Тыгъэм я нэхъ лъапIэр!Хы ФIыцIэ Iуфэм Iус Агуий-Шапсыгъ адыгэ къуажэм и «Шууей Хасэ» зэгухьэныгъэм и щIыналъэ зэхуаку къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэ екIуэкIащ. Абы «Шууей Хасэм» 2021 гъэм къызэригъэпэща Iуэхухэр, зыхунэсакъехъулIахэр къыщапщытэжащ, дызыхуэкIуэ илъэсы-щIэм я мурадхэр щагъэбелджылащ. ЗэIущIэм нэгъуэщI зы Iуэху дахи кърикIуащ: Хасэм хэт адыгэ шууейхэм къабгъэдэкIыу спортсмен цIэрыIуэ Игольников Михаил тыгъэ хуащIащ «ТАИК» шэщым къыщыхъуа, илъэсищ зи ныбжь къэбэрдеишыр - «Албэч» зыфIащар. Ар къытехъукIащ «Ашэбей» шым. Европэм тIэунейрэ и чемпион Игольников Михаил и анэр шапсыгъщ. Михаил адыгэ фащэ зыщитIэгъэну фIэфIщ, ди лъэпкъым и тхыдэмрэ и щэнхабзэмрэ дехьэх. Къыхуэтыр зы адыгэшти, тыгъэм щыгуфIыкIащ.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
23.04.2024 - 10:48 →
Iуащхьэмахуэ куэдым я плъапIэщ
20.04.2024 - 10:52 →
Ветеранхэм гулъытэ хуащI
|