Гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я зыужьыныгъэм теухуауэ

Иджыблагъэ «Принт-центр» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ искусствовед Аппаевэ Жаухар «Запечатленное время» зыфIища и тхылъыр.

Лэжьыгъэр теухуащ республикэм и гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я зыужьыныгъэм и Iуэху зэIумыбзхэм, политикэ, экономикэ, социальнэ щхьэусыгъуэхэр лъабжьэ зыхуэхъухэм. Зэманым и щытыкIэр ехьэкI хэмылъу зэрыщыт дыдэм хуэдэу къигъэлъэгъуащ тхылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIам.
Тхылъым ихуащ илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм итха статьяхэр, газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуахэр, щIэныгъэ къыдэкIыгъуэхэм хагъэхьа лэжьыгъэхэр. Абы зи гугъу щищI щэнхабзэ Iуэхухэр езым и нэгу зэрыщIэкIам къищынэмыщIауэ, тхыдэр тегъэщIапIэ зэрищIым егъэбей. Аращ абыхэм я мыхьэнэмрэ купщIэмрэ нэхъри зыгъэиныр.
 «Избранные статьи об авторе книги», «Научная деятельность» Iыхьэ щхьэхуэм щызэхуэхьэсащ Аппаевэ Жаухар и щIэныгъэ, узэщIыныгъэ тхыгъэхэр. 
Тхылъыр гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ зи дунейр епха дэтхэнэми гъэщIэгъуэн зэрыщыхъунум шэч хэлъкъым. 
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: