыр мылыпсырт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ пелуан дыдэ къищIыкIащ, балигъ хъуа иужькIэ и анэм иритыжащ. Нэрыбгей, и къару псор ирихьэлIэри, Щэуей ипIытIыну хэтащ, арщхьэкIэ и къуэр дыхьэшха къудейщ: «Хьэуэ, си анэ, сэ уэ ебгъэтIысэххэм сахуэдэкъым, зыIыгъ!» Апхуэдэ псалъэхэмкIэ Нэрыбгей и Iэр и къуэм къикъузри, ар игъэпыхьащ.

Мыбдеж щыжытIэн хуейщ, адыгэ хабзэм ипкъ иткIэ, сабийхэр гъэсэным пыщIа лэжьыгъэм зэрыжылагъуэу хэту зэрыщытар. Псалъэм и хьэтыркIэ, дэтхэнэ балигъри хуитт мыхъумыщIагъэ зэхищIыхьу гу зылъита ныбжьыщIэм дагъуэ хуищIыну. ИкIи и адэ-анэхэр я быным къыщхьэщыж хъунутэкъым. Апхуэдэхэм деж уи быным укъыщхьэщыжыныр къемызэгъ дыдэу къалъытэрт.

Зыгъэхьэзырар КЪЭБАРТ Мирэщ.
Поделиться: