Адыгэ унагъуэ дахэ

Москва щекIуэкIащ «Илъэсым и уна­гъуэ-2021» урысейпсо зэхьэзэхуэм щыте­кIуахэр щагъэлъапIэ зэIущIэ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, абыхэм яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Къашыргъэхэ я унагъуэ дахэр.

Тэрч районым щыщ Къашыргъэхэ Зурабрэ Дианэрэ щытекIуащ зэпеуэм и «Къуажэдэс унагъуэ» лIэужьыгъуэм. КъызэгъэпэщакIуэхэм яубзыхуа хабзэхэм тету, абы хэтащ къуажэм щыпсэу, жылэм и псэуныгъэр егъэфIэкIуэным хэлъхьэныгъэ хуэзыщI, лэжьыгъэм, творчествэм, спортым, сабийхэр гъэсэным ехъулIэныгъэхэр щызиIэ унагъуэхэр.
Зурабрэ Дианэрэ унагъуэ зэраухуэрэ илъэс 17 мэхъу, сабиищ (зы щIалэрэ хъыджэбзитIрэ) яIэщ. Къашыргъэ Зураб къыхуагъэфэщащ «ФIы дыдэу и къулыкъум зэрыпэрытым ­папщIэ», «Милицэм и отличник», «Лэжьыгъэм къы­зэрыхэжаныкIам папщIэ», «Iэщэ къыщагъэсэбэп зэпэщIэтыныгъэхэм зэрыхэтам пап­щIэ», «Кавказым къулыкъу зэрыщищIам пап­щIэ» бгъэхэIухэр, КъБР-м Къэрал кIуэцI ­Iуэху­хэмкIэ и министерствэм и фIыщIэ тхылъ. ­Сабийхэм - фIыуэ зэреджэмрэ гъэсэныгъэ зэ­рахэлъымрэ къыпэкIуа щIыхь тхылъхэр.
Урысейпсо зэхьэзэхуэр Iуэхугъуитхум теу­хуауэ екIуэкIащ: «Сабий куэд щапI унагъуэ», «УнагъуэщIэ», «Къуажэдэс унагъуэ», «Унагъуэ дыщэ», «Унагъуэр хабзэхэм я хъумакIуэщ». Мы гъэм абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэ ­псоми щыщу унагъуэ мини 3-м щIигъу, фи­налым унагъуэ 366-рэ нэсащ, фIыхэм я нэхъыфIыжу 85-рэ къыхагъэщхьэхукIащ. Ап­хуэ­дэуи Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу унагъуи 5 зэпеуэм и лауреат хъуащ. 
ТекIуэныгъэ къэзыхьа унагъуэхэм диплом­хэмрэ фэеплъ саугъэтхэмрэ иратынущ. 
Урысейпсо зэхьэзэхуэр къызэрагъэпэщащ УФ-м Лэжьыгъэмрэ псэуныгъэмкIэ и министерствэмрэ ЩытыкIэ гугъум къихута сабийхэм защIэгъэкъуэнымкIэ фондымрэ. Къэрал мы­хьэнэ иIэу, «Илъэсым и унагъуэ» зэхьэзэхуэр иджы еханэу йокIуэкI. А зэманым къриубыдэу абы хэтащ къэралым и хэгъэгу псоми щыщу унагъуэ мин 18-м щIигъу. 
Зэхьэзэхуэр зыхуэгъэзар щапхъэ зытрах ­хъуну унагъуэ дахэм, щыпсэу щIыналъэм, къэрал псом я зыужьыныгъэм хуэлажьэхэм я пщIэр къэIэтыжынырщ. 

 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: