Адыгэ-абхъазхэр зыхьэхэм къатехъукIащУрым дунеяплъэ, XV лIэщIыгъуэм и кIэухым – XVI лIэщIыгъуэм и пэм псэуа Интериано Джорджио адыгэ-абхъазхэм я пасэрей лъэпкъыжьу къалъытэ зыхьэхэр щыпсэуа щIыпIэм топсэлъыхь: «ЗЫХЬЭХЭР – апхуэдэущ а лъэпкъым урымыбзэкIи, алыджыбзэкIи, латиныбзэкIи зэреджэр. Тэтэрхэмрэ тыркухэмрэ абыхэм щатепсэлъыхькIэ, «шэрджэсхэр» жаIэ, езыхэр «адыгэкIэ» зоджэж. Абыхэм яубыд щIыналъэм Танэ (Дон) деж щрегъажьэри, Киммерий Босфорым и лъэныкъуэкIэ ирикIуэ хы Iуфэм бгъэдэту Азием нэс зеукъуэдий. Иджы абы «Боспор», «Иоанн ЛъапIэм и хыдэуапIэ», «Забак хым (абы къикIыр – Танэ) и хыдэуапIэ» хужаIэ, пасэрей зэманым Мэуэт псыпцIэкIэ еджэу щытащ (иджы – Iузэв). ХыдэуапIэм ущхьэдэхмэ, абыхэм я щIыналъэр Бусси ныджэмрэ Фазис псыежэхымрэ нэсу хы Iуфэм ирокIуэ, абдеж Абхъазым, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Колхидэм и гъунапкъэм щыгуохьэ».
Поделиться:
Читать также:
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
29.03.2024 - 12:24 →
Бийм зы гупу пэщIигъэуват
20.03.2024 - 11:17 →
Къанжал зауэм и щхьэусыгъуэр
24.02.2024 - 12:05 →
КъикIуэт зымыщIэт Къардэн Сыхьэт-Джэрий
16.02.2024 - 12:58 →
Атаман щхьэщытхъум зэрыIущIар
|