Тыркуми джылахъстэнейхэр щопсэу

ХамэщIым зи адыгэ жьэгу щызыгъаблэхэм ящыщщ Тырку къэралыгъуэм ис джылахъстэнейхэр. Ахэр нэхъыбэу щыпсэур Мараш вилайетырщ.

Вилайетым и къалащхьэр лIыхъужьыцIэ зезыхьэ Кахраманмараш къалэращ. Абы адыгэ унагъуэ 1500-рэ хуэдиз дэсщ. Адыгэхэм я лъахэу къалъытэ Гёксун къалэм къедза къуажэ 50-м щIигъур. Абы щыщу 23-р адыгэ жылэщ, адыгэцIэ зезыхьэхэри яхэту - Къаншууей, Инаркъуей, Индрей, Астэмрей, Мэргъущей, ХьэпцIей, Ботэщей, Хьэзиз и къуажэ, КъуэжэкIэ, Къарэахьмэд, Анзорей Ипщэ, Анзорей Ищхъэрэ. А бжыгъэм хохьэ абазэхэ къуажиплIрэ зы убых жылэрэ.

КъищынэмыщIауэ, дагъыстэн къуажитIрэ зы шэшэн къуажэрэ гъунэгъущи, зэкъуэш хуэдэу зэбгъэдэтщ, я бзэр зырызми, я щэнхабзэр зыщ, зы хасэ йокIуалIэ.

 Иджыпсту зи ныбжь хэкIуэтахэращ а щIыпIэм нэхъ исыр, зи щIалэгъуэхэр къалэшхуэхэм Iэпхъуауэ Iуэху щащIэ, гъэмахуэм зэхуосыжри, я жылэжь зэманыр щагъакIуэ. Ди лъэпкъэгъухэр апхуэдэу зэрызэбгрыкIар зыкIи сэбэп хъуащ, адыгэр зи щIысыр нэгъуэщI лъэпкъхэм кърагъэцIыхуащ, ядэлажьэкIэрэ, ядэгъуэгурыкIуэкIэрэ. Пэжщ, ди жагъуэ зэрыхъущи, а илъэс 30-м къриубыдэу, адыгэхэм я бзэр нэхъ яIэщIэхуащ, лъэпкъ хабзэм нэхъ пэIэщIэ хъууэрэ макIуэ. Ауэ апхуэдэ щыщIэныгъэхэр ягъэзэкIуэжын мурадкIэ гъэмахуэм, цIыхухэм я зыгъэпсэхугъуэм, фестивалхэр зэхашэ.

А щIыналъэм къыщалъхуахэм ящыщу хэкум нэхъ къэкIуэрейщ нэхъыжьыфI, адвокат цIэрыIуэу Истамбыл дэс Тумэ Рэхьми. «Сэ сыкъыщалъхуари, сыкъыщыхъуари, Тыркум и джылахъстэней щIыналъэращ. Истамбыл япэ дыдэу хасэ щаухуэри, иужькIэ дэнэ адыгэ дэсми а лъагъуэм ирикIуащ, апхуэдэу къэунэхуащ дэ дызэкIуалIэу щыта Гёксун Хасэри. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуащ езыхэм захъумэжыныр, къащIэхъуэ щIэблэм адыгэбзэр ирагъэщIэныр. Сэ иджыпсту Истамбыл сыдэсщ, гъэмахуэм сыкIуэжурэ Къаншууей сыщыIэщ. МащIэщ дэсыр, ари сэ схуэдэу загъэпсхуну къекIуэлIэжхэращ», - къыддэгуэшащ Рэхьми.

Тыркум сыт хуэдэ адыгэ Iуэху къыщаIэтми, зи гуащIэ хэзылъхьэхэм ящыщщ Емуз Баязит. Ари Мараш щопсэу, лъэпкъкIэ джылахъстэней щыщщ.

 - Гёксун Адыгэ Хасэми, ар зэпхыжа КАФФЕД-ми лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI адыгэу дыкъызэтенэжын папщIэ, - жеIэ Баязит. - Адыгэ щэнхабзэр, хабзэр, бзэр ди щхьэр зэрытхъумэжын Iэмалу зэрыщытым къыдэкIуэу, адрей лъэпкъхэми закъызэредгъэцIыху Iуэхущ. Дэ сыт хуэдэ гуфIэгъуэ зэхыхьэ къетхьэжьэми, джылахъстэнейхэм нэмыщI Тыркум ис нэгъуэщI къалэхэм къикIа ди лъэпкъэгъухэри къокIуалIэ, апхуэдэуи тыркухэм яфIэгъэщIэгъуэну къытхохьэ, зэи гулъытэншэу дыкъагъанэркъым вилайет, къалэ унафэщIхэми. Зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым ди бзэр, ди хабзэр, ди пшыналъэм я дахагъыр. Ар ди щIэблэм къагурыдгъэIуэфмэ; лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр бгъэдэкIуэд зэрымыхъунур, абыхэмкIэ укъызэрацIыхур, ар уи Iэпэгъуу щытмэ, хамэхэм уазэрыхэмыгъуэщэнур зыхащIыкIыу едгъасэмэ, зэи дыкIуэдыжынукъым. Псом хуэмыдэу апхуэдэ гукъэкI ящIыну дыхуейщ еджэну, лэжьэну къалэхэм Iэпхъуа ди щIалэгъуалэм.

Адыгхэр хамэхэм яхэмышыпсыхьыжынымкIэ гугъэ уэзыгъэщIщщ иужьрей лъэхъэнэм къэрал унафэщIхэм лъэпкъ мащIэхэм гулъытэ хэха хуащI зэрыхъуар. Ар къыхигъэщащ псэлъэгъу тхуэхъуа Бэязити.

- Кахраманмараш къалэм и Iэтащхьэхэр Мараш вилайетым къепха адыгэ къуажэхэм кIуэуэ, абы дэсхэм я псэукIэр зрагъэлъагъуу, я гурыгъу-гурыщIэхэм зыщагъэгъуазэу я хабзэщ. Абыхэм жаIэ зэпытщ илъэс мин хъуауэ лъэпкъ зэхуэмыдэхэр щыпсэу мы хэкум псори дрицIыхуу зэрыщытыр. Апхуэдэу зэгуэр къытхыхьа тырку унафэщIым ди гуапэ ищIат мыр жиIэри: «Адыгэхэм сэ фIыуэ сыкъацIыху, илъэс къэс лъэпкъым ехьэлIа щэнхабзэ фестивалхэр зэгъусэу идогъэкIуэкI. Къапщтэу щытмэ, сэ езым Кавказ лъэпкъхэм куэд щIауэ лъагъуныгъэ яхузиIэщ. Сэ Iуэхугъуэ куэдым срагъэблагъэ. Абыхэм сыщыкIуи, сыхунэмысу къыщызгъани къохъу. Ауэ адыгэхэм срагъэблэгъауэ зэи къэзгъэнакъым, уеблэмэ сыхуэпIащIэу апхуэдэщ ди зэIущIэм. Ар къызыхэкIыр сыт жыпIэмэ, дызэджа тхылъхэм, тлъэгъуахэм, зыхэтхахэм тепщIыхьмэ, адыгэхэр лIыгъэшхуэ зыхэлъ, цIыхуфI лъэпкъщ. Сытым дежи я гур зэIухауэ апхуэдэщ. Тхыдэм ухэплъэжу щытми, дапщэщи пэжым и телъхьэ, щыуагъэ зыIэщIэмыкI цIыхубэщ.

Лъэпкъ зэхэгъэж зыщIым сэ срителъхьэкъым. Дэтхэнэми и бзэ, и хабзэ ихъумэжу къекIуэкIыныр ди къэралым и къулеигъэщ. Мараш къалэ КъуэкIыпIэмкIэ къикIа ди къуэш курдхэри щопсэу. НэгъуэщI лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэри дэсщ. Ахэр псори зэгурыIуэу, зэдэIуэжу апхуэдэщ. Гурэ псэкIэ дызэбгъэдэтщ жысIэмэ, пцIы супсынукъым. Адыгэхэр къапщтэмэ, илъэс мин бжыгъэм щIигъуауэ дызэдопсэур. Абы лъандэрэ зэи зыми я зэран екIакъым, тхыдэм уриплъэжми, къыщыгъэлъэгъуакъым ахэр зыгуэрым емызэгъауэ, лей кIэлъызэрахьауэ. Абы ипкъ иткIэ, ди зэхущытыкIэр фIыщ, къэкIуэнум зэгъусэу дыхуолажьэ, абы щыгъуэми щхьэж и лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр IэщIэхуркъым».

Гуапэкъэ апхуэдэ псалъэхэр къалэ унафщIым жиIэу зэхэпхыну. Абы къищынэмыщIауэ, фэри фощIэ, дэ илъэс къэс адыгэ щэнхабзэм и фестивалхэр идогъэкIуэкI. Апхуэдэ IуэхукIэ ди къуэшхэр хэкум къыщикIым дежи я къулыкъущIапIэм ирагъэблагъэри, хьэщIагъэ ирах. ДэркIэ ар пщIэщ икIи гуапагъэщ.

Мараш къалэм и парк нэхъ ин дыдэм итщ Шэрджэс Аслъэнбей и фэеплъ сыныр, уеблэмэ а жыг хадэм и цIэр зэрехьэ. Тырку къулыкъущIэхэр адыгэхэм къазэрыхущытым дэри мызэ-мытIэу дрихьэлIащ, щIыпIэ, щIыналъэ Iэтащхьэхэм дахуэзащ. Ахэр апхуэдизкIэ адыгэ хабзэмрэ адыгэ нэсым и хьэл-щэныфIхэмрэ дехьэхри, политикэ гупсысэкIэ лъэпкъ хэмылъу ди лъэпкъэгъухэм къыпхутопсэлъыхь.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: