Адыгэ шууейхэм дунейпсо утыкур ягъэбжьыфIэ

Шы IуэхухэмкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм (FEI) хэIущыIу ищIащ шууейхэм илъэсым къриубыдэу къагъэлъэгъуа зэфIэкIыр. 

Урысей шууейхэм ящыщу япэ увыпIэр а сатырым щиIыгъщ Къалэ Мухьэмэд. Ар и фIыгъэщ иужьрейуэ екIуэкIа дунейпсо ­шууей зэхьэзэхуэм Мухьэмэд япэреипщIым зэрыщыхиубыдар. Къалэмрэ ар зытес Найсрэ апхуэдэ зэфIэкI къагъэлъэгъуэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ урысей шу гупым я тренер Ездэч ­Мурат. 
Шууейхэм я зэфIэкIыр къыщыгъэлъэгъуа дунейпсо рейтингым Къалэ Мухьэмэд 27-нэу итщ. АдэкIэ долъагъу Махуэ Ахьмэд (110), Сибэч Артур (147), Джатэ Щамил (158), Тау Аслъэнбэч (173), ­Хъупсырджэн Залым (228), Щоджэн Щамел (250), ЦIыпIынэ ­Ислъам (255) сымэ я цIэ-унэцIэхэр. Псори Тхьэм иригъэфIакIуэ. 

 

 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: