Нэр дахьэхрэ псэр яхьэхуу

СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зе­зыхьэм иджыблагъэ къыщы-зэIуахащ  КъБР-м  и цIыхубэ  сурэтыщI Гуданаев Борис и гъэлъэ­гъуэныгъэ.   Абы  и Iэ­­дакъэ­щIэкIхэр утыку кърахьэ­ным щхьэусыгъуэ хуэхъуар Iуэху дахэщ - и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъуарщ.

Гуданаев Борис 1951 гъэм Къэ­захъстаным и Головачевкэ къуа­жэм къыщалъхуащ. 1983 гъэм        абы къиухащ ЖивописымкIэ, скульптурэмрэ архитектурэмкIэ академиеу Репин И. Е. и цIэр зезыхьэр (Ленинград), 1986 гъэм - ХудожествэхэмкIэ Урысей академием монументальнэ живописымкIэ и творческэ мастерскойр. Урысейм   и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм 1989 гъэм къыщыщIэдзауэ хэтщ, 2016 гъэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI» цIэ лъапIэр къыфIащащ. ХудожествэхэмкIэ Урысей академием щIыхь зиIэ и академикщ (2018), 1985 гъэм щегъэжьауэ ди республикэм, абы и гъунэгъу щIыналъэхэм щекIуэкIа, урысейпсо, лъэпкъ зэхуаку мыхьэнэ зиIэ гъэ­лъэгъуэныгъэхэм и IэдакъэщIэкI­хэр хэтащ.
Борис и лэжьыгъэхэм мыхьэ­нэшхуэ зэрыратым и щыхьэту, ахэр щахъумэ ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и ЩIэныгъэкъэ­хутакIуэ институтым, СурэтыщI ­гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ  А. и цIэр зезыхьэм, Ставрополь крайм СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ  и музейм, Краснодар и ЩIына­-    лъэ художественнэ музей, ап­хуэдэуи художественнэ галерее-хэм, ди къэралми нэгъуэщI хэ­гъэгухэми я коллекционерхэм я гъэ­тIылъыгъэхэм хэлъщ.
ЖыпIэнурамэ, Борис и гъащIэ псор гъуазджэм хуэлэжьэным ­триухуащ. Абы и гуащIэм къызэ­щIеубыдэ хьэуа къабзэм и жьы ­гуакIуэр къызыпих Iэдакъэ­щIэкI­хэмрэ цIыхум и хьэл-щэныр къы­зэрыбджыкI сурэтхэмрэ скульптурэр лъабжьэ зыхуэхъу лэжьыгъэхэмрэ.
Гуданаевым и къалэмыпэм къы­пыкIащ Iуащхьэмахуэ районым,  ди республикэм и щIыналъэ ­щхьэ­хуэхэм  я дахагъэр, абы и цIыху цIэрыIуэхэр наIуэу ди нэгу къыщIэзыгъэувэ лэжьыгъэхэр.
ЖытIа псом я щыхьэтщ музейм и бжэр зэрыIупхыу уи пащхьэ ­къихутэ лэжьыгъэхэр. Япэ пэшым къыщыщIэдзауэ псоми щIэплъагъуэр нэр дэзыхьэх, псэр зыхьэху защIэщ. Плъыфэбэу зэщIэжьыуэ удз гъэгъахэмрэ пхъэщхьэмыщ­хьэ­­хэмрэ уи гур гуфIэгъуэрэ дэрэ­жэгъуэкIэ ягъэнщI, цIыху щхьэ­хуэхэм, КъБР-м и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ яхэту, я су-рэтхэм гушхуэныгъэ къыпхалъхьэ, философие гупсысэ куу зы­щIилъ­хьа IэдакъэщIэкIхэми «къыб­­жаIэр», гугъуехь лъэпкъ хэ­мылъу, къыбгуроIуэ. «Жэнэтым кърахуахэр», «Лъы­пэ къигъэкIын», «Уэшх нэу­жьым», «Пщыхьэщхьэ», нэгъуэщI­хэ­ми я фIэщыгъэм къагъэлъагъуэ абыхэм псоми нэхугъэ гуэр­рэ гуп­сысэ куурэ зэращIэлъыр.
- ФэрыщIагъ лъэпкъ хэмылъу жысIэнщи, Гуданаев Борис сэ нэхъыфI дыдэу слъагъу сурэтыщIхэм ящыщ зыщ, - жиIащ зэIущIэр къы­щызэIуихым КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. - Псом хуэмыдэжу сыдехьэх абы плъыфэхэр зыми емыщхьу къызэригъэсэбэпым, зэрызэхилъ­хьэм. УзыIэпешэ, узрегъэплъ, узы­щIегъэгупсысыж… аракъэ нэхъыщхьэу гъуазджэм хэлъри?! Сурэтхэр ар зыщIам ещхьу къызолъытэ сэ. Борис езыр цIыхуфIщ, цIыху хуабэщ, цIыху щабэщ, аращ и сурэтхэми гуапагъэ мыкIуэщIыр къащIыпкърыкIыр.
АдэкIэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я ­зэгухьэныгъэм и правленэм и тхьэмадэ Темыркъан Геннадий, ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэмкIэ упол­­номоченнэу КъБР-м щыIэ, Гуданаевым и ныбжьэгъуфI Зумакулов Борис, ди республикэм и ТхакIуэхэм я союзым и правленэм и тхьэмадэ Беппаев МутIэлип, коллекционер Локьяев Рашид сымэ. Абыхэм зыжьэу жаIащ мы гъэлъэгъуэныгъэр Гуданаевым ­къилэжь пщIэм зэриIыхьэ ма-щIэр, и сымаджагъэм къыхэкIыу зэIущIэм къызэрыримыхьэлIэфар абы и жагъуащэ зэрыхъур, екIуу, дахэу зэрекIуэкIар зэрыхуаIуэтэжынур. Гъуазджэм фIыуэ хэзы­щIыкI­хэр, ар нэгъэсауэ къызыгурыIуэхэр тепсэлъыхьащ Борис  и гуа­щIэм, ар сурэтыщI Iэзэу  гуа­щIафIэу зэрыщытыр къы­ха­гъэщащ. Адрейхэм япэ къа­фIищырт и цIыхуфIагъымрэ и гу пцIанагъэмрэ. Дауэ мыхъуми, а Iуэхугъуэхэм зэкIэщIэчыпIэ яIэу           си гугъэкъым, псори щызэгъусэм     и деж тIэунейкIэ, нэхъыбэжкIэ цIыхум и мыхьэнэр багъуэу ар­къудейщ. Аращи, хужаIа псалъэ  гуапэ псори зи махуэр зыгъэлъа-пIэ IэщIагъэлIым и деж нэсыжы-ну, абыхэм гукIи псэкIи щыгуфIыкIыну дэри ди гуапэщ.
Къыхэгъэщыпхъэщ Гуданаев Борис и гъэлъэгъуэныгъэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ  музейм иджы япэу къыщызэIуахыу зэрыарар. Ар екIуэкIынущ щэкIуэгъуэм и 28 пщIондэ. Мы махуэхэм къалэ­дэс­хэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ зрагъэлъагъуфыну IэдакъэщIэкIхэр, къанэ щымыIэу, уней гъэтIылъыгъэхэм хэлъ  защIэщ.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

ИСТЭПАН Залинэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться: